Мы махуэхэм Тебэрды къалэм къыщызэIуахащ «Больше, чем путешествие» хэгъуэгу турист япэрей слётыр. Абы хэтщ Ищхъэрэ Кавказым щыпашэ хыхьэхэкIырылажьэ, турист, Iуэхузехьэ ныбжьыщIэ 200-м щIигъу. Сыт абыхэм къапэплъэр?
АтIэ, слётыр здекIуэкI гъэмахуэ щIалэгъуалэ къалэ цIыкIур щытынущ Iуэху щхьэпэхэм я купсэу: абдеж жыджэру щылэжьэнущ егъэджэныгъэм, спортым, уэршэрым епха утыку хэр. ЩIалэгъуалэм хуагъэхьэзыра программэр хуабжьу купщIафIэщ: ахэр хэтынущ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм, пашэныгъэмрэ проект лэжьыгъэхэмрэкIэ тренингхэмрэ мастер-классхэмрэ, Тебэрды лъэпкъ паркым екIуалIэ лъагъуэ телъыджэхэмкIэ зекIуэ ирашэжьэнущ — Къарэ-Кел псыхъурейм къыщегъэжьауэ Шумкэ псыкъелъэмрэ нэрзан къыщIэжыпIэхэмрэ нэс. «Слётым хэтыну ди хэгъуэгум къеблэгъа дэтхэнэми фIэхъус гуапэ изох! МахуитхукIэ фыдихьэщIэнущи, сыхуейт апщIондэхун фыгуфIэрэ фытхъэжу фызэхэтыну, ныбжьэгъущIэхэр зэвгъэгъуэтыну, Къэрэшей-Черкесым и щIыуэпс къызэрымыкIуэм и къарур зыхэфщIэну икIи гурыщIэ IэфIхэмрэ гугъэфIхэмрэ къыфхуэушауэ фи унагъуэхэм фихьэжыну!» — щитхащ хэгъуэгум и Iэтащхьэм и MAX-каналым.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.