Алыдж лъэпкъым зехъумэж

Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу мы гъэр зэрыщытым ипкъ иту, Спартэ жылагъуэм махуэщI дауэдапщэ дахэ щрагъэкIуэкIащ. Абы зэришэлIащ КъЧР-м щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр. МахуэщIыр ягъэщIэрэщIащ урысхэм, къэрэшейхэм, адыгэхэм, нэгъуейхэм, абазэхэм, алыджхэм я художественнэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу, лъэпкъ къэс езым и щэнхабзэ дахэр утыку кърихьащ: цIыхубэ уэрэдыжьхэр ягъэIуащ, къафэхэр къащIащ, анэдэлъхубзэкIэ усэхэм къеджащ.

Гулъытэ щхьэхуэ ягъуэтащ лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэм — хьэщIэхэм ахэр зыIуагъэхуащ, лъэпкъхэм я щIэиныр нэхъри абыкIэ зыхащIащ. Спартэ къуажэм щагъэлъапIэ махуэщIыр фIэкъабыл хуэдэу махуэри дыгъафIэу щытащ шхыныгъуэ IэфIхэр, пасэрей макъамэхэр, къафэхэр, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, дуней уэмыр — псори цIыхубэм загъэпсэхуным, гукъыдэж яIэным, Урысейм щыпсэухэр зы унагъуэшхуэу зэрызэхэтыр зыхэщIэным тегъэпсыхьат.

ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм и къызэгъэпэщакIуэу щытар «Кали-Архи» алыдж жылагъуэращ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *