МэлхьэпIатIэм зыщыфхъумэ

Роспотребнадзор къулыкъум къызэритымкӏэ, Урысейм щыщ цӏыху мин 337-м мэлхьэпӏатӏэр къайгуэуащ. «Согласие» страховой компанэмрэ ИНВИТРО клиникэмрэ хъыбар зэрагъэIущи, мэлхьэпӏатӏэм и етэгъуэ пӏалъэр мэлыжьыхь-мэкъуауэгъуэ мазэхэрауэ щытми, гъэмахуэр икӏыхункӏэ дысакъын хуейщ. Мэлхьэпӏатӏэмкӏэ щытыкӏэр нэхъ здызэфӏэзэрыхьыгъуэ хэгъуэгухэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэр. «Мэлхьэпӏатӏэр мэлыжьыхь-мэкъуауэгъуэ мазэхэм нэхъ ятэу щыт щхьэкӏэ, абы зыщытхъумэу дысакъын хуейщ гъэмахуэ псом», — къыхегъэщ «Согласие» страховой компанэм и ӏэщӏагъэрылажьэ Страховэ Людмилэ. Абы къыдэкӏуэу къегъэлъагъуэ мэлхьэпӏатӏэр зыхуэлъэнкӏэ хъуну гупхэм хиубыдэхэр: дачэ зиӏэхэр, жыгхадэгъэкӏхэр, мэзхъумэхэр, щакӏуэхэр, туристхэр, уэрамхэм къабзагъэм телажьэхэр. Сакъыныгъэр нэхъыбэу зыхагъэлъын хуейщ щӏыуэпсым хыхьэ, зыщызыгъэпсэху цӏыхухэм, илъэс 40-60, нэхъыбэ зи ныбжьхэм. Медицинэ ӏуэхущӏапӏэхэм захуэзыгъазэм и процент 63-р зыхуэзэр а ныбжьым итхэращ. Мэлхьэпӏатӏэр куэд щыхъу пӏалъэм гъэунэхуныгъэ медицинэ ӏуэхугъуэхэу нэхъыбэрэ ирагъэкӏуэкӏхэм щыщщ уз зэрыцӏалэ зэмылӏэужьыгъуи 4-6 къызэрахутэ ПЦР анализыр. Мэлхьэпӏатӏэр зыхуэлъа цӏыхухэм ар я щӏыфэм къыхачыжу медицинэ ӏуэхущӏапӏэхэм зыхуагъэзэнращ нэхъыбэу зытет кӏуэрабгъур. Апхуэдэу екӏуалӏэхэм я процент 73-р бзылъхугъэщ. Ахэр нэхъыбэрэ щӏыуэпсым хохьэ, жыджэру загъэпсэху. Апхуэдэ щӏыпӏэхэм: мэз лъапэхэм, удзыпцӏэхэм, гъуэгубгъухэм, кӏэнауэхэм, къуэкӏийхэм, удзыр здэкӏыр кхъэкӏуэцӏхэм, дачэхэм мэлхьэпӏатӏэр щыкуэдщ.

ИНВИТРО клиникэм хъыбар къызэритымкӏэ, Урысейм мэлхьэпӏатӏэ лӏэужьыгъуэ куэд щыӏэщ. Ахэр удзым хэсщ, гуэрэн лъахъшэхэм зыщагъэпщкӏу. Языныкъуэхэр щӏыпӏэ зэӏухахэм щопсэу, зыхуэлъэну цӏыхум, ӏэщым ещэу и ужьым итыфынущ метр зыбжанэкӏэ. Мэлхьэпӏатӏэр мыбэгъуэным и ӏэмалу удзыр щӏэх-щӏэхыурэ пывупщӏын хуейщ, ежьужьыр, гуэрэн лъабжьэхэр гъэкъэбзэныр лейкъым, щӏыпӏэм къабзагъэр щызэтеӏыгъэн хуейщ, пхъэжь, къудамэжь, кӏэрыхубжьэрыхухэр, тхьэпэ гъуахэр щызэхуэдмыхьэсу. Щӏыпӏэхэм, куэбжэхэм, бжьыхьхэм адэкӏэ метр зытӏукӏэ дыӏэбэурэ химие препарат зэхуэмыдэхэр тедутхэныр ӏэмал хъарзынэщ. «Апхуэдэ щӏыкӏэкӏэ щӏыпӏэм делэжьыным, шэч хэлъкъым, мэлхьэпӏатӏэр мащӏэ ищӏынущ, къыдэдзэкъэнкӏэ хъуныр игъэмэщӏэнущ, ауэ абы къикӏкъым дызэлэжьа щӏыпӏэм адэкӏэ мэлхьэпӏатӏэр къыщыдэмыгуэуэжыну. Арауэ щыщыткӏэ, ӏэмал пэж дыдэу дыкъэзыхъумэнури, энцефалит уз бзаджэм дыщызыхъумэнури вакцинацэращ», — жеӏэ ИНВИТРО-м уз зэрыцӏалэхэмкӏэ и дохутыр Поздняков Андрей. Мастэ хэлъхьэным и мардэхэри егъэнаӏуэ: зы мазэ-мази 7 я зэхуакуу маститӏ зыхэлъхьэн хуейщ. Иужькӏэ, илъэс текӏмэ, мастэр къытебгъэзэжу зыхэплъхьэн хуейщ, ревакцинация жыхуиӏэращ ар. Иужьыжым — илъэсищым зэ зыхэплъхьэн хуейщ. Мастэ зыхэплъхьэным и пӏалъэ нэхъыфӏу къалъытэр е бжьыхьэращ, е щӏымахуэращ. Апхуэдэ щытыкӏэр щхьэпэнущ дачэ, хадэхэлъхьэ пӏалъэхэм хуэхьэзыру цӏыхур екӏуэлӏэным. Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *