Зауэ операцэ хэхам хэтхэм я IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъыр здагъэунэху «Абилимпикс» япэ зэхьэзэхуэм бадзэуэгъуэм и 29-м Къэзан къалэм лэжьэн щыщIидзащ. Мы зэпеуэр щхьэпэщ зэуапIэм Iуту уIэгъэ хъуахэм IэщIагъэщIэхэр зрагъэгъуэтынымрэ мамыр гъащIэм хыхьэжынымрэкIэ.
КъЧР-м и пщIэр яIэту зэхьэзэхуэм хэтщ «Абилимпикс» хэгъуэгу къекIуэкIыгъуэм и финалым нэса зауэлIиплI. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри щапхъэ нэс ирокъу СВО-м и ветеранхэр жылагъуэм, IэщIагъэхэм тыншу есэнымкIэ. ЛIыхъужьыгъэм и орденым и кавалер, Георгиевскэ жорым и еплIанэ нагъыщэр зиIэ Гусхэ Замир зауэ операцэ хэхам щIалэ хахуэу зыкъыщигъэлъэгъуащ.
УIэгъэ ящIу и лъахэм къигъэзэжа нэужь, къызэрыкIуэ гъащIэм жыджэру хыхьэжауэ, езым хуэдэу зауэ зэпэщIэтыныгъэм и ветеран хъуахэм ядэIэпыкъунымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIех, координатору щолажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым, республикэм и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуещI, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутату щыткIэрэ.
Замир ди хэгъуэгум къыбгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм хэтынущ «Электроннэ оборудованэр зэпкърылъхьэнзэпкърыхын» лъэныкъуэгъазэмкIэ и зэфIэкIыр сэтей къищIу. Дружбэ жылагъуэм щыщ, тхыдэмкIэ егъэджакIуэ Быж Щэмил щIэбэнынущ «Бжыгъэ программэм тещIыхьа станокхэмкIэ токарь лэжьыгъэр егъэкIуэкIын» гъэунэхуныгъэм пэрыт щыхъуным. Щэмили СВО-м хэтащ 2022 гъэм щегъэжьауэ уIэгъэ хъури, лIы хуэдэ и зауэ къалэнхэм пэрыхьэжащ, и гур зыми хуэужьыгуакъым. Абы нобэ и зэманыр епхащ егъэджэныгъэм, техническэ IэщIагъэри хъарзынэу къигъэIэрыхуащ. Зэпеуэм хэтыну Къэзан кIуахэм ящыщщ СВО-м и ветеран Жилин Максим. Узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным куэдрэ пылъа мы ныбжьыщIэр, зауэм къызэрикIыжу, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым Iухьауэ Iуэху щещIэ. Зэхьэзэхуэм Максим хузэфIэкI къимыгъанэу япэщIэтынущ слесархэм.
Абы и пщэ ирилъхьэжащ уIэгъэ хъуар жылагъуэм къыкIэрычауэ зэрыщымытыр, ехъулIэныгъэшхуэхэр зэриIэфынур псоми нэрылъагъу ящыщIыныр. ЕплIанэ зауэлIыр Гочияев Рустамщ. ХыфIыцIэ флотым и Iуфэхэр зыхъумэ гупым хэту зауэ операцэ хэхам и къалэнхэр щигъэзэщIащ. Хэкум къэкIуэжащ и узыншагъэм къыхэкIкIэ. Ар «Слесарь Iуэху» IэщIагъэмкIэ зэпеуэхэм яхэтщ икIи автомобилхэр щIыжыныр фIыуэ елъагъу, къыдохъу.
Зыгъэхьэзырар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.