Текӏуэныгъэм и Махуэшхуэр ди республикэм и дэнэ къали, къуажи Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Пэкӏухэр щекӏуэкӏащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъ щӏыпӏэхэми. Апхуэдэу, Бэвыкъуэ къуажэм дэт «Хэку – анэ!» фэеплъ комплексым махуэщIым и гъэлъэпIэныр зэӏущӏэ щхьэхуэкIэ ягъэнщIащ. Абы кърихьэлIащ Хъумэрэ Цӏыкӏу, Бэвыкъуэ къуажэхэм щыщу СВО-м хэт зауэлӏхэр. Гупым я пашэу махуэщIым хэта Абдокъуэ Олег утыкум къыщыпсэлъащ.
СВО-м и зауэлӏхэм фӏыщӏэ хэха хуащӏащ Бэвыкъуэ къуажэ администрацэм и Ӏэтащхьэ Хъубий Азэмэт икIи УФ-м зыхъумэжыныгъэмкӏэ и Министерствэм и «БАРС 14» волонтёр гупым и унафэщӏхэм къабгъэдэкӏа Фӏыщӏэ тхылъымрэ бгъэхэӏумрэкIэ и цIэр къраIуащ. Абдокъуэм къыхигъэщащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуныгъэр зауэлIхэм зэранэсыр. Иджы дыди, щытыкIэ хьэлъэм иува зауэлIхэм абы зыкъыщыхуагъазэм, Азэмэт хузэфIэкIащ зэман кIэщIым къриубыдэу ахэр зыхуэныкъуэр къызэхуихьэсын.



ЗауэлIым жиIа псалъэ гуапэхэм щыхьэт тохъуэ Азэмэт илэжьа ӏуэху пэжхэр: псапащIэ гулъэхэр, зауэлIхэр зыгъэпIейтейр зэфIэхыныр, дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм я унагъуэхэм я псэукӏэ ӏуэхухэр и нэIэ щIэгъэтыныр. Абы и гулъытэмрэ Хэкур хъумэн ӏуэхум зэрыхуэпэжымрэ къапэкIуащ зауэлIхэм къыхуащIыжа фIыщIэр. Абдокъуэ Олег къызэхуэсахэм зэрадэгуэшамкIэ, иджыри мыхьэнэшхуэ зиӏэ хъыбарым зауэлIхэр поплъэ. «БАРС 14» батальоным и 20 дзэм и е 3-нэ мотофочауэ дивизэм и унафэщӏхэм Хъубий Азэмэт СВО-м хэтхэм зэрадэӏэпы къуам папщӏэ къэрал саугъэтыр къратынымкIэ дэфтэрхэр ягъэхьэзыр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ псапащIэ гулъэр къызэхуэхьэсыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Къызыл-Юрт сабий IыгъыпIэм щылажьэхэри икIи ФIыщIэ тхылъ иритащ абы и унафэщI Коковэ Рэбихьэт. — Гузэвэгъуэ дызэрыхэхуам, ерыскъыкIи, псыкIи, щыгъынкIи щIэгъэкъуэн дызэрыхуейр Азэмэт щыхуэсIуэхум, асыхьэту дызыхуэныкъуэну хьэпшыпхэр тхузэхуихьэсащ. Гулъэр къэтщтэжыну дыкъэкIуауэ, ди насып къихьащ ТекIуэныгъэм и Махуэр ди къуажэдэсхэм ядэ дгъэлъэпIэну, ветеранхэм, тылым хуэлэжьахэм дахъуэхъуну! Си фIэщ мэхъу ди адэжьхэм дахуэфащэу иджыри зы ТекIуэныгъэ къызэрытлъэщынур! — къыддэгуэшащ Абдокъуэ Олег.
Фигу къэдгъэкӏыжынщи, Олег Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэтщ ипэм щегъэжьауэ. Абы къыхуагъэфэщащ «За отвагу», тIэунейрэ «Орден Мужества» медалхэр, и цIэр къраIуащ II нагъыщэ зиIэ «За заслуги перед Отечеством» орденым и медалымкIэ, «БАРС — 14» инженер-лагъымщIэх гупым и командирщ. Ари жыIэпхъэщи, Олег и щIалэм и гъащIэр щигъэтIылъащ СВО-м. МахуэщIыр зэрызэфIэкIыу, зауэлIымрэ и ныбжьэгъукъулыкъущIэхэмрэ псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр ягъэнэIуа щIыпIэм ирашэлIащ. Абы пэджэжу фIыщIэ псалъэхэмкIэ зауэлIхэм видео-зыхуэгъэзэныгъэ къыхурагъэхьащ Хъубий Азэмэтрэ дэIэпыкъуныгъэр зэхуэзыхьэсахэмрэ. ХЬЭТАЙ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.