Дохутыр гумызагъэ

Щэкӏуэгъуэм и 14-м къэралым щагъэлъапӏэ фошыгъу узым пэщӏэтыным и Дунейпсо махуэр. Мы махуэм дигу къегъэкӏыж дунейм цIыхуу тетым и дэтхэнэрей епщIанэми а уз гъэтӏылъар, ди жагъуэ зэрыхъущи, къызэрыдэгъуэгурыкIуэр. Аращи, зи Iэпкълъэпкъ емыижыр, хуэсакъыр, зэрыт ныбжьым емылъытауэ, мы Iуэхум нэгъэсауэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр зригъэплъмэ, и узыншагъэр и чэзум къихутэмэ зэрынэхъыфIыр къыгурыIуэныр губзыгъагъэщ икIи тэрэзщ. Хэт, атIэ, фошыгъу узыр зищIысыр къыджезыIэфынур абы пэщIэт IэщIагъэрылажьэм къинэмыщIа? ЩыIэкъым апхуэдэ. Аращ ди гуапэу къыщIэдгъэпсэлъари КъЧР-м и эндокринологическэ диспансерым и дохутыр ныбжьыщIэ ШЫБЗЫХЪУЭ Лилианэ Аслъэнбэч и пхъур.

— Медицинэм япэ IэнатIэу щыбгъуэтам, дохутыр-эндокринологыу ущытыну щIытебубыдам тӏэкӏу и гугъу къытхуэщI, Лилианэ…

— 2016-2022 гъэхэм Ставрополь къалэм дэт медицинэ университетым сыщеджа, къэзуха нэужь, кIуэрабгъу куэдым хуэгъэпса Къэрэшей-Черкес медицинэ Купсэм участковэ терапевту щылэжьэнымрэ университетым аспирантурэр къыщыухыжынымрэ зэдэсхьащ. СыщыцIыкIу лъандэрэ сфӏэгъэщӏэгъуэнт цIыхур пшэр щIэхъум и щхьэусыгъуэр: а узыфэм узэрыпэщӏэт, зэрызыщыпхъумэ хъуну IэзэкIэхэр, гормонхэр ӏэпкълъэпкъым и лэжьыгъэм зэрыхэлӏыфӏыхьыр. Аращи, ӏэщӏагъэ къыхэхынымкIэ зы щхьэгъэузи сыхэтакъым. Медуниверситетым и еплIанэ курсым «Эндокринологиер» куууэ щызджащ, егъэджакӏуэхэр фошыгъу узымрэ щитовиднэ железам и узыфэхэмрэ къызыхэкIым апхуэдизу гурыIуэгъуэрэ дахэу къытхутепсэлъыхьти, эндокринолог умыхъуну Iэмал щыIэтэкъым. Ахэращ гъуэгу къызэзытар.

— Дауэ уи лэжьэгъуэ махуэр зэрыбухуэр, сыт уи къалэнхэм хыхьэр?

— Нэгъабэ лъандэрэ республикэм и эндокринологическэ диспансерым сридохутырщ. Си деж къакIуэ сымаджэхэм сащепсалъэкIэ къызохутэ я Iэпкълъэпкъым къайныкъуэкъур, я узыфэр къыщыхъеямрэ зынэсамрэ, сеIэзэн щIэзмыдзэ щIыкIэ езгъэкIуэкIыну къэпщытэныгъэхэри согъэбелджылы. Амбулаторэм, «Диабет лъэгу» жыхуиIэ пэшым эндокринологым и пщэрылъхэр щызэдызохь. Абы къыхэкӏыуи си лэжьэгъуэ пIалъэм сыхущIохьэ узыфэ зытелъ лъэгухэм я лъынтхуэхэм лъыр зэрекIуалIэр сэтей къэсщIынуи, хущхъуэу зрахьэлIэнур къахуистхыкIынуи.

— Уи Iэзэгъуэ хуэныкъуэу къокIуалIэхэм я Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм ехьэлIауэ нэхъыбэрэ зыIэщIагъэкI япэ нэщэнэхэм, фошыгъу узым и щӏэдзапӏэр блумыгъэкӏын папщӏэ гу зылъатапхъэхэм къытхутепсэлъыхь…

— Нэхъапэ жыIэпхъэщ фошыгъу узыр лIэужьыгъуитIу зэрыгуэшар. Япэ лIэужьыгъуэр зиӏэхэр нэхъыбэу егъэтхьэусыхэ Iур гъущIэу, псыхуэлӏэм ихьу, гъутхьэпцIым кърихуэкIыу, шхэрейуэ, ӏэпкълъэпкъым и хьэлъагъым хэщIу, къарур щIэкIыу, щӏыфэр бжьыбжьу, узыфэ зэрыцӏалэхэр щIэх къиубыду, нэм и жанагъым кIэрыхуу къызэрынэм. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр — цIыхухэм ирахьэкI зыдагъуэр зыхуахьынури ямыщIэу, сымаджэщым къыщIэмыкIыу. ЦIыхухэм я лажьэр къыщахутэм деж къыщIощ зэпыт я зэхуэдитӏым щӏигъум зы узыфэ е нэхъыбэ яӏэххэу. КъинэмыщIауэ, а псоми къыхохьэж зыми емыщхь нэщэнэхэр къагъуэтауэ: къарууншэным, ешыным, бэгу уз зэрыцӏалэхэм, лъакъуэ узхэм, нэгъуэщӏхэм епхауэ. А псоми зыщыпхъумэфынущ уи Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм зэрызихъуэжар игъуэу дохутырым епIуэтылIэмэ, зэрызыбгъэхъужынумкIэ чэнджэщхэр къеIыпхмэ.

— Фошыгъу узым и япэ, етIуанэ (СД 1/ CД 2) лIэужьыгъуэхэм я еӏэзэкIэм и бгъэдыхьэкӏэхэр сыткӏэ зэщхьэщыкӏрэ, псоми чэнджэщ зэхуэдэхэр япхьэлIэу идэрэ медицинэм, хьэмэрэ щхьэж къезэгъым елъытауэ щыт?

— СД 1-м нэхъыщхьэу узэреIэзэр инсулинотерапиеращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а узыфэм лъабжьэ хуэхъур инсулин зэрыхуримыкъуращ. СД 2-м еIэзэныр пкъыгъуэ зыбжанэу зэхэтщ: тэрэзу шхэныр, ӏэпкълъэпкъыр жыджэру гъэлэжьэныр, узыфэр зэрекIакIуэр къэлъытауэ инсулинри хэту, фошыгъур зыгъэмащӏэ хущхъуэхэр зэхьэлIэныр, хирургическэ Iэзэгъуэм (нэгъуэщIу жыпIэмэ, метаболическэ хирургием) хуэкIуэныр, абы, егъэлеяуэ пшэр хъуам и щIыфэми и кIуэцIми хьэлъэчыр къахелъхьэ. ЦIыхуу хъуар зы чэнджэщкIэ пхуэгъэхъужынукъым, дэтхэнэми и узыфэр зэхуэмыдэу мэятэ.

— Нобэ глюкозэм и лъагагъым зэрыкӏэлъыплъыр дауэ: сыт хуэдэ ӏэмалхэмрэ технологиехэмрэ хэти игъуэтыфыну иджырей зэманым, абыхэм ящыщу нэхъыфIхэр гъэбелджыла?

— Лъым и глюкозэр здынэсыр къапщытэн папщӏэ лабораторэм деж цIыхум гунэщӏу лъы хах. Глюкозэм и лъагагъым зэпымыууэ къэзыпщытэ аппаратымкIэ, фэ щӏагъым хагъэувэ датчикхэмкӏэ (сенсорхэмкӏэ) езыр-езыру къипщытэну сымаджэм чэнджэщ ират. АрщхьэкIэ абы къикIкъым лъым и глюкозэр къызэрипщ бэзхэр къызэригъэсэбэпуи, гликемием глюкометркӏэ и нэIэ тригъэтын хуэмейуэ.

— Фошыгъу уз къызэуэлIахэр егъэлеяуэ зыпэщIэхуэр сыт хуэдэ гугъуехьхэра? Сыт ахэр щымыIэн папщӏэ щIапхъэр?

