Ди щӏалэгъуалэм дащыхуэхъущӏэ щыӏэми, къытхуагъэгъунщ, жыдмыӏэнкӏэ ӏэмал имыӏэу, дызэрыгушхуэн фӏыгъуэ куэд ябгъэдэлъщ. Сыт хуэдэ ди нобэ щӏалэгъуалэр? Ар — щӏэблэ жыджэрщ, гурыхуэщ, жэрдэмщӏакӏуэщ, къэгъэщӏакӏуэщ, куэдым тегушхуэфрэ ипэкӏэ кӏуэтэфщ, къызыхэкӏамрэ къэзылъхуамрэ я пщӏэр зыӏэтыфщ, и лъэпкъым и тхыдэр зыхъумэфрэ иригушхуэфщ. А псоми къыгуэхыпӏэ имыӏэу ящӏыгъужщ, жьауэу ящхьэщытщ гъащӏэ гъуазэ, щапхъэгъэлъагъуэ яхуэхъу, гъэсэныгъэр къыздыщӏидзэ я нэхъыжьыфӏхэр.
Апхуэдэ щӏэблитӏщ нобэ нэӏуасэ фызыхуэтщӏынур. Си лэжьапӏэ пэшым къыщӏыхьа цӏыхухъуитӏым, Къэзэнокъуэ Хьэсэмбийрэ Кӏэдэкӏуей Казбекрэ, лӏыщӏыгъуэ ныкъуэм щӏигъу ныбжь я зэхуакуми, зэуэ гу лъыботэ а тӏум я зэхущытыкӏэ екӏум. Щӏалэм нэхъыжьым бжэр хуӏуех, ипэ ирегъэщ, ар мытӏысауэ езыр етӏысэхкъым, ипэ илъадэу псалъи къыхилъхьэкъым. Газетым и лэжьэгъу щыпкъэщ, пыщӏэныгъэшхуэ къыхузиӏэщ Къэзэнокъуэ Хьэсэмбий.
Адыгэгу зыкӏуэцӏылъ, зы цӏыху гумызагъэ щыӏэмэ, апхуэдэщ ар. Щӏыгъур и пхъурылъхущ икӏи аращ ди нобэ псалъэр зытеухуар, «Жьым щытхъуи, щӏэр къащтэ», адыгэ псалъэжьым зэрыжиӏащи. «Щӏэныгъэмрэ ӏэщӏагъэмрэ и гъуэгу гъуэмылэщ» зыхужыпӏэнщ Казбек. Щӏэныгъэфӏ зригъэгъуэтащ, и къулыкъукӏи ехъулӏащ, «хьет» щыжрегъэӏэ жылагъуэ ӏуэхуми, и ӏэнатӏэми. Черкесск къалэм щопсэу Кӏэдэкӏуейхэ Тагиррэ Белэрэ. Абыхэм я щӏалэ нэхъыжьщ Казбек. Къалэм дэт е 6-нэ курыт еджапӏэр къиухащ хъарзынэу, зыхуиунэтӏа, зытриубыда ищхьэ еджапӏэри — МОСУ-р къехъулӏащ.
Ещанэ курсым нэсауэ, я акъыл, я гупсысэ гъэтӏысакӏэ ӏуэхум бгъэдыхьэщ, зэрытегъэгушхуэри, зэныбжьэгъу зытӏущ хъууэ дзэм къулыкъу щащӏэну дэкӏащ, зэ щхьэкӏэ еджэныр зрагъэтӏылъэкӏри. Дзэм къулыкъу щищӏащ Челябинск пэмыжыжьэу, Снежинск къалэм. Апщыгъуэми адыгэ щӏалэм фӏы мыхъумэ далъэгъуакъым. Абы и щыхьэтщ къулыкъур ирихьэкӏыхункӏэ щытхъу, командованэм и фӏыщӏэ псалъэхэр иту анэ-адэм мызэ-мытӏэу къыхурагъэхьа тхыгъэхэр. Къулыкъу нэужьым Казбек институтым щеджэным пищэжащ, абы къыдэкӏуэуи и гуащӏэдэкӏ япэ лъэбакъуэхэр ичащ. Ар къыщыщӏидзащ Черкесск къалэ мэрием спортымкӏэ и комитетым. Спорт, щӏалэгъуалэ ӏуэхухэр зэдагъэкӏуатэу зэдэлэжьащ олимп чемпион цӏэрыӏуэ, ди лъахэгъу Хърачэ Муратрэ езымрэ.
Сыт апхуэдэ лэжьыгъэм къызэщӏиубыдар жэуэ упщӏэ бгъэувкӏэ, жэуапыр убгъуауэ мыхъумэ нэгъуэщӏу пхуетынукъым, ауэ кӏэщӏу жыпӏэмэ — бэнэн, бокс, футбол, волейбол, атлетикэ псынщӏэ, къинэмыщӏ сыт хуэдэ спорт зэхьэзэхуэри, абы епха ӏуэхухэри къызэригъэпэщу, и нэӏэм щӏэту лэжьащ. Щӏалэ жыджэрым гу къылъатэри, 2022 гъэм «Федеральная служба по надзору в сфере транспорта по КЧР» къулыкъум лэжьэн щыщӏидзащ. Абы щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абдеж и гуащӏэ щегъэтӏылъ, къэрал инспекторщ. Жэуаплыгъэ иным епхащ къулыкъум, абы щылажьэ къэс я гуащӏэр. Кӏэдэкӏуей Казбек къапщтэмэ, и нэӏэм щӏэтщ автотранспорт къулыкъухэр, абыхэм ягъэбыдылӏа автобусхэм, транспортхэм я щытыкӏэр, я зэтегъэпсыхьыныгъэр, гъуэгу шынагъуэншагъэм зэрыхуэхьэзырыр, дэфтэрхэр, гулъытэ хэха хуещӏ сабийхэр къезышэкӏ транспортым, гъуэгум дежи автотранспортым и зэхэзежэр щӏеплъыкӏ зэпыт. Мы къулыкъур зи унафэ щӏэтыр Москващ, федеральнэ утыкуращи, илъэс къэс и лэжьыгъэр абы и пащхьэ ирахьэри, къапщытэж. Апхуэдэ щытыкӏэри щыхьэт тохъуэ къулыкъум ихь къалэн иным.
Цӏыху гумызагъэр зы ӏуэхукӏэ къэувыӏэкъым. Апхуэдэщ Казбеки. И къулыкъу къалэнхэм пылъхьэншэу зэрапэлъэщым къыщымынэу, щӏалэгъуалэ ӏуэхухэми жыджэру хэтщ. Псалъэм папщӏэ, зыщылажьэ къулыкъум къыщызэрагъэпэща щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и пашэу щӏалэр ягъэуващ. 2024 гъэм ар хэтащ транспорт къулыкъубэзым къызэщӏиубыдэу Сочэ щекӏуэкӏа Дунейпсо щӏалэгъуалэ фестивалым. Къапщтэмэ, Урысейм къыбгъэдэкӏыу, Москва и егъэблэгъэныгъэкӏэ ди щӏалэм къыхуагъэфэща щӏыхьышхуэщ ар икӏи езыми хуэфэщэну зыкъигъэлъэгъуащ.
Ди къэралышхуэм и дэнэ хэгъуэгуи къикӏахэм къинэмыщӏауэ, хамэ къэралхэм къикӏа я лӏыкӏуэхэри зыхэта апхуэдэ утыкуихьэ иным Казбек щӏэщыгъуэ куэд, и лэжьыгъэм къыхуэсэбэпын, щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и гъерэтым хэзыгъэхъуэн мащӏэкъым къыхихар. Апхуэдэу лэжьыгъэкӏэ, щӏэныгъэкӏэ нэхъуеиншэ адыгэ щӏалэм зэрыхэгъуэгуу къызэщӏэзыубыдэ, транспорт бэзым и щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и унафэщӏу ягъэувын дзыхьри кърагъэзауэ, а дзыхьышхуэм хуэфэщэну, гъерэтыфӏ зэрихьэу и ӏуэху зэкӏэлъегъакӏуэ.
Апхуэдэ зэгухьэныгъэр лъэрыхьщ, и нэӏэрэ и гуащӏэрэ лъэныкъуэгъазэ куэду зэхокӏ: форумхэм, зэхыхьэшхуэхэм холажьэхэ, спорт, щӏалэгъуалэ политикэ, жылагъуэ ӏуэху жыпӏэми, куэд дыдэм хунос, хэгъуэгу къэс къызэщӏаубыдэу. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэр Москва утыкум ирахьэжри, зопсалъэ, зочэнджэщ, яфӏ, яхузэфӏэкӏа и лъэныкъуэкӏэ зохъуажэ, дяпэкӏэ я къалэнхэр яубзыху. Къэралым и дэнэ хэгъуэгуи къикӏа я лӏыкӏуэхэр зыхэт а зэIущIэхэр сэбэп, щӏэнгъуазэ, къулыкъум ехьэлӏа лъэныкъуэ щӏэщыгъуэхэмкIэ я зыпсыхьыпIэ мыхъукIэ къанэкъым IэщIагъэлI ныбжьыщIэмкIэ. Иджы дыдэщ Кӏэдэкӏуей Казбек Москва къыщикӏыжар. Ар «Ространснадзор»-м иригъэблагъэри, Ищхъэрэ Кавказым къыбгъэдэкӏыу утыкум итащ, къыщыпсэлъащ.
Езым иригъэкӏуэкӏа лэжьыгъэ иныр, и лэжьэкӏэ щапхъэр къыхалъытэу, абдеж КIэдэкIуей Казбек къыщыхуагъэ-фэщащ Фӏыщӏэ тхылъ. И къулыкъум дыкъыбгъэдэкӏыу жытӏэнщи, и унагъуэкӏи гуныкъуэншэщ. Умыгъэщӏэгъуэнкӏэ ӏэмал имыӏэу, къалэдэс щӏалэм адыгэбзэр фӏы дыдэу егъэшэрыуэ. Ар щӏыжытӏэращи, къалэм къыщыхъуа, щапӏа сабийхэм сабий ӏыгъыпӏэр, курыт еджапӏэр «зэран къахуэхъуу» жыдоӏэ зэпыт, бзэр быным зэримыцӏыхум апхуэдэ щхьэусыгъуэ къыхудогъуэт. Атӏэ, Кӏэдэкӏуей Казбек и нэхъыжьхэри, адэри, езым фӏыщӏэ псалъэкӏэ ноби игу къигъэкӏыжа, е 6-нэ еджапӏэм щезыгъэджа Щауэ Мэряни, — псори щхьэпащ зэрыцӏыкӏурэ бзэр ӏурылъыным, адыгэбзэм тыншу ирипсэлъэным. Езым зыкъызэриумысыжщи, и адыгэ хабзэ, тхыдэ ихъумэныр, абыхэм нэхъри щыгъуэзэныр и хъуэпсапӏэщ сыт щыгъуи, хузэфӏэкӏыуи зыри къигъанэкъым. Холажьэ лъэпкъым и Хасэм иригъэкӏуэкӏ ӏуэхухэми.
Спортыр и гущӏэм щӏэлъ ӏыхьэщи, абыи щогъуазэ, езыр хэтыну зэманкIэ лъэкӏыныгъэ имыӏэми, къыщыхъу псоми хецӏыхукӏ, хэгъуэгум щекӏуэкӏ зэхьэзэхуэхэр гулъытэншэу зэрыблимыгъэкӏыным пылъщ. «Мурад зыхуэбгъэувыжу абы нэрыгъыу ухуэкIуэмэ — псори къохъулIэнущ», — аращ Казбек и гъуэгу гъуазэр. Апхуэдэщ ди щӏалэгъуалэр. Зы нэрыбгэм, Кӏэдэкӏуей Казбек и гугъу тщӏыкӏэрэ, къэкӏуэнур зей, дызыщыгугъ ди щӏэблэщӏэр фи нэгу къыщӏэдгъэхьауэ, и ӏуэхущӏафэхэмрэ и дуней еплъыкӏэмрэ фыщыдгъэгъуэзауэ догугъэ. Ди тхыгъэр зытедухуа щӏалэм нэхъыфӏыжыр, нэхъыбэжыр, и лъэпкъри, и хэгъуэгури зэрыгушхуэн, и щӏыхьыр зыӏэтын къыпэплъэу къытщохъу. Уригъэфӏакӏуэ, уригъэхъулӏэ, Казбек! Зи жьауэ ущӏэт нэхъыжьхэр куэдрэ къыпщхьэщигъэт!
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.