Къэрэшей-Черкес Республикэм щыхьэщIащ жэуаплыгъэмрэ лӏыгъэмрэ я щапхъэ цIыхуитI — Урысейм и Лӏыхъужь, граждан авиацэм и кхъухьлъатэзехуэ Юсупов Дамиррэ синхрон псы есыкIэмкIэ щэнейрэ Олимп чемпион хъуа Шишкинэ Аллэрэ.
Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсыр и тегъэщIапIэу, «Знание» Урысейпсо жылагъуэм и «ЩIэныгъэ. Къэрал» проектым ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Батчаевэ Мадинэ, СКГА-м и ректор Кочкаров Руслан, «Знание» хэгъуэгу къудамэм и унафэщӏ Болатов Артур, егъэджакIуэхэр, тренерхэр, студентхэр. Зэӏущӏэр щекӏуэкӏащ Ищхъэрэ-Кавказ къэрал академием и утыкум. Абы и ректор Кочкаров Руслан, хьэщIэхэр къригъэблагъэкIэрэ, къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, хэкупсагъэмрэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымрэ лъабжьэ хуэхъу IэмалыфIу зэрыщытыр. ЖыIэпхъэщ щIалэгъуалэмкIэ мы зэӏущӏэр хуабжьу купщIафIэу, щапхъэгъэлъагъуэу зэрыщытар.
Сыту жыпӏэмэ, хэгъуэгум къытхуеблэгъа хьэщӏэхэм я лӏыхъужьыгъэ гъуэгур пхуэмыгъэщIэгъуэну псэ быдагърэ щыпкъагъэрэкIэ гъэнщIащ. 2019 гъэм «Урал авиалиниехэм» я экипажым и командиру щыткӏэрэ, Юсупов Дамир нэрыбгэ 233-рэ къригъэлауэ щытащ кхъухьлъатэ зэӏыхьар Жуковскэ жылагъуэм щыӏэ нартыху здыхэса губгъуэм щригъэтӏысэхкIэрэ. Хахуагъэ къызэрымыкIуэ, IэпщIэлъапщIагъ хэлъу апхуэдиз цIыху гъащIэ къызэрихъумам папщIэ, Урысейм и Президент Путин Владимир къыхуигъэфэщащ «Урысейм и ЛIыхъужь» щIыхьыцIэр.
Шишкинэ Аллэ – Урысейм и цIэр лъагэу Олимп пьедесталым щэнейрэ зыIэтахэм ящыщщ, 14-рэ дунейпсо чемпион хъуащ, Европей бжьыпэр хэнейрэ зыIэригъыхьащ. ХьэщIэхэр къытепсэлъыхьащ, дэтхэнэ зыми къикIуа, хахуагъэрэ лIыгъэрэкIэ гъэнщIа щIыхь гъуэгуанэм, псэ къарум, цӏыху зэхущытыкӏэфӏым, фӏылъагъуныгъэм, лъэпкъхэр зэрызыгъэубыд щытыкӏэхэм. Юсуповым къыхигъэщащ, ипэкIэ зи гугъу тщIа къэхъукъащIэм хэта кхъухьлъатэм и экипажыр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа гупу зэрыщытар. Абы емылъытауэ, зэхущытыкIэфIымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ къапэкIуащ ахэр зы къарууэ зэкъуэувэу цIыхухэр зэрахъумар.
Шишкинэ Аллэ къеблэгъахэм ядэгуэшащ урысей цIыхум и хэкупсагъэр дэнэ щIыпIэ щымыIэми къызэребэкIыр — Урысей Федерацэм и Гимным, и Ныпым ущIэту лъагапIэхэм ухуэкIуэныр зэрыщIыхьыр. — Си ерыщагърэ бэшэчагърэкIэ къэслъэща си олимп дыщэхэм сыщеплъкIэ, къызгуроIуэ абы апхуэдиз мыхьэнэ зэрезмытыр. Мыхьэнэ зиIэр — ар къэслъэщын щхьэкIэ къэскIуа гъуэгумрэ къызэзнэкIа си гъащIэ тхыдэмрэщ. Ахэр абы я нагъы щэ къудейщ, — жиIащ Олимп чемпионым. Зэпсэлъэныгъэр гуапэу икIи гъэщIэгъуэну екӏуэкӏащ. Щӏалэгъуалэм упщӏэ куэд къабгъэдэкӏащ. Ахэр ехьэлIат спорт ехъулIэныгъэхэр зыIэрыгъыхьэным, хэкупсагъэм, цIыхугъэм, къинэмыщIауэ, хьэщIэхэм яхуэгъэза фIыщIэ псалъэхэм. Олимп чемпион хъуну зэгуэр ныбжьыщӏэ лъэпкъ командэм хагъэхьакъым, Дамир япэу кхъухьлъатэ училищэм щӏэтӏысхьакъым. Ауэ ерыщагъым, махуэ къэс зэрызаужьым, я хъуэпсапӏэр я фӏэщ зэрыхъум ахэр ехъулӏэныгъэм хуишащ. КъЧР-м щыӏэ «Знание» Урысейпсо жылагъуэм и къудамэм и унафэщӏым зэIущIэм и мыхьэнэр нэхъри къыхигъэщхьэхукIыу жиIащ: — Урысейм и тхыдэм зи цIэр хатха, хэгъуэгум къеблэгъа ди хьэщIэхэр щапхъэ яхуэхъунущ ди щӏалэгъуалэм пэжыр къыгурыӏуэнымкӏэ. Хэкур дэ тщыщ дэтхэнэмкIи къыщӏедзэ. Си фӏэщ мэхъу мы зэӏущӏэм иужькӏэ ди щӏалэгъуалэ жыджэрхэм я сатырхэр нэхъыбэ зэрыхъунур, я мурадым зэрыхуэкӏуэнур, я Хэку цӏыкӏумрэ Урысей и къэралышхуэмрэ яфӏ зыхэлъ лъэбакъуэхэр зэрачынур.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.