Европэм — ещанэ увыпIэр!
Зи ныбжьыр илъэс 15-м нэмыса спортсменхэр зыхэта, Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ Европэм пашагъэр къыщыхьыным хуэгъэза спорт зэхьэзэхуэ ин накъыгъэм и 22-24 махуэхэм Болгарием хыхьэ Самоковэ къалэм щекIуэкIащ. Абы къекIуэлIащ къэрал пщIы бжыгъэм къабгъэдэкIа бэнакIуэхэр. Ди гуфIэгъуэшхуэм щIэту, Къэрэшей-Черкес Республикэм щыщ, Урысейм и командэ къыхэхам хэта бэнакIуэм – Хьэбэз районым зыщызыгъасэ ХЬЭЖМЭСТАФЭ Аслъэн домбеякъ медалыр зэпеуэм къыщилъэщащ. Аслъэн…