Мы дунеишхуэм цIыхуу тетыр бзэ зэрыпсалъэм я бжыгъэр миниблым щIегъу. Лъэпкъ къэс и бзэм, и щэнхабзэм, и хабзэхэм, дунейеплъыкIэм епха щхьэхуэныгъэхэр мымащIэу ябгъэдэлъщ. Ди къэрал закъуэр къэтщтэнщи, абы лъэпкъыу 190-м щIигъу щопсэу. Пэжщ, дэ псори дызэзышалIэ, дызэрызэгурыIуэ бзэи щыIэщ. Ауэ, арами, дэтхэнэ лъэпкъми и адэжьхэм къагъэщIа бзэжьхэр ехъумэ, иропсалъэ, ахэр дэтхэнэми ди лъым хэтщ, дяпэкIэ псэуахэм псэкIэ дыпащIэ. Ди къэралышхуэм и апхуэдиз лъэпкъыр зыщIыпIэ дежи зэлъэмыIэсу, щIалэгъуалэм гурыгъу-гурыщIэ зэхуамыIэу щытынкIэрэ зы Iэмали щыIэкъым.
Апхуэдэ зы хъыбар гъэщIэгъуэнщ ди щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну дызыхуейр. Ар къыщыхъуар Хэку зауэшхуэм и илъэс дыджхэращ, нобэ мы дунейм щымыпсэуж хъыбарым и лIыхъужьхэм я щIалэгъуэм техуа пIалъэращ. Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыпсэу Шорэхэ я унагъуэм и тхьэмадэ Назир а къэхъукъащIэхэм ятеухуа гукъэкIыжхэмкIэ зыдэдгъэгуэшауэ, гъащIэм и унэтIыныгъэ гъэщIэгъуэнхэм фыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэщ. Зи гугъу тщIынур Хьэгъундыкъуейм Шорэхэ нысащIэу къахыхьауэ щыта Кравченко Миланиещ. Шорэ Назир и адэ-анэр зэрызэрыцIыхуам, ахэр зэрызэрыгъуэтам дыщIэупщIащ. АтIэ, Назир и анэ Милание Украинэм хыхьэ Глебовкэ жылагъуэм щыщт, и адэ Хьэлий Хьэгъундыкъуей къуажэм щыщ щIалэт.
— Ди адэр 1912 гъэм къэхъуауэ щытащ. Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэу, ар колхозым бригадиру щылэжьат. Зауэр къыщежьэм фронтым дэкIри, 1942 гъэм Харьков и гъунэгъуу уIэгъэ хъури, гъэру нэмыцэхэм яубыдащ. Зауэр щиухым, гъэрхэр хуит къащIыжа щхьэкIэ, зэуэ къалэ зэхэкъутахэр яухуэжын Iуэхум хагъыхьащ. Апхуэдэу, и зы ныбжьэгъу и гъусэу, Киев къалэм къыщыхутауэ щытащ. Ди анэрати, зауэр къыщежьам абы и ныбжьыр илъэс 16-м ит къудейт, икIи нэмыцэхэм Украинэм щыщу Германием ягъэлэжьэн мурадкIэ ираша гъэрхэм яхэхуащ. Апхуэдэуи, илъэсищрэ ныкъуэрэкIэ Германием щыIащ. Анэм жиIэжт, абдеж «хозяин» гуэр яIэу, гъэрхэр губгъуэм, хадэм щигъэлажьэу, нэгъуэщI-къинэмыщI Iуэху хьэлъэхэр яригъащIэу зэрыщытар.
Ар нэмыцэми, гущIэгъу хэлът: гъэрхэр ныбэ нэщIу щигъэттэкъым, уеблэмэ и Iыхьлыхэм апхуэдэ щытыкIэр щамыдэкIи, япэувти, гъэрхэри зэрыцIыхур жиIэурэ, апхуэдэу къела хъуащ а пIалъэ шынагъуэм ди анэри, нэгъуэщI куэди. Зауэр щиухым, си анэм здигъэзэжын щыIакъым: жылагъуэр зэтрагъэсыхьат. Абы къыхэкIыу, и шыпхъу нэхъыжьыр Киев щыIэти, абы и деж екIуэлIащ. Ахэри сабиитху хъут: и зы дэлъхур хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдат, адрейр фронтым дамышу, зыхъумэжыныгъэмкIэ завод гуэрым, тылым щылэжьат. Мис ари Киев къэкIуэжри, ди анэр и дэлъхум и гъусэу завод гуэрым токару щылэжьэну Iухьащ. Аращ ди адэ-анэр Киев деж зэрызэхуэзар, зэрызэрыцIыхуар, апщыгъуэми унагъуэ зэдащIащ.
Абыхэм мы къуажэм 1947 гъэращ къыщагъэзэжар, — къеIуатэ Хьэлийрэ Миланиерэ я хъыбарыр Назир. Зэщхьэгъусэхэм бынибл зэдагъуэтат. Ауэ тIур цIыкIуу дунейм ехыжащ. Я шыпхъу Риммэ пасэу машинэ зэжьэхэуэныгъэм хэкIуэдащ. Апхуэдэу, къэна зэкъуэшиплIыр къыдэкIуэтеящ, унагъуэ яухуащ. Адэ-анэм быныр зэралъэкIкIэ ирагъэджащ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ. НобэкIэ Хьэлийрэ Миланиерэ я бынхэм ящыщу нэIуасэ захуэфщIынущ Рэмэзан, Сэлихь, Назир жэуэ. Иужьрейр, Назир адэ-анэм якIэрысащ. Нобэ ар щIэращIэу, берычэту щопсэу анэ-адэм яухуауэ щыта лъапсэм. ДэркIэ нэхъ гъэщIэгъуэныр а зэман жыжьэм адыгэ къуажэм къыхыхьа бзылъхугъэм и гъащIэр зэ рыхъуаращ.
— Пэжыр жысIэнщи, зэрысцIыхужрэ, ди анэр адыгэбзэт зэрыпсалъэр. Бзэм къинэмыщIауэ, абы адыгэхэм ди хабзэхэри зэрызэрихьэным, унагъуэми, къуажэми зэрызахигъэзэгъэным хущIэкъуу псэуащ. Уеблэмэ тхьэ зэрелъэIури адыгэбзэкIэт. СощIэж, гъуэлыжыгъуэ хъумэ, фIыуэ щыIэмкIэ Тхьэм елъэIут. Адыгэбзэр апхуэдизымкIэ къищтати, зэзэмызэ и дыщымкIэ хьэщIапIэ дыщыкIуэкIэ, щыгъупщэжти, адыгэбзэкIэ абыхэми япсалъэт, — игу къегъэкIыж щIэгуфIыкIыу Назир. Абы и псалъэм пищэу и щхьэгъусэ Мадинэ (Жэмзархэ япхъущ) жеIэ и гуащэр цIыхуфI дыдэу, цIыху нэхуу, хьэлэлу, гущабэу зэрыщытар. — СощIэ, ар ипэхэм гугъу зэрехьар.
Сыту жыпIэмэ, хамэ лъэпкъ къыхэкIат, нэмыплъ къыхуэзыщIхэри, фIыуэ къэзылъагъухэри щыIэт, дауи. Ауэ си пщыжь тхьэмыщкIэр абы и щIэгъэкъуэнти, бзылъхугъэм куэд и гум дигъэхуащ. Езыхэр хуабжьу зэгурыIуэт, зэзэгът. ЕрыскъыкIэ хьэлэлт. Абы и щIакхъуэмрэ и борщымрэ зыIумыхуа улъыхъуамэ бгъуэтынкъым. Сэ абы сыткIи сыхуэарэзы дыдэщ, Тхьэр арэзы къыхухъу! Ар къысхуэгуэпащ, ди бынхэр езыгъэджари аращ жысIэмэ, пэжщ. Ар бзылъхугъэ губзыгъэт: математикэ, урысыбзэ, нэмыцэбзэ, адыгэбзэ дерсхэр сабийхэм ядищIыжт, япылът, — и гукъэкIыжхэм Мадинэ и нэпсхэр къагъакIуэ…
Езы Назиррэ Мадинэрэ мы гъэм зэрызэдэпсэурэ илъэс 50 ирикъунущи, бынищ къащIэхъуащ, абыхэми бын яIэжщ. Адэ-анэм я гъусэу псэур я къуэ нэхъыщIэ Арсенрэ абы и щхьэгъусэ Динэрэщ (Сатушыхэ япхъущ), абыхэм къащIэхъуа быниплIырщ. Сабийхэм дадэри нанэри адыгэбзэкIэ йопсалъэ. Назир къуэрылъхухэр урысыбзэкIэ къыщепсалъэкIэ, абы зыри къыгурымыIуэу жеIэри, модрейхэри адыгэбзэкIэ къэпсэлъэн хуей мэхъу. — Ар язощIэ, армыхъумэ сщIэкъым ди Iэмалыр. Иджырей сабийхэм урысыбзэр къапхъуатэри, анэдэлъхубзэр нэхъ къатохьэлъэ, — игу къеуэу къыхегъэщ Назир. ЖыIэпхъэщи, ди псэлъэгъу хъуа Назиррэ Мадинэрэ езыхэри цIыху гущабэщ, зэIухащ. Я къуэ Арсен пщафIэ лъэрыхьщ, «Эдельвейс» хьэ щIэщ-рестораным и пщэфIапIэм и шеф-поварщ. И къуэш нэхъыжь Олег скульптор цIэрыIуэщ, япхъу Фатимэ бухгалтерщ. Назир и къуэшхэм я бынхэми IэщIагъэ зырыз яIэжщ: хэти къулыкъущIэщ, хэти щIэныгъэм, хэти творчествэм и гъащIэр триухуащ. Шорэ Назир мынэхъыжьми, ар адэжь пщIантIэм дэсщи, унагъуэр псори абы зрешалIэ, абдеж щызэхуос. Ахэр щызэхуэсыжкIэ, щхьэж езым и лъагъуэ мы гъащIэм щыхашами, псори адыгэбзэкIэщ зэрызэпсалъэр, адыгэ хабзэкIэщ зэрызэхэтыр. Ар дадэ-нанэм я гъэсэныгъэщ, я уэсятщ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.