Щхьэ зэдмыпэсыжрэ мы псалъэхэр?
2025 гъэм ди газетым къытехуауэ щыта «Щхьэ зэдмыпэсыжрэ мы псалъэхэр?» тхыгъэм адэкIи пыдощэ. Энциклопедиехэмрэ псалъалъэхэмрэ здызэхуэхьэса https://translate.academic.ru/ интернет порталым ит псалъэ куэд тегъэщIапIэ тщIыкIэрэ, аргуэру фи пащхьэ итлъэмэ ди гуапэщ лъэпкъ щэнхабзэм и мылъку нэхъыщхьэу, дыкъызытекIыжахэм тхуахъумэу ди нобэм къынахьэса щIэин уасэншэр — гъащIэм зэзэмызэ дыдэ, уеблэмэ зэи къэдмыпсэлъ адыгэ псалъэ шэрыуэхэр, купщIафIэхэр, гъэщIэгъуэнхэр. Нэгъабэ…