Бремен и «лIыхъужьхэр»

Хьэбэз районым и «Нэмыс» театрым «Бремен музыкантхэр» таурыхъым и премьерэмкӏэ илъэсыр зэхуищIыжащ икӏи 2026 гъэр а гъэлъэгъуэныгъэмкӏэ иригъэжьащ. Щӏышылэм и 14-м Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Уардэ унэм къеблэгъахэр Бремен мэз таурыхъым къыщыхутащ…

Псоми фIыуэ тлъагъу макъамэ — таурыхъыр утыкум щызыгъэувар режиссёр, КъЧР-м и цӏыхубэ артист КIэдэкIуей Артурщ. Таурыхъым и «лIыхъужь» Трубадур ныбжьэгъу къыхуэхъуа Хьэм, Джэдум, Шыдым, Адакъэм, Мэлым ящIыгъуу зыхэта къэхъукъащӏэхэр «Нэмыс»-м и артистхэм гъэщIэгъуэныщэу икIи щIэщыгъуэу утыку кърахьэн яхузэфIэкIащ. Хъунщӏакӏуэ «шынагъуэхэм» я къафэ зэщӏэзыгъаплъэр, псоми фIыуэ тцIыху пащтыхь бзаджэм, абы и пхъум, хъумакӏуэ «хахуэхэм» я уэрэдхэр сценэм къытеIукIащ. Сабийхэми балигъхэми гулъытэншэу къагъэнакъым мультфильм цIэрыIуэм «къыхэбэкъукIа» лIыхъужьхэм я джэкIукIэр! Пэшышхуэм къыщIэIукI Iэгуауэмрэ дыхьэшх макъымрэ щыхьэт техъуэт утыку щалъагъур псоми я гум зэрыдыхьар.

Спектаклым щыджэгуащ Адэмокъуэ Ахьмэд, Даур Аннэ, ТхьэкIумашэ Расул, Адзын Мадинэ, Хъупсырокъуэ Мурат, Жумай Оксанэ, Туаршыхэ Амиррэ Аксанэрэ, Хьэмыкъуэхэ Азэмэтрэ Еленэрэ, Гочияевэ Земэ, Лъыс Инессэ, Гъуэзджэш Динарэ сымэ. Дохъуэхъу таурыхъ дахэр зыгъэува режиссерым, зи ӏэщӏагъэм хуэӏэижь артистхэм творческэ ехъулӏэныгъэ сыт щыгъуи яӏэну! АдэкIи я гъэлъэгъуэныгъэщӏэхэм дапоплъэ.

Зыгъэхьэзырар ХЬЭТАЙ Мадинэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *