Хьэршыр къыздыщIидзэмрэ здиухымрэ Иджыри дызыщымыгъуазэ куэд щыгъэпщкIуащ хьэршми щIы щIагъми. ХьэршымкIэ къедгъэжьэнщи, иджырей щIэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, щIыр къэзыухъуреихь хьэуар и лъагагъкIэ километр 1000-м ноблагъэ. Ауэ «Линия Кармана» жыхуаIэ километри 100-м щынэскIэ, ар апхуэдизкIэ мащIэ, пIащIэ мэхъури, махуэм жэщым хуэдэу уафэр мэуфIыцI, махуэм жэщым хуэдэу вагъуэхэр къотIысхьэ.
Псалъэм къыдэкIуэу, Линия Ка́рмана — а цIэр авиакосмическэ промышленностым гъуэгу щыхэзышахэм ящыщ Теодор фон Карман и фэеплъщ. Абы ищIа къэлъытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, а лъагапIэм деж аэродинамическэу зыIэт къарур кхъухьлъатэм хурикъужынукъым, къемыкIурэхын папщIэ абы иIэн хуейщ спутникхэм къызэралъэтыхь орбитальнэ псынщIагъыр – зы секундэм километри 7,8-м е сыхьэтым километр 28 000-м нэблагъэ. США-м и НАСА-м хьэуамрэ хьэршымрэ я зэпылъыпIэу къелъытэ километр 80-р, ауэ ари хьэкъыпIэкIэ йоувалIэ щIэныгъэлIхэм ягъэувауэ къекIуэкI километри 100 къэралыбэ мардэм.
Еджагъэшхуэ гуэрхэм хьэршыр километри 150-м къыщыщIидзэу ягъэув. Зэдгъэпщэн папщIэ, щапхъэ къэсхьынщи, 2025 гъэм и мэкъуэуэгъуэм и 6-м иужьрейуэ къызэрапщащи, иджырей къэралыбэ хьэрш станцэм (МКС) и орбитэм и лъагагъщ километр 418,2- рэ. Иджы къызэралъытэмкIэ, ар хьэрш гъунэгъущ (ближний космос). Километри 100 лъагагъым деж иджырей хьэуа кхъухьлъатэхэм къыщIамылъэтыхьыжыфыр я дамэхэмкIэ «зызытрагъэщIэн» хьэуа иIэжкъыми аращ. Сэ кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэ куэдкIэ къэслъэтыхьащи сыщыгъуазэщ: къухьлъатэм нэхъ лъагэу зиIэтыхукIи, ар нэхъ псынщIэу макIуэ, пэрыуэгъу къыхуэхъун хьэуа Iув щыIэжкъыми, нэхъ хуэм зищIмэ, къекIурэхынущи.
ЦIыхур километр мин 400-м нэблагъэкIэ пэжыжьэ Мазэм лъатэри, и нэкIэ зригъэлъэгъуащ абы и теплъэмрэ щыIэ щытыкIэхэмрэ, абы тегъэчынауэ ещIэ планетэ гъунэгъухэм – Меркурийм, Венерэм, Марсым цIыху щыпсэу зэры мыхъунур. Уеблэмэ зондхэр игъэлъатэри, сурэти ятрихащ планетэ жыжьэхэми-Юпитерым, Сатурным, Ураным, Плутоным, абыхэм я хъуреягъыр къэзуфэрэзыхь спутникхэм. Сыт щыIэр щIы къатиблкIэ уехмэ? Хьэршыр, Дыгъэ бэзыр зэрызэхэлъым хуэдэ къабзэщ щIы щIагъыр зэрыгъэпсари. ЛеймкIэ жаIэкъым мыпхуэдэу: «ИщхьэмкIэ хуэдэщ илъабжьэмкIи» («Как наверху, так и внизу»).
Ауэ хьэршым нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн щIы щIагъым щIэлъынкIэ, щIэтынкIэ мэхъу. Дыгъэр бэзым и купсэмэ, щIыми щIы кумылэр и купсэщ. Дыгъэр жьэражьэмэ, щIы кумылэри апхуэдэ къабзэщ. Ауэ щIы щIагъым и Iуэхур нэгъуэщIщ, километри 100 бжыгъэкIэ щыгъэтыжауэ километр 10 бжыгъэкIэ абы иджыри зыри щIыхьакъым. Нэхъ куу дыдэу щIыр здабрууар Кольскэ скважинэращ – абы и кууагъщ километр 12-рэ метр 262-рэ. Технологие и лъэ ныкъуэкIэ яIа лъэкIыныгъэхэр яухри, абы нэхъыбэ екIуэтэхыжыфакъым. Ар бжьэм и шэрэзыр хъарбызым хиIуам хуэдэ къудейщ. ЦIыхур хьэршым зэрыдэкIуейм хуэдэу ЩIым щIыхьэфатэмэ… цIыхуцIэ зиIэм щхьэпэу абы къыщигъуэтынур куэд дыдэу къыщIэкIынт. Хьэршри щигъэгъупщэжу…
ЩIыгур хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэз пхъуантэм хуэдэщ. ЛеймкIэ «хъарзынэ» псалъэм къикIкъым «полезные ископаемые» жэуэ. ЩIым и кумылэм нэс и кууагъыр мэхъу километр 6378-рэ. Абы километрищэ зэбгъузэнатIэ куэд хъу къэухь нэщIхэр иIэнкIэ зы хуэIуакъым. Абдежым хьэршым деж хуэдэу щIыIэ уаекъым, сыту жыпIэмэ, щIы кумылэм и хуабагъэр нос градус 5000 – 6000–м. Ар дыгъэм хуэдэу жьэражьэщ. ИкIи абы къигъэхуабэ, километр зэбгъузэнатIищэхэм нэс, абы щIигъу зиIэ къэухь нэщIхэм хыхэр щыуфафэнкIэ, псыхэр щежэхынкIэ зы хуэIуакъым. Иджырей еджагъэшхуэхэри абы къеувэлIэну хьэ зырщ. Таурыхъхэми хэтщ, «Нарт» эпосми къыхощыж. Таурыхъхэм я лIыхъужьхэр щIы щIагъым къатиблкIэ щIохьэри нэгъуэщI дунейм къыщохутэ. Абы къыщокI мэзхэр, щопсэу цIыхухэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ. Сосрыкъуэ Лъэпщ и гъукIэ сыджыр къыхичри, къатиблкIэ хисэжащ. А образхэр мыхьэнэ гуэр ямыIэу ауэ сытми къагупсысакъым. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ къэсхьынщ Библием щыщ сатырхэр: «И создал Бог твердь, и отделил воду, которая под твердью, от воды, которая над твердью. И назвал Бог твердь небом». (Бытие I глава). «Твердыр» псым нэхърэ нэхъ быдэ пкъыгъуэщ.
Апхуэдэ пкъыгъуэщ щIыгур. Апхуэдэу щыщыткIэ, Библием зэрыжиIэм тепщIыхьмэ, Тхьэм къигъэщIащ щIы щIагъым щIэт псымрэ щIы щIыIум тет псымрэ. Библием ит псалъэхэр щоджэнхэм нэгъуэщIу зэблахынкIэ зыри хуэIуакъым, ауэ мыбы къыбгурымыIуэн хэлъкъым. ЩIы щIагъым щыIэ дунейхэм цивилизацэ къызэрымыкIуэхэр щыпсэункIэ мэхъу. Абыхэм зыужьыныгъэ хуабжь яIэу сощIри, итIани абыхэм яхуэбруунукъым километр мин бжыгъэ зи Iувагъыу къащхьэщыт щIыр, ауэ лъэкIыныгъэ ягъуэт я «тепщэч лъатэхэр» («летаю щие тарелки») мафIэбгхэмкIэ кърагъэлъэтыкIыну, бгы бгъуэнщIагъхэмкIэ къыщIагъэлъэтыкIыну.
«ЩIы къатибл» жыхуиIэри мыхьэнэ инкIэ гъэнщIащ. ЩIы щIагъыр (щIы кумылэм нэс щыIэ километр 6378-р) къатиблу гуэшыжауэ, къат къэс зы цIыху цивилизацэ щыпсэункIэ мэхъу. Таурыхъхэмрэ эпосымрэ я хъыбархэр хъуэрыбзэ жыIэкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ гъэнщIащ. Библием и сатыр къэсхьахэр зытепсэлъыхь лъэхъэнэ жыжьэр нартхэм я эпосым къыхощ нэгъуэщI жыIэкIэкIэ: «уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм». МафIэбгхэм къариху мафIэр къыхокI километр мини 6-м щIигъукIэ уехмэ щыIэ щIы кумылэм.
Апхуэдэу щыщыткIэ, жыг щэджащэхэм ябгъапщэ хъуну бгыхэм я лъабжьэхэр щIы кумылэм нэс йох, щIы къатиблыр зэрапхыу, гъущI арматурэм бетоныр зэризэригъэубыдым ещхьу. ИщхьэкIэ зэрыжысIауэ, ар къыбгурымыIуэну щыткъым. Тхьэм цIыхур къигъэщIащ и теплъэкIи и зэхэщIыкIкIи езым ещхьу ЦIыхур куууэ хэгупсысыхьмэ, ар и зэхэщIыкIымкIэ кIуэнущ Тхьэм и IэмыркIэ дунейр къыщыунэхуа, «Ирехъу ар апхуэдэу!» щыжиIа дыдэм нэгъунэ.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.