— А гугъуехьхэр лъынтхуэ жьгъей дыдэхэм я бэзращ зэпхар, абы хохьэ ретинопатиер (нэм и кугъуэм уз къызэреуэлӏар), нефропатиер (жьэжьейр зэрахъуэкIын е лъыр ягъэкъэбзэн хуейщ), псантхуэ налъэхэр зэрызэIыхьар къызыхэщ полинейропатиер, лъакъуэр бдзанэ зэрыхъуар, къыплъэIэсIамэ пхуэмышэчу узу, уи лъапэхэм лъыр тэрэзу емыкIуалIэу щыхъукIэ. А къомым нэхъ шынагъуэ дыдэу хэлъыр, уэур зэгуэуа Iыхьэр памыхмэ мыхъуу къыщынэкIэщ икIи гур ишемие зыщI, щхьэ куцӏым лъыр къыщызэпызыуд, лъэпхъуамбэхэм лъынтхуэхэм я узыфэхэр къыщежьэкIэщ. Фошыгъу узыр химыгъэужьыныхьын папщIэ, щыжаIа пIалъэм фIимыгъэкIыу сымаджэм дохутырхэр зригъэплъын хуейщ: офтальмологыр, нефрологыр, неврологыр, кардиологымрэ гулъынтхуэ хирургымрэ.

— Пшхымрэ уи Iэпкълъэпкъыр зэрыбгъэлажьэмрэ ялъыта фошыгъу узыр зэрекIуэкIыр? Арамэ, дауэ икӏи сыткӏэ?

— Шэчыншэу! Щэр, нэхъыбэу псэущхьэхэм я лым къытекIаращ зи гугъу сщIыр, углевод къызэрыгуэкӏхэр, клетчаткэ зыхэлъ ерыскъыхэкӏхэр, ирикъуу къэуат зыщӏэлъ шхыныгъуэхэр зыIугъэхуэныр, Iэпкълъэпкъыр псыхьыным дакъикъэ 30 мынэхъ мащӏэ тегъэкIуэдэныр (псынщӏэу къэкӏухьыныр, псым есыныр, лъакъуэрыгъажэкIэ къэжыхьыныр, къэфэныр) хуабжьу щхьэпэщ гликемием укӏэлъыплъынымкIэ, уи ӏэпкълъэпкъым и хьэлъагъыр хэгъэщIынымкIэ, уи лыпцIэри, тхьэмщIыгъури, щэуэ птелъри инсулиныншэу бгъэпсэунымкIэ икIи уи пшэрагъым къригъэпща ныбэр ихьэжынымкIэ, уи гу-лъынтхуэр тыншу къэлэжьэжынымкIэ.

— Къэрэшей-Черкесым эндокринологиемкIэ и диспансерым щыщIэтхахэр инэхъыбэм сыт нэхъ гугъу езыгъэхьыр лэжьапӏэ щыщыIэкIэ, гъуэгу щытехьэкIэ е, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм я ягъэкIэ, щызэгуэпкIэ? Икӏи дауэ ахэр абыхэм зэрапэлъэщыр?

— Диспансерым къакIуэ дэтхэнэ зыри махуэ къэс лъэпощхьэпо куэдым хуозэ: глюкозэр здынэсыр зэпымыууэ къэпщытэным, шхэныр гъэмэщIэным, фошыгъур езыгъэх хущхъуэхэм ефэным, инсулиныр зыхэлъхьэным, лэжьэнымрэ еджэнымрэ пыщӏа гугъуехьхэр зэпэлъытыным (глюкозэр игъуэу къипщыфуи, инсулиныр игъуэу зыхилъхьэфуи), спортым щетам дежи — ишхынымрэ и ӏэпкълъэпкъыр жыджэру зэрипсыхьыну щIыкIэмрэ нэхъ пасэу зэгъэзэхуэным, лъым и глюкозэм зихъуэжынкӏэ шынагъуэ зэрыщыӏэм гу лъытэным яхуэгъэзауэ. Уи гъащIэр махуэ къэс тэрэзу зэрыббзыхум, иджырей технологие, медицинэ лъэкIыныгъэхэр къызэрыбгъэщхьэпэм, уи гъунэгъужэрэгъухэр къызэрыппыкъуэкIым елъытащ фошыгъу узым къыхэкI гугъуехьхэм я куэдагъыр зыхуэдэнур. Пшхыр къозэгъыу щытын папщIэ, узыр къыптемыхьэлъапэ щIыкIэ эндокринологым зыхуэбгъазэу уи Iэнэм тебгъэувэ хъуну шхыныгъуэхэр ебгъэтхмэ нэхъыфIщ. Зэгуэпынымрэ гузэвэнымрэ уапэлъэщыфынукъым уи жеин иримыкъуауэ, фӏыуэ плъагъу дерсхэм зэман къыхуумыгъуэтауэ, уи зэшыр къызыхэкIым теухуауэ уи дохутырым удэмыпсэлъауэ е, Iуэхур хэкIыпIэншэ хъуамэ, психологым зыхуумыгъэзауэ. Лэжьапӏэм деж нэхъ гъунэгъуу къыппыщIам къоузыр щыбущэху хъунукъым. ИкIи абыхэм Iэгъуэу щагъэлъыпхъэщ узыхуеину ӏэмэпсымэхэмрэ углевод псынщӏэхэмрэ, узрагъэфэн псы къабзэрэ узрагъэдзэкъэн ерыскъы гуэррэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр — глюкозэр здынэсар загъуэ-загъуэкIэрэ уэ къэппщытэн зэрыхуейр зыщумыгъэгъупщэнращ. ЗекIуэ уемыжьэу, спортым ухэмыту пхуэмыхьрэ, ахэри шынагъуэншэу къызэбгъэпэщыфынущ пшхымрэ къызэрыпкIухь дакъикъэ бжыгъэмрэ пасэу зэбгъэзахуэмэ, хущхъуэхэмрэ медицинэ пкъыгъуэхэмрэ здепхьэжьэмэ, гипогликемие къыщыхъукIэ, углевод псынщӏэхэр зэпхьэлIэмэ, уи Iэпкълъэпкъыр къызэщIэбгъэплъа, уи къэкIухьыныр ирикъуа нэужьи, дохутырым зэрыпхуитхам хуэдэу, инсулиныр адэкIэ здэпхъумэнум уегупсысмэ. Фошыгъу уз зиIэу псэум — и глюкозэр здынэсар къипщытэн, дохутырым и чэнджэщхэр игъэзэщӏэн зэрыхуей закъуэракъым зэгупсысыпхъэр. АтIэ абы увыIэгъуэ имыIэу и зэмани и къаруи триухуэн хуейщ и узыншагъэмрэ и психологическэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ.

— Иджыпсту диагноз зыхуагъэувагъащIэм сыткӏэ къыщӏидзэмэ, хэт зыхуигъазэмэ нэхъыфI, япэ тхьэмахуэхэм сыт и Iэмал абы?

— Сэ абы чэнджэщу естынут хуэм-хуэмурэ и дуней тетыкӏэр ихъуэжын щӏидзэну: хущхъуэу хуатхар щӏэх-щӏэхыу зрихьэлIэну, ишхым кIэлъыплъыну, и Iэпкълъэпкъыр гугъу иримыгъэхьыну, иримыгъэзэшыну. Ар эндокринологым жиIэм тетын хуейщ, сыту жыпӏэмэ, а дохутырращ и Iуэхур хэмыужьыныхьын папщӏэ ищIэн хуейр къыжезыIэфынур. Эндокринологым и чэнджэщхэр ӏэпэдэгъэлэл пщӏыуэ, уэруэру узэӏэзэжмэ, уи щхьэм зэранышхуэ къыхуэпхьыным зыри хуэIуакъым.

— Узэрыдохутыр ныбжьыщIэм емылъытауэ, зэбгъэгъуэта IэщIагъэм къызыхуэтыншэу хыбощIыкI, Лилианэ. Тхьэм уи пщэ къыдилъхьэ Iуэхухэм уапэлъэщу, уехъулIэ зэпыту дигъэлъагъу!

Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *