Дагъыстан Республикэм и Правительствэм и лӏыкӏуэу КъЧР-м щыIэ МАГОМЕДОВ Мыхьэмэд печатым и Унэм зэIущIэ гуапэ щригъэкIуэкIащ. Ар траухуащ ди хэгъуэгум щыпсэухэм фӏыщӏэ яхуэщIыным, Дагъыстан Республикэм дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэр гулъытэкIэ къыхэгъэщыным. КъызэрымыкIуэу хьэлъэу къыщIэкIащ Дагъыстан хэгъуэгум дежкIэ мэлыжьыхь мазэр. ЖыIэпхъэщи, япэ махуэм къыщыщIэдзауэ псыдзэм, уэшхым къахуихьа насыпыншагъэр гъэзэкIуэжынымкIэ республикэм къагуэуващ Ищхъэрэ-Кавказ хэгъуэгухэри.
КъЧР-м щыпсэухэми лъэныкъуэгъазэу зыкъагъэнакъым. Икӏи ахъшэр, псыр, щыгъын хуабэхэр, ерыскъыхэкӏхэр гузэвэгъуэ щӏыпӏэм япэу зыгъэкӏуахэм ящыщщ. Зэфэну псыр, ерыскъыхэкӏхэр, зыхуеину псори зэрылъ машинэшхуэ пщӏы бжыгъэ махуэ къэс Дагъыстаным яунэтIащ. Псори зэхэту ди республикэм и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэкӏэ дунейм и къэхъукъащӏэм и зэран зэкӏа гъунэгъухэм псапащIэ хьэлъэу тонн 80-м щӏигъу, псы зэрыт машинэшхуэу 180-рэ хуаутӏыпщащ. Акцэм жыджэру къыхыхьащ «Территория милосердия», «Очаг добра», «МамМат» псапащIэ фондхэр, депутатхэр, муслъымэн, дин зэгухьэныгъэхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр, республикэм щыпсэухэр.
Дагъыстаным щӏэгъэкъуэнышхуэ хуэхъуащ «Надежда», «Инсан», «Чистое сердце», Ищхъэрэ Кавказым и щӏыналъэхэм къабгъэдэкӏа дэӏэпыкъуныгъэр зэхуэзыхьэса нэгъуэщӏ федеральнэ фонд хэхахэри. Абыхэм зэхэту сом мелардым нэблагъэ зэхуахьэсащ. Магомедовым и къэпсэлъэныгъэм и гугъу щищIащ КъЧР-м щыпсэухэм къагъэлъэгъуа зэкъуэтыныгъэр, псэ хьэлэлагъыр, гущIэгъуныгъэр зэи зэращымыгъупщэнур.
Дагъыстаныр зэрыува зэман гугъум Ӏуэхукӏэ, ӏэмалкӏэ, лэжьыгъэкӏэ, гурэ псэкӏэ къадэӏэпыкъуахэм фӏыщӏэ зэрахуищӏыр къыхигъэщхьэхукIащ абы. Ди республикэм и муниципальнэ районхэм, къуажэхэм, псапащIэ фондхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэм Магомедовым яхуигъэфэщащ Дагъыстан Республикэм и Правительствэм и ФIыщIэ тхылъхэр. Абыхэм къанэмыщӏауэ, Гамзатов Расул и «Берегите друзей» тхылъымрэ Чутуев Камил и «Дагестан по дороге времени» сурэт альбом дахэмрэ саугъэту яритащ.
Ди республикитӏым яку дэлъ зэгурыӏуэныгъэм и гугъу щищӏым, Магомедовым игу къигъэкӏыжащ 1970 гъэм накъыгъэм и 14-м дагъыстан щӏыхъей зэхэкъутэныгъэр, республикэм и жылагъуэ 260-м нэблагъэм насыпыншагъэр зэралъэIэсар, цӏыху минипщӏхэр унэншэу къызэрынар. Абы ипкъ иткIэ къыхигъэщащ КъэрэшейЧеркесым хыхьэ Хьэбэз районым щыщ ухуакӏуэ-волонтёрхэм Кизилюрт районым хыхьэ Комсомольскэ къуажэм къатищу зэтет еджапIэр пщIэншэу зэфӏагъэувауэ зэрыщытар, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри зэрыдащIыхьар.
Абы лъандэрэ илъэс 55-рэ текIыжами, хэгъуэгуитIым я районхэм я зэпыщIэныгъэр ягъэкIуэдкъым, жыIэпхъэщи, мы илъэситIым зэгурыIуэныгъэхэри зэдащIауэ, щIэблэри Iуэху щхьэпэхэмкIэ зэпащIэ. Щхьэхуэу гулъытэ хуищIащ икIи фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур. Магомедовым къыхигъэщащ Дагъыстанымрэ Хьэбэз районымрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри ягъэбыдэу, IуэхукIи мылъкукIи ахэр иджыри зэ къазэрыпыкъуэкIар. Дагъыстаным и лIыкIуэм и псалъэ гуапэхэм пэджэжу къэпсэлъащ дэIэпыкъуныгъэ къызэзыгъэпэщахэр, гъунэгъу хэгъуэгум мылъкукIи къарукIи хуэгузэвахэр.
— Прикубан, нэгъуэщӏ щӏыпӏэхэм къикӏа щӏалэхэр Дагъыстаным кӏуащ я техникэр, зыхуеину ӏэмэпсымэхэр яӏыгъыу. Жэщи махуи ахэр щылэжьащ щӏыпӏэ нэхъ гугъу дыдэхэм, я къарум щымысхьу, зыр адрейм ипӏэ иувэу, зэтемыувыIэу. Аращ зэрыщытын хуейри! Сигу къэзмыгъэкӏыжынкӏэ ӏэмал иӏэкъым пандемием щыгъуэ Дагъыстаныр ахъшэшхуэкӏэ, хущхъуэхэмрэ нэгъуэщӏ медицинэ дэӏэпыкъуныгъэмрэ яӏыгъыу япэу къызэрытхуэкӏуар. Фӏыр сыт щыгъуи къокӏуэж, зэи ар тщыгъупщэнукъым, — къыхигъэщащ «Вершина» ассоциацэм и унафэщӏ Кубанов Расул.
Лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэмрэ зэгъунэгъуфӏыгъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраӏэр къыхигъэщащ Къэрэшей къалэ округым и мэру щыта Дотдаев Альберти: — Атӏэ, дунейм зехъуэж, ӏейм хохъуэ, ауэ апхуэдэ зэман гугъухэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэувэн хуейщ. Ди лъэпкъхэр гъунэгъу зэхуэзыщӏыну сыт хуэдэ ӏуэхури сэбэп къытхуэхъунущ, — жиӏащ абы.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.