«Уасэншэ лъапIагъэхэр зэдэтхъумэу»
УФ-м и Президент Путин Владимир зэригъэнэIуауэ, 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу ягъэуващ. Мазаем (февралым) и 5-м ар хэIэтыкIауэ къызэIухыным теухуа дауэдапщэхэр щекIуэкIащ Москва къалэм дэт «Урысей» зи фIэщыгъэцIэ лъэпкъхэм я Купсэм. Ди къэралым и ЛIыщхьэр зыхэта Iуэхугъуэ дахэм къызэщIригъэубыдащ хэгъуэгу 89-м къабгъэдэкIа цIыху мини 3-м щIигъу. Илъэсым и щIэдзапIэ хуэхъуащ мы…