Черкесск къалэм щыIэ, щIалэгъуалэм зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным хуэунэтIа «Авангард» егъэджэныгъэ-методическэ купсэм щIышылэм и 15-м щыхьэщIащ Хьэбэз районым щыщ ныбжьыщIэхэр. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ «Бжэ зэIухахэм я Махуэ» акцэм ипкъ иту. НыбжьыщIэхэм япежьащ, псалъэ гуапэкIэ иригъэблэгъащ купсэм и унафэщI Баев Уэсмэн.
Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ хэкупсагъэр сыт хуэдэ къэралми щыпсэу цIыхум хэлъыпхъэ щэныфIагъхэм языхэзу зэрыщытыр икIи къыдэкIуэтей щIэблэр я Хэкум и къэкIуэнум, и нобэм иригузавэу, щIэгупсысу егъэсэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. А къалэ ныр зэфIэха хъун папщIэ, ныбжьыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрадэлэжьапхъэр жиIащ. Апхуэдэщ егъэджэныгъэ программэхэр, спортыр, щэнхабзэр, жылагъуэ Iуэхугъуэхэр. «Авангард» купсэр щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ бгъэдэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIхэм ящыщщ.
ИкIи абдеж зыхуагъасэ, зыхурагъаджэ Iуэхугъуэ псоми хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ ягъэхьэзыра видеонэтынымкIэ. КъыкIэлъыкIуэу Хьэбэз районым щыщ щIалэгъуалэр нэIуасэ хуащIащ хэкупсэ гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI, «Юнармия» Урысейпсо сабий-щIалэгъуалэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм ди хэгъуэгум щиIэ къу дамэм. Абы хэт ныбжьыщIэхэр зыхурагъаджэхэм къытепсэлъыхьащ зэщIэхъееныгъэм и штабым и унафэщI Пуля Александр. ИужькIэ «Авангард»-м и хэщIапIэр хьэщIэхэм кърагъэплъыхьащ, пэш къэс щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр гурагъэIуащ. Нэхъыщхьэращи, сабийхэм Iэмал яIащ практикэ и лъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм зрапщытыну. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэну автоматыр зэпкъралъхьащ, зэпкърахащ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэр зэрырагъэкIуэкI Iэмалхэр зрагъэлъэгъуащ, ахэр тирым автоматкIэ щыуащ.
ЧЫРБЫЖ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.