ГъащIэр зэхэзыкъутэ уэу

Дызыщыпсэу щIыпIэм деж афияным пэщIэтыным зэрыпыкъуэкIым, щIалэгъуалэр абы щыхъумэнымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм, а нэщIэбжьэм пэщIэхуагъыххэхэм хэкIыпIэу яIэм зыщыдгъэгъуэзэн мурадкIэ зыхуэдгъэзащ Черкесск наркологическэ диспансерым и къулыкъу щхьэхуэм и унафэщI МАМХЭГЪ Iэмин СулътIан и къуэм. 2023 гъэ лъандэрэ диспансерыр поликлиникэм хэту, къаруущIэ игъуэтауэ къызэрагъэпэщыжауэ щытащ. Апщыгъуэм афиянафэхэмрэ фадафэхэмрэ яIэзэнымкIэ, апхуэдэхэр къэхутэнымкIэ а IуэхущIапIэм зэманым декIу лъэкIыныгъэщIэхэр щыIэ хъуащ. Iэмини апщыгъуэращ лэжьыгъэм щыпэрыувар. IэщIагъэлIым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, диспансерым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэу щытыр профилактикэ Iуэхухэращ, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я деж абы гулъытэшхуэ щыхуащI.

— Iэмин, япэрауэ, ди щIыналъэм афиянафэхэм я бжыгъэкIэ щытыкIэр зыхуэдэм зыщыдгъэгъуэзэну дыхуейт.

— Пэжыр жыпIэнумэ, илъэс кIуам щыщIэдзауэ къахьа Хабзэм тету, бжыгъэ гуэрхэр дгъэлъэгъуэну хуитыныгъэ диIэжкъым. Ахэр псори зэхуэщIащ, уеблэмэ дэр дыдэм Урысейм къыщыхьа бжыгъэхэм дыщыгъуазэкъым. Ауэ, жысIэфынущ иужьрей илъэсхэм афиянафэхэмрэ фадафэхэмрэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Абы мащIэу гурыфIыгъуэ къыдитми, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ гуэрхэр иIэнкIи хъунущ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, афияныр зезыгъакIуэхэм кIуэ пэтми лIэужьыгъуэщIэхэр къызэрагупсысым къыхэкIыу, ахэр зэрызэрахьэлIэр къэхутэнри нэхъ хьэлъэ мэхъу. Дэ хуабжьу лъэщу диIэщ апхуэдэхэр къызэрахутэр, уеблэмэ Урысейм щыщIэмытха афиян лIэужьыгъуэхэри къритхутэфу. Ауэ, афиян зезыгъакIуэхэри япIэм искъым, мэкIуатэ.

— Афиянафэхэр нэхъ мащIэ хъуным хуэгъэзауэ диспансерым и лэжьыгъэр дауэ иухуэрэ?

— ФIагъ хэлъу цIыхум и узыншагъэмрэ и гъащIэмрэ хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ профилактикэ лэжьыгъэм. Химылъасэ щIыкIэ абы упэщIэтыныр нэхъ тыншщ, Iуэхур зэIыхьа нэужь зэбгъэзэхуэжын нэхърэ. Дэри ди лэжьыгъэм и нэхъыбэ Iыхьэр зыхуэгъэзар аращ. ДиIэщ профилактикэ Iуэхум фIэкIа емылэжь пэшхэр. ХъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ медицинэ щIэплъыкIыныгъэхэмрэ зэщIыгъуу еджапIэхэм щыдогъэкIуатэ. Ди диспансерым и лэжьыгъэм Черкесск къалэращ къызэщIиубыдэр. Районхэм, сымаджэщхэм хэту, психиатр, нарколог дохутырхэм я пэшхэр щолажьэ…

Апхуэдэу, курыт еджапIэхэм, ику ит IэщIагъэ къыздыщIах еджапIэхэм ди IэщIагъэрылажьэхэр макIуэ зэпыт. Япэ щIыкIэ, балигъыпIэм нэмысахэм социальнэ тестхэр драгъэкIуэкI. Афиянафэхэм ебэнынымрэ хабзэм емызэгъыу афиян лIэужьыгъуэхэр зэрызэрагъакIуэм пэщIэтынымрэ я къэралыбэ Махуэр хуэгъэзащ цIыху цIыкIур зыгъэгумэщI а уэум гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыным, абы пэщIэхуахэм ядэIэпыкъуным. Абы къигъэлъэгъуахэм япкъ иту ахэр лIэужьыгъуищу зэхагъэкI: шынагъуэ мыин, шынагъуэ ин, шынагъуэшхуэ зиIэ гупхэр. Акъылым и лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэ пкъыгъуэ зрахьэлIауэ гурыщхъуэ зыхуащI гупхэм медицинэ къэхутэныгъэхэр драгъэкIуэкI. Ауэ, мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, апхуэдэ къэхутэныгъэхэр едгъэкIуэкIын папщIэ, IэпэкIэ щIэгъэбыдауэ, адэ-анэхэм я арэзыныгъэ щыIэн хуейщ. Жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ арэзыныгъэр нэхъыбэм къызыбгъэдэкIыр зи сабиймкIэ зигурэ зи щхьэрэ зэтелъхэращ. КъинэмыщIауэ, профилактикэ лэжьыгъэхэр щыдогъэкIуэкI социальнэ къулыкъу IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэми, абы къыщIэлъэIуу щытмэ.

— Афияным, фадэм пыщIа хъуа цIыхухэм, абыхэм я Iыхьлыхэм диспансерым сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтыну?

— IэзэкIэ зэхуэмыдэхэр зэгъэуIуауэ мыбдеж щыдогъэкIуэкI. Апхуэдэ сымаджэм пIалъэ-пIалъэкIэ гуэшауэ мыбдеж щеIэзэфынущ. Япэ щIыкIэ стационар Iэзэгъуэр: интоксикацэ зиIэ цIыхур абы къыхыдошыж, хущхъуэкIэ и Iэпкълъэпкъыр зэтыдогъэпсыхьэж. Абы къыкIэлъокIуэ медицинэ реабилитацэр. Психиатрхэр, психологхэр, психотерапевтхэр, наркологхэр, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр ядолажьэ апхуэдэ сымаджэхэм. ИужькIэ, илъэситI-щыкIэ диспансер кIэлъыплъыныгъэ сымаджэм дыдогъэкIуэкI. ДиIэщ жэщ-махуэкIэ лажьэ стационари, махуэ закъуэкIэ, амбулаторэ щытыкIэм иту къызэрагъэпэщ IэзэкIэри щагъуэтынущ абыхэм.

Жэщ-махуэкIэ здеIэзэ щIыпIэ 20 диспансерым хэтщ. МахуэкIэ лажьэ стационарым гъуэлъыпIитху хэтщ. Медицинэ Iэзэгъуэм иужькIэ Iэмал имыIэу медицинэ реабилитацэ ягъуэтын хуейщи, жэщ-махуэкIэ ари ди деж къыщызыдогъэпэщ. Апхуэдэу зэуэ нэрыбги 10 зыщIэхуэн къудамэ мэлажьэ. Щхьэхуэу амбулаторэ реабилитацэри диIэ хъуащ. Химико токсикологическэ лабо-раторэ нэгъэса, хуабжьу зэгъэпэща диIэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ Урысейм щыщIэтха афиян лIэужьыгъуэхэр, щIэмытхахэри хэту, къыхыдохыф. ЩIэуэ ди лэжьыгъэм къыхыхьахэм ящыщщ сабий зыIыгъыу зызыгъэхъужыну хьэзырхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэхэр диIэ зэрыхъуар. Сабийр иIыгъыу, фадэмрэ афиянымрэ щхьэхуимыт ищIа адэ-анэхэм Iэмал яIэщ зрагъэIэзэну. Анэм кIэлъыплъыху, сабийхэр социальнэ лэжьакIуэхэм я нэIэм щIэтщ.

— Афиянафэхэм ялажьэр къагурыIуэжу загъэхъужыну езыхэр къакIуэрэ, хьэмэрэ Iыхьлыхэм къашэрэ?

— КъыдэкIуалIэхэм я процент 20-25-ращ езым къыгурыIуэжауэ, загъэхъужыну хуейуэ щытыр. Адрейхэр я Iыхьлыхэм, псом хуэмыдэу, хеящIэм егъэзыгъэкIэ къигъакIуэхэращ. Абыхэм егъэзыгъэкIэ загъэхъужын хуейуэ къахуоув.

— Афиянафэр пхуэгъэхъужыпэрэ?

