Урысыбзэм дызэрегъэубыд

Накъыгъэм и 24-р славянхэм я тхыбзэмрэ щэнха-бзэмрэ я Махуэщ. МахуэщIыр ди къэралым убгъуауэ гъэ къэси щагъэлъапIэ хабзэщ икIи ди республикэри махуэщI дауэдапщэхэмкIэ сыт щыгъуи къулейщ. Мы гъэри апхуэдэщ: Черкесск къалэм убгъуауэ, дэхьэхыгъуафIэу щагъэлъэпIащ махуэщIыр.

Накъыгъэм и 24-25 махуэхэм «Русский язык — основа единства народов России» фестивалыр ди хэгъуэгум и къалащхьэм щекIуэкIащ. МахуэщIым и купщIэр ирапхащ 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэрыщытым. МахуэщIым ипэ къихуэу ЛНР-м хыхьэ Старобельскэ хэгъуэгум къыщыхъуа террор Iуэхугъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу къызэхуэсахэр абыхэм яхуэщыгъуащ. ИужькIэ, къалэм щыпсэу, чыристан диныр зезыхьэхэм Никольскэ соборым щегъэжьауэ щихъхэу къалъытэ Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъ сыным нэс «крестный ход» Iуэхугъуэр зэфIагъэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кириллрэ Мефодийрэ чыристан диныр цIыхубэм хэзыхьэу щыта узэщакIуэхэт, ахэращ славянхэм я алыфбейр зэзыгъэпэщауэ щытари. Къыхэгъэщыпхъэщи, славянхэм я щэнхабзэр нэхъ куууэ зыхащIэн папщIэ къа лащхьэм и паркым тематическэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщауэ щытащ.

Апхуэдэу, Зеленчук, Уарп районхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэм, нэр ипхъуатэу, славянхэм я псэукIэ-щыIэкIэр къэзыIуатэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр утыку кърахьащ, абыхэм я мыхьэнэри гурыIуэгъуэ щIэупщIэхэм щащIурэ къекIуэкIащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Уарп районым хыхьэ Курджиново жылагъуэм щыщ Болдыревэ Наталье сабийхэр хуабжьу а махуэм игъэгуфIащ: абы гуащэ дынымкIэ сабийхэм мастер-класс ядригъэкIуэкIащ. Мы бзылъхугъэм жылагъуэ еджапIэм гуащэ театрымкIэ кружок щегъэлажьэ. Абы къыхуокIуэ е 1-5-нэ классхэм ще джэ ныбжьыщIэхэр. Нэхъыщхьэращи, илъэси 10-м щIигъуауэ театрым «щыджэгу» персонажхэр езы Наталье ещI, сабийхэми ярегъэщI.

— Нэхъыбэу ди гуащэ театрым къэдгъэлъагъуэр урыс таурыхъыжьхэращ. Гуащэхэри таурыхъ къэс тегъэпсыхьауэ дощI. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и цIэ, и роль яIэжщ. ИкIи гуащэхэм ящыгъ фащэ хэри, урыс лъэпкъым и щэнхабзэм ипкъ иту зыдогъэпэщ, дод. СщIэкъым нэхъыбэу цIыкIухэм ягу ирихьыр гуащэ дынра, хьэмэрэ иужькIэ дгъэув спектаклхэра? — къыджеIэ Болдыревэ Наталье. КъинэмыщIауэ, щIалэгъуалэмкIэ гъэщIэгъуэн хъу ну секцэхэри лэжьащ. Апхуэдэу ди зауэлIхэм письмо хуатхыну, абыхэм папщIэ зэрызахъумэж хъыхэр зэращIым, тактическэ медицинэм зыщагъэгъуэзэну, автоматыр зэрызэпкърахзэрызэпкъралъхьэ щэхухэм, щIытI шэху уэздыгъэхэр зэращIыр зрагъэлъагъуну Iэмал псоми яIащ. Хэкупсэ Iуэхугъуэт щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм Урысейм и Ныпы шхуэр зэпаIыгъыу Черкесск къалэм и купсэм къызэрырахьари. А акцэм иджыри зэ ягу псоми къигъэкIыжащ дэ зы къэралышхуэм и цIыхуу дызэрыщытыр, лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм и мыхьэнэ иныр.

КъинэмыщIауэ, Лениным и утым мотогъэлъэгъуэныгъи къыщызэрагъэпэщащ. МахуэщIым къеблэгъахэм зрагъэлъэгъуащ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ щыIа автомото-техникэр, иджырей мотоциклхэр. КъыкIэлъыкIуэу, авто-мотокъэжыхьыныгъэр зэхаублащ. Абы хэтахэр Лениным и утым щрагъажьэри Орджоникидзевскэ жылагъуэм нэс ирижащ. Къэжыхьыныгъэм хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Кавказым и хъумакIуэхэм я фэеплъ сыным. Хуабжьу гъэщIэгъуэн хъуащ паркым деж, псыутхым и пащхьэм къыщызэрагъэпэща концерт программэри. Абдеж щыIуащ урыс, къэзакъ уэрэдыжьхэр, къафэхэр къыщащIащ. Фестивалым ипкъ иту Черкесск къалэм щекIуэкIащ къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ псэ лъапIэныгъэхэмрэкIэ урысыбзэм иIэ мыхьэнэр зыгъэнаIуэ Iуэхугъуэхэри. Апхуэдэу, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым «Русский язык – основа единства народов России» щIалэгъуалэ форумым и пленар зэIущIэр щекIуэкIащ. Абы хэта ныбжьыщIэхэм я гугъу ящIащ урысыбзэм и зыужьыныгъэм, зэрызихъуэжым, щэнхабзэ щIэиныр зэрыхъумапхъэ Iэмалхэм. ЗэIущIэм модератору щыIар протоирей, Ищхъэрэ Къэрэшей-Черкес члисэ округым и благочиннэ Нартов Александрщ. Дауэдапщэм хэтащ, къыщыпсэлъащ Къэрэшей-Черкесым и власть къулыкъухэм, Урысейм и ФАДН-м и хэгъуэгузэпх Управленэм, жылагъуэм, динырылажьэхэм, Москва, Ставрополь къалэхэм, КъэрэшейЧеркесым и щIэныгъэрылажьэхэм я лIыкIуэхэр. Гагарин Юрий и цIэр зезыхьэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ купсэми секцэкIэ лажьэ утыкухэр къыщызэрагъэпэщащ: «Сохранность русского языка – залог духовного здоровья нации», «Русский язык – важнейший код самоидентификации нации», «Святая сила слова. Русский и церковнославянский языки в литературных произведениях» хуэдэхэр. МахуэщIри, абы ипкъ иту екIуэкIа фестивалри иджыри зэ щыхьэт техъуащ Урысейм и къарур — лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, тхыдэм, щэнхабзэм, лъабжьэм пщIэ зэрыхуащIым зэралъытар. ЧЫРБЫЖ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *