Бадзэуэгъуэм (июлым) и 23-р абазэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщIщ. А зы махуэм лъэпкъым и Iуэхугъуищ къызэщIеубыдэ — лъэпкъ щэнхабзэм, ныпым, «Абазашта» газетым я махуэщIхэр зэдагъэлъапIэ. Ар и щхьэусыгъуэуи мы гъэми Черкесск къалэм «Абаза» щэнхабзэ-спорт фестивалышхуэ щызэхэтащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр мы гъэм епщIанэрейуэ ирагъэкIуэкI. А Iуэхугъуэр къыхилъхьауэ щытащ «Алашара» къэралыбэ зэгухьэныгъэм и президент Ечзэч Мусэ. Лъэпкъым и махуэщIым цIыху минитхум щIигъу къызэхуишэсащ. Фестивалым и япэ Iыхьэр щыщIидзащ къэрал филармонием. Абдеж щекIуэкIащ «Танцуй, как Дзыба!» документальнэ фильмым и япэ гъэлъэгъуэныгъэр.
Теплъэгъуэр теухуауэ щытащ абазэ лъэпкъым щIыхьышхуэ зиIэ и къэфакIуэ, балетмейстер Дзыбэ Георгий. Залым щIэмыхуу къекIуэлIащ къэфакIуэм и зэчийм дихьэххэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъу хэгъуэгухэм, Абхъазым къикIа хьэщIэхэр. Фильмыр игъэхьэзыращ «Алашара» зэгухьэныгъэм. Ар тезыха гупым къызэхуахьэсыжащ къэфакIуэр зыцIыхуу щыта щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я гукъэкIыжхэр. Апхуэдэхэр къыщагъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн, Дагъыстан, Осетие, Абхъаз республикэхэм.






КъэфакIуэм и фэеплъ щIыхьыр а махуэм яIэткIэрэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къагъэлъэгъуащ къафэр гуэх имыIэу лъэпкъ щэнхабзэм и зы Iыхьэу зэрыщытыр. Абы зи гъащIэр езыпх щэнхабзэм и лэжьакIуэхэри абы хэту ягъэгушхуэу. Шэджагъуэ нэужьым фестивалым и лэжьыгъэм щыпищащ къалэм и «ХытIыгу щхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм. «Алашара» зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэм, волонтёрхэм, бзылъхугъэ советым хэтхэм егугъуу къызэрагъэпэщащ лъэпкъым и щыIэкIэпсэукIэр, и щэнхабзэр, хабзэр къэзыгъэлъагъуэ щIыпIэхэр. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр, IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэр, лъэпкъ нэщэнэхэр зытет щыгъынхэр, хьэпшыпхэр, сурэт гъэлъэгъуэны гъэхэр фестивалым щыкуэдт. А махуэм дэнэкIэ зомыгъазэми абазэ, абхъаз лъэпкъхэм я ныпхэр щыбыбт, уеблэмэ сабийхэм аквагримкIэ я напэхэм ахэр хутращIыхьт. МахуэщI дауэдапщэм къекIуэлIахэм зэрафIэгъэщIэгъуэнынум хуэдэу псори икъукIэ къызэгъэпэщат.
Махуэр хуабэ дыдэти, цIыхухэм я гужьыдэгъэкI хъуащ махъсымэ щIыIэр. Фестивалыр къыщызэIуахащ зыгъэпсэхупIэм и утыкум щащIа сценэм. «Алашара» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Джэдыгу Мурат къекIуэлIахэм Ечзэч Мусэ къыбгъэдэкIыу псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ псалъэ иратащ республикэм и Министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ Абхъазым къикIа хьэщIэхэмрэ.
КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымрэкIэ министрым къыбгъэдэкIыу къэпсэлъащ и къуэдзэ Гузко Сергей. «Мы махуэщIым къегъэлъагъуэ лIыщIыгъуэ куэд къызэзынэкIа абазэхэм я щэнхабзэ щIэиныр, гущхьэ лъапIэныгъэу ябгъэдэлъыр, гъунэгъу лъэпкъхэмрэ езыхэмрэ я зэкъуэтыныгъэр зэрыбыдэр. Абазэ лъэпкъым и куэдщ щIэныгъэлIхэр, къэрал, бэдаущ Iуэхузехьэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ япха цIыхушхуэхэр. Хэку цIыкIуми инми я зыужьыныгъэм абыхэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIам шэч хэлъкъым. Къэралым и лъэпкъ политикэр зыхуэунэтIар лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я щэнхабзэхэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэщ, сыту жыпIэмэ, ар къэралым и лъабжьэ быдэ мэхъуж. Нобэ махуэри абы и зы щыхьэтщ», — жиIащ министрым и къуэдзэм. Адыгэ лъэпкъым къыбгъэдэкIыу махуэщIыр зейхэм захуигъэзащ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ Къантемыр Арсен. Я махуэщIымкIэ яхъуэхъуа нэужь, абы щIигъужащ: «Сыт къэмыхъуами, адыгэ лъэпкъыр дызэрыфкъуэтыр зыщывмыгъэгъупщэ, ди къуэшхэ! Дэри апхуэдэ къабзэкIэ дыфщогугъ».
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.