ЕгъэджэныгъэмкIэ «Спутник» Купсэм шыщхьэIу мазэм щрагъэкIуэкI хабзэ зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэжьащ. Абы ипкъ иту убгъуауэ ирипсэлъащ «Навигаторы детства: от новой философии воспитания к новой философии жизни» темэм.
Дауэдапщэм къеблэгъащ власть къулыкъухэм, егъэджэныгъэм пыщIа, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр. Апхуэдэщ ди республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, КъЧР-м и Парламентым щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмрэкIэ и комитетым и пашэ Черняевэ Татьянэ, ди хэгъуэгум сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ Уполномоченнэ Алакаевэ Марие, КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Кравченко Иннэ нэхъыбэу къызытеувыIар «Стратегия развития воспитания до 2030 года» тхылъым къызэщIиубыдэ положенэхэращ.
Министрым игъэбелджылащ ди республикэм деж гулъытэ нэхъ зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр. Апхуэдэщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гъащIэм щынэхъыщхьэ гупсысэхэр ягурыгъэIуэныр; унагъуэр, еджапIэр, жылагъуэ институтхэр зэдэлажьэу гъэпсыныр; егъэджакIуэхэм заужьынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр; егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iэмалхэр сабий псоми зэхуэдэу, я узыншагъэр лъэпощхьэпо мыхъуу ягъэгъуэтыныр; граждан‑хэкупсэ, щэнхабзэ, псэ лъапIэныгъэхэм япха гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэныр; иджырей цифровой Iэмэпсымэхэр, психолого‑егъэджэныгъэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ щыIэ Iэмалхэр нэхъыбэу къыхэгъыхьэныр.
«Гъэсэныгъэр егъэджэныгъэм и гуэдзэнкъым, атIэ абы къыгуэпх мыхъун и Iыхьэщ. Дэ ди къалэныр дэтхэнэ сабийми и зыужьыныгъэмкIэ дэIэпыкъуныгъэ здыщигъуэтын бэз зэдгъэпэщынращ», — жиIащ Кравченко Иннэ. Доклад нэужьым министрым фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр яхуигъэфэщащ сабийхэм я гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа егъэджакIуэхэм.
Мы конференцым къинэмыщIауэ, шыщхьэIум и зэпсэлъэныгъэхэм япкъ иту, панельнэ дискуссиехэр, Iэнэ хъурейхэр екIуэкIынущ, практикэ утхэр къызэрагъэпэщынущ. А псори зытеухуар – 2025-2030 гъэхэм къриубыдэу зэлэжьыпхъэ, зэрылэжьапхъэ дауэдапщэхэр гъэбелджылынращ.
ЧЫРБЫЖ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.