МЭРЗЕЙ Зое: «Зи бзэм мыхьэнэншафэ езыплъыжым тхьэмыщкIафэ къытоуэ»

АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ теухуауэ щыIэ гурыгъузхэр мащIэкъым, ар хъумэным, зегъэужьыным, щIэблэм шэрыуэу яIурылъыным теухуауэ жаIари ятхари мащIэкъым. БзэщIэныгъэлIхэми адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэми абы хуэгъэза я гупсысэхэр куэдрэ утыку кърахьэ.

Абыхэм ящыщщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт еджапIэм №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ илъэс 30-м щIигъуауэ щезыгъаджэ Мэрзей (Нот) Зое и еплъыкIэр:

— Дэтхэнэ егъэджакIуэри сабийхэм я пащхьэ къыщихьэкIэ, дауи, къалэну зыхуегъэувыж и предметымкIэ зы щIэ гуэр а сыхьэтым къриубыдэу ябгъэдилъхьэну. Ауэ адыгэбзэмкIэ езыгъаджэм и пщэ къыдэхуэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Дэтхэнэ зы дерсри хуэунэтIауэ щытын хуейщ сабийр къэзылъхуа адэ-анэм, лъэпкъым яхуэпэжу, и бзэр фIыуэ илъагъуу, хэкупсэу къэгъэхъуным. Си предметымкIэ щIэныгъэ естым къыдэкIуэу, сэ сытым дежи сыхущIокъу анэдэлъхубзэр лъэпкъыпсэу зэрыщытыр ныбжьыщIэхэм зэрызыхазгъэщIэным. Адыгэбзэр щазгъэджкIэ, ар си къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ. «Зи бзэр зымыщIэр – бзагуэщ, зи тхыдэр зымыджыр — нэфщ», — жаIэ.

Анэдэлъхубзэр гъащIэм къыщымы сэбэпыну къэзылъытэ цIыхур жыжьаплъэкъым. Ар ещхьщ езыр зытес къудамэр пызыупщIыжым. Апхуэдэ цIыхухэм акъылышхуэ яIэу схужыIэнукъым. Абыхэм къагурыIуэркъым я бзэм мыхьэнэншафэ ираплъыжыху, езыхэм тхьэмыщкIафэ къазэрытеуэр. СыткIэ итIанэ апхуэдэ цIыхум узэрыщыгугъынур?

— Сыт и лъэныкъуэкIи сабийм и зэфIэувэныгъэр, зыужьыныгъэр къыщежьэр унагъуэращ. И анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр абыхэм зыхазыгъэщIэн хуейр я адэ-анэрщ, адэшхуэ-анэшхуэрщ. Сабийм бзэм хуиIэ лъагъуныгъэм унагъуэм лъабжьэ щигъуэтмэ, егъэджакIуэм зригъэубгъуфынущ. Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абы егугъур мащIэ дыдэщ. Сабийм псэлъэн зэрыщIидзэу, телевизорыр хущIэбгъанэрэ, хамэ таурыхъхэм ебгъэплъкIэ, ебгъэдаIуэкIэ сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэтынур, сыт зыхуигъэсэнур? Пэжщ, тыншу къыщIэкIынщ — сабийр тоу, анэм и Iуэху ещIэж. Апхуэдэ куэд нобэ гъащIэм щыболъагъу. Языныкъуэхэми къащохъу абыкIэ урысыбзэр нэхъыфIу ящIэну. Сабийр урысыбзэкIэ уэршэрыф къудеймэ, я быныр губзыгъэ хъуауэ я гугъэжщ. Пэжщ, урысыбзэри тщIэн хуейщ, сыту жыпIэмэ абыкIэ хэша дохъу дунейпсо щIэныгъэм.

Ауэ абыкIэ зэфIэкIыркъым. «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым», — жиIакъэ КIыщокъуэ Алим. Дэтхэнэми и бзэр, и къежьапIэр ищIэн хуейщ, зыужьыныгъэ иIэн, псэкIэ къулей хъун щхьэкIэ. Ар адэ-анэм фIыуэ къагурыIуапхъэщ. СыткIэ зэран къыхуэхъуну, сабийм адыгэ таурыхъ укъыхуеджэмэ е адыгэ къебжэкIхэм щIэбгъэдэIумэ, ахэр ебгъащIэмэ? АдыгэбзэмкIэ экзамен зэрамытыжым и зэран къыдокI.

СощIэ мыбыкIэ куэд арэзы къызэрыздэмыхъунур, ауэ, итIани, жысIэну сыхуейщ — ар къапэщылъу щытамэ, нэхъ егугъунут. Дерсу еттыр яфIэмащIэу, пщIэ щIатурэ, егъэджакIуэ къыхуалъыхъуэурэ ирагъэджэнут я быныр. НэгъуэщIу хъунукъым, лъэпкъыу дыщыIэну, зытхъумэжыну дыхуеймэ. ЕгъэджакIуэхэми яхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ: «зыри диIэкъым, зыри къыддэIэпыкъуркъым, адыгэбзэр кърадзэркъым», жытIэу дытхьэусыхэу дытIысыж хъунукъым. КъыдгурыIуэн хуейщ я анэдэлъхубзэр яIурылъу щIэблэр къэхъунымкIэ къалэнышхуэ ди пщэ къызэрыдэхуэр. Бзэ зимыIэж лъэпкъыр щыIэжкъым. Ар зыщыдывмыгъэгъупщэ. ЗэрытщIэщи, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ хухах сыхьэт бжыгъэм Iэмал къыдитыркъым а предметхэр нэгъэсауэ джынымкIэ. Ныкъусаныгъэу абы къишэр нэхъ мащIэ тщIын мурадкIэ мыхьэнэшхуэ идот классщIыб лэжьыгъэм. ЕджапIэм къыщызэдгъэпэщащ драмэ гупжьей.

Абы къекIуалIэ сабийхэм дадолажьэ я псэлъэкIэр, зыIыгъыкIэр нэхъ зэпэщ зэрыхъунымкIэ, литературэм, лъэпкъ тхыдэм пэгъунэгъу зэрытщIыным дыхущIокъу. ТхакIуэхэр, усакIуэхэр я щхьэкIэ къацIыхуну яфIэфIщ еджакIуэхэм. Ахэр зыхэт пшыхьхэр къызыдогъэпэщ. ИкъукIэ узыщыгуфIыкI хъун лэжьыгъэщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIхэр. Бзэр, хабзэр хъумэнымкIэ къызэрагъэпэщым щIэ щIэткъым, фIыщIэрэ щытхъуу яхуэмыфащэ щыIэкъым хасащхьэм хэтхэмрэ абы и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ а Хасэм къызэригъэпэщ, адыгэ ныбжьыщIэхэм я театр, джэгурэш зэхыхьэхэм, тхылъеджэ зэхуэсым. Ахэр икъукIэ узыгъэгуфIэщ, IэмалыфIщ бзэм и IэфIыр, дахэр зыхащIэнымкIэ. Дэ блэдгъэкIыркъым абы и зы зэхыхьи. Лъэпкъыр егъэфIэкIуэнымкIэ, хабзэр IэтынымкIэ, бзэм зегъэужьынымкIэ нэхъыжьыфIхэри, адэ-анэхэри, егъэджакIуэхэри дызэкъуэувэу ди къару псори етхьэлIэмэщ ехъулIэныгъэ дыщиIэнур.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *