№51 от 11 июля
Нэхъыжьыр гъэлъапIи…
«НЭХЪЫЖЬЫР гъэлъапIи – уи щхьэр лъапIэ хъунщ» жиIащ адыгэм… Ар шэчыншэщ. ИкIи, а хабзэ дахэм тету, иджыблагъэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр: Щнахъуэ Кърымрэ Гуэнэ Игоррэ Зеикъуэ къуажэм дэс, ныбжьышхуэм нэса БОТЭЩ Зухьэд и унагъуэм гуфIэгъуэ IуэхукIэ еблэгъащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы нанэ Iумахуэр илъэси 100 щрикъуам адыгэ газетым, си щхьэкIэ — тхыгъэшхуэ…
Щапхъэгъэлъагъуэхэщ
Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я Махуэр хэIэтыкIауэ щагъэлъэпIащ ди хэгъуэгум. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ гъэлъэпIэныгъэ пшыхьым хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. Хэгъуэгум и лIыщхьэм нагъыщэ лъапIэхэр яхуигъэфэщащ ди республикэм щыпсэу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа унагъуэ куэдым. «Си гуапэ дыдэу, илъэс 50-м щIигъуауэ зэгурыIуэу, фIыуэ зэрылъагъуу, пщIэ зэхуащIу зэдэпсэу, ди къэралым и цIыху щыпкъэхэр — бынхэмрэ…
Япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид УФ-м и Президент Путин Владимир зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм загъэубгъуным, ахэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ пщэрылъ ищIахэр зэрагъэзащIэм ирипсэлъэну и лэжьэгъухэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. «Дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ защIэгъэкъуэныр, шэч хэмылъу, япэ игъэщыпхъэу къонэ. Къэрэшей-Черкесым хэгъуэгу мылъку, мысату дэIэпыкъуныгъэу 54-рэ щолажьэ. КъинэмыщIауэ, «Хэкум и хъумакIуэ…
Зыдэплъеин щапхъэщ
Накъыгъэ (май) мазэм икIэхэм Хьэбэз къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэ Пхъэш Шэрифэ зыкъыспищIэри, хъыбар сигъэщIащ Хьэкъун Барэсбий теухуа дерс зэIуха иригъэкIуэкIын зэримурадымкIэ. Си гупсысэкIэ, си чэнджэщкIэ щIэгъэкъуэн сыхуэхъумэ зэригуапэри къызжиIащ. «Псэужамэ, мы гъэм Хьэкъун Барэсбий илъэс 85-рэ зэрырикъуну щытар, ди еджапIэм зэрыщеджар Iуэхум къыхэтлъытэкIэрэ, ди хэкуэгъу щIэныгъэлI щэджащэм и гъащIэмрэ и гуащIэдэкI лэжьыгъэмрэ…
И гъащIэр, и щIэныгъэ лъэужьыр
АДЫГЭ республикэ къэрал университетым щIэныгъэмкIэ и библиотекэм мэкъуауэгъуэм и 17-м щекIуэкIащ щIэныгъэ-практическэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Хьэкъун Барэсбий Исуф и къуэм, псэужамэ, илъэс 85-рэ зэрырикъунум. Абдеж щызэхуэсахэм пэублэ псалъэкIэ захуигъэзащ конференцыр зыгъэхьэзыра, Барэсбий и гъащIэм, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм фIы дыдэу хэзыщIыкI, абыхэм нобэкIи, дяпэкIи мыхьэнэуэ яIэр, икIи шэч хэмылъу яIэнур гурыIуэгъуэу адыгэбзэ къабзэкIэ зэпкърызыха, Адыгэ…
Хьэкъун Барэсбий! ЩIалэ дыщэ зэчий!
ХЬЭКЪУН Барэсбий хуэдэ цIыху щэджащэм хуэфэщэн псалъэ бгъуэтыну, абы ищIэфар, адыгэм щхьэкIэ хузэфІэкIар нэгъэсауэ къэбгъэлъэгъуэфыну къыщIэкIынкъым. Барэсбий цIыху къызэрыкІуэт. Ар 1941 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 9-м Хьэбэз къуажэм щыщ Хьэкъун Исуф и унагъуэм къихъухьащ. ЕджапIэр фІы дыдэу къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри Диплом плъыжькIэ къызэринэкIащ. Абдеж аспирантурэми щеджащ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат фIэщыгъэцIэ лъагэри и акъылрэ…
Адыгэ – Хьэблэр зэрыгушхуэхэр
АДЫГЭ – ХЬЭБЛЭ къуажэм и курыт еджапIэр къэзыухахэм ягъэпэжащ ерыщу зэрылэжьар, адэ – анэр къазэрыщыгугъар, егъэджакIуэхэм къыбгъэдалъхьа щIэныгъэр. «Ди гуапэу хъыбар фыдогъащIэ ди ныбжьыщIэхэм ЕГЭ-мкIэ балл лъагэхэр къызэрахьар. Апхуэдэу, Хъупсырокъуэ Белэ химиемкIэ балл 82-рэ, Дэхъу Заур урысыбзэмкIэ — 97-рэ, химиемкIэ – 93-рэ, Крымов Аслъэн химиемкIэ – 90, Джемакулов Руслан химиемкIэ – 82-рэ къахьын яхузэфIэкIащ. Фи…
ЕхъулIэныгъэфIхэр я щIэдзапIэу
ЩIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэр плъагъуныр гухэхъуэщ. Иужьрей тхьэмахуэхэм социальнэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди нэгум къыщIохуэ зэпыт курыт, ику ит, ищхьэ еджапIэхэр ехъулIэныгъэ пылъу къэзыуха щIалэгъуалэ насыпыфIэхэм я сурэтхэр. Апхуэдэхэм уи фIэщ ящI ди лъэпкъми, хэкуми я къэкIуэнур нэхуу зэрыщытынур. Хьэбэз районым щыIэ курыт еджапIэхэм щекIуэкIа къэзыпщытэж экзаменхэр мы гъэм пылъхьэншэу, хабзэкъутэныгъэ гуэри къэмыхъуу зэрекIуэкIам дыщигъигъуэзащ Хьэбэз…
IэщIагъэмкIэ нэхъыфIыр
«Кадры» лъэпкъ проектым ипкъ иту «Зи IэщIагъэкIэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэр илъэс етIуанэ хъуауэ йокIуэкI. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэщ ӏэщӏагъэм хуэӏэкӏуэлъакӏуэхэр къыхэгъэщыныр, ӏэщӏагъэхэм я пщӏэм хэгъэхъуэныр. Зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэр бадзэуэгъуэм и 30-м къыщыщӏэдзауэ шыщхьэӏум и 1 пщӏондэ Вологдэ къалэм щекIуэкIынущ. Абы ипэ къихуэу «Повар» унэтIыныгъэмкIэ зэпеуэхэр хэгъуэгухэм щекIуэкIащ. Ди республикэм а Ӏэщӏагъэмкӏэ нэхъыфӏыр щагъэбелджылащ Черкесск…
ПсэукIэ-Дахэ щызэхэта шуджэгур
Шууей IэкIуэлъакIуэхэри, балигъыпIэм имыт щIалэ жан, гурыхуэ цIыкIухэри къыхашэри бадзэуэгъуэм и 2-м ПсэукIэ-Дахэ къуажэм шуджэгу щрагъэкIуэкIащ. Ар сыт щыгъуи зэрызэхашэм хуэдэу гъэпсауэ щымыту, спорт дауэдапщэм шыгъажи хагъыхьащ. Лъэпкъ Iуэхур къехьэжьэным хэлэжьыхьащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ и Шууей Хасэмрэ. Гуапэщ лъэпкъ Iуэхум илъэс 12-13 хъу, Хьэбэзрэ ПсэукIэ-Дахэрэ щыщ щIалэщIэхэр гупитIу ягуэшу зэрызэпрагъэуар шым тесынымкIи, шэсынымкIи… Сыт…
НэхъыщIэм нэхъыжьыр и щапхъэу
Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ икърарымрэ я Махуэм республикэм и къалащхьэр зыхэта махуэщI Iуэхугъуэ дахэ куэдым языхэз хъуащ ди жылагъуэм и лъабжьэ нэхъыщхьэр — бынунагъуэхэр гъэлъэпIэныр. Черкесск къалэм щыIэ «ХытIыгу ЩхъуантIэ» паркым къыщызэрагъэпэща махуэщI утыкум ирашащ: СВО-м хэтхэм я унагъуэхэр, хуагъэфэщащ я бэшэчагъымрэ лIыгъэмрэ хуэфэщэн фIыщIэ псалъэхэр; унагъуэ зэрызэдащIэрэ юбилей илъэс бжыгъэм зэдыхуэкIуа зэщхьэгъусэхэр, лъагъуныгъэ къабзэм пэрыуэгъуи, щхьэусыгъуи…