— Ар упщIэ гъэщIэгъуэнщ. Щхьэхуимыт узыщI сыт хуэдэ лIэужьыгъуэри медицинэм хуэгъэхъужыпэхэм хабжэкъым. Апхуэдэм деж «хъужыпащ» жыхуиIэ гурыIуэгъуэр къагъэсэбэп хабзэкъым. Афиянафэм уеIэза нэужьи, абы къыкIэлъыкIуэ реабилитацэ Iуэхухэри зэфIэкIа пэтми, тхылъым зэи къыщыдгъэлъагъуэкъым «хъужащ» жэуэ. Диспансерым и нэIэм щыщIигъэкIыжым деж абы тхылъ ират «ремиссие куум» хэтщ жэуэ. Абы къикIыр сыт? Афияныр иджыпсту зри мыхьэлIэж зэрыхъуаращ. Пэжщ, илъэс бжыгъэкIэ, уеблэмэ илъэс 20-кIэ абы хуэзмыгъэзэжхэри щыIэщ. Ауэ, апхуэдэхэмкIэ шынагъуэр сыт щыгъуи нэхъ инщ, афияным димыхьэхахэм нэхърэ. Ар сыт щыгъуи зэущиежу, зишыIэу, и гупсысэхэм хуэсакъыу псэуну аращ. Куэд щIауэ афияным емыплъыжу псэуа гуэрым къызжиIауэ щытащ: «Мо щхьэгъубжэр Iусхыным зыщызодзей, абы къыдэу жьым срихьэжьэнкIэ шынагъуэ щыIэщи» жери. Абыи къегъэлъагъуэ къэна и гъащIэм абы зыпыIуадзу псэун зэрыхуейр.

— Дауэ, атIэ, а уз бзаджэм зэрызыщыпхъумэфынур? Сыт адэ-анэхэм гу зылъатапхъэр?

— ЩIэплъыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, япэу афиян лIэужьыгъуэ гуэр щызрахьэлъэ пIалъэр балигъыпIэм ипэ къихуэ ныбжьращ — илъэс 12-15 щитым. Абдеж адэ-анэхэр хуабжьу сакъын хуейщ. И сабийм и жыпхэр, еджапIэм здихь тхылъ илъхьэпIэхэр щIиплъыкIыпхъэщ. Сабийм уепхъэшэкIми нэхъыфIщ, зыщхьэдэбгъэIух нэхърэ. Гу лъытапхъэщ сабийм и щытыкIэм зэрызихъуэжми. Абы узэIызыгъыхьэ афиян лIэужьыгъуэ гуащIэкIэ къыщIимыдзэнкIи мэхъу, атIэ тутын лIэужьыгъуэу, е ягъэныщкIум щыщу. Ауэ, апщыгъуэм ар къызэпомыупщIмэ, адэкIэ къыкIэлъыкIуэнур хьэлъэщ.

— Афияным зезыпщыт сабийхэр нэхъыбэм гугъу ехь унагъуэхэм къахэкIахэрауэ пIэрэ?

— Хьэуэ, апхуэдэ зэхэгъэкIыныгъэ щыIэкъым. УнагъуэфI дыдэм, зэхуэщIам къыхэкIахэри, гугъуехьым хэту псэухэми уэур Iэпэгъу зыхуэзыщIхэр къахокI. Пэжыр аращи, сабийхэр ткIийуэ нэIэм щIэгъэтын хуейщ.

— НэгъуэщIу адэ-анэхэм сыт янэпхьэсыну ухуей иджыри?

— Зэманым къыздихь, гъащIэр зыгъэтынш Iэмалхэм шынагъуэхэри къадокIуэ. Япэм афиянхэкIхэр зыIэрыбгъэхьэныр нэхъ гугъуу щытамэ, иджы куэд къагупсыс. Иджыблагъэ сыздэщыIа форумым къыщаIэтащ узыгъэгузавэ Iуэхушхуэ. Маркетплейсхэм, афиян лIэужьыгъуэ зыхэлъ пкъыгъуэхэр хьэкIэкхъуэкIэхэм ирахьэлIэ хущхъуэм хэлъу щащэ. Абы щатх упщIэхэм къагъэлъагъуэ ахэр цIыхухэм хуиту зэращэхур икIи езыхэм къызэрагъэсэбэпыр.

Сыт хуэдэ сабийми ар зыIэригъыхьэфынущи, абы кIэлъыплъыну къыхузоджэ нэхъыжьхэр. КъинэмыщIауэ, уарехьэлIэ адэкIэ-мыдэкIэ кIэрыгъэпщIа тхылъымпIэ-хъыбарегъащIэхэм, ахъшэкIэ Iуэхутхьэбзэ бгъэзэщIэфыну. Апхуэдэхэр нэхъыбэм зэпхар афиянхэкIхэр зы щIыпIэм ирахыу нэгъуэщIым хьынращ. Сабийхэр щехъуапсэ щыIэщ ахъшэ къалэжьыным. Апхуэдэу, езым къимыгъэсэбэпми, ныбжьыщIэр Iуэху мыхъумыщIэм хэшытIа мэхъу. Фысакъ!

— Упсэу, Iэмин! Дыгугъэнщ а уз хьэлъэм дримыхьэлIэну!

Епсэлъар БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *