Черкесск къалэм дэт е 8-нэ курыт еджапIэм фэеплъ мыхьэнэ зиIэ IуэхугъуэфI къыщаIэтащ. А еджапIэр къэзыуха, Хэкум ифI зэрихуэу СВО-м, Шэшэн зауэм зи псэ щызыта зауэлI щыпкъэхэу Мырзей Мухьэмэд, Сергиенко Алексей, Гансишин Роман сымэ я фэеплъ пхъэбгъухэр къызэIуахащ.
А дауэдапщэм къызэхуишэсащ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ къинэмыщIауэ, зауэлIхэм я Iыхьлыхэр. ЗэIущIэм хьэщIэ лъапIэу кърагъэблэгъащ запасым щыс, къэралкIуэцI къулыкъум и подполковник Лий Алий. Къэралымрэ республикэмрэ я Гимнхэр къеуа нэужь, хьэщIэхэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ еджапIэм и унафэщI Гуагуэ Азэмэт.
— Мы еджапIэм щылажьэ дэтхэнэри, сэ си щхьэкIи, дропагэ къэралым и щIыхьыр зыхъумэ, хэкупсэ щIэблэ къызэрытщIэтаджэм. Ди щхьэр нобэ яхудогъэщхъ ди еджакIуэу щыта щIалэ хахуэхэм. Ахэр нобэ мыбы щеджэ сабийхэм яхуэдэу мы еджапIэм и кIэлындорым ирикIуащ, мы классхэм щIэсащ, мы егъэджакIуэ дыдэхэм ирагъэджащ. Зэи шэч къытетхьакъым е 8-нэ курыт еджапIэм къыщIэкIахэр хэкупсэу зэрыщытынум, лIыхъужьыгъэ зэрызэрахьэнум. Ди къэралыр сыт хуэдэ зауэ пэщIэмыхуами, абыхэм къэралым къахуигъэува къалэнхэр щIыхь пылъу щызыгъэзэщIэн къахэкIащ. Нобэ зи фэеплъ дгъэлъапIэ ныбжьыщIэхэр ди гум илъынущ, зыщыдгъэгъупщэнукъым, абыхэм дадэплъеинущ. Апхуэдэ къуэ щыпкъэ зыгъэса адэ-анэхэм фIыщIэ фхудощI! — жиIащ еджапIэм и унафэщIым.







ЛIыхъужьхэр мамыр гъащIэм хэгъуащэу псэуми, шынагъуэ гуэр къызэрыкъуэкIыу, ажалым щымышынэу Хэкум хуаIэ пщэрылъыр щхьэмыгъазэу ягъэзащIэ. Апхуэдэу зи гъащIэр лIыхъужьыгъэ зезыхьэу Хэкум щIэзы тахэм ящыщщ Мырзей Мухьэмэдрэ Гансишин Романрэ, Шэшэн зауэм хэкIуэда Сергиенко Алексей сымэ. ГАНСИШИН Роман 1976 гъэм Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы е 8-нэ курыт еджапIэр къиухащ 1993 гъэм. Ар фIыуэ еджэт, спортымрэ макъамэмрэ дихьэхт. Радиотехникэр фIэгъэщIэгъуэнти, абыкIи курс щхьэхуэ къиухат.
ЕджапIэм къыбгъэдэкIыу спорт зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ. НыбжьыщIэм курыт еджапIэ нэужьым Пермь дэт зауэ-ракетнэ училищэр къиухащ, зэуи Новосибирск ягъэкIуауэ щытащ стратегическэ мыхьэнэ зиIэ ракетнэ дзэ пакIэхэм къулыкъу щищIэну. 2022 гъэм зауэ операцэ хэхар къыщежьэм подполковник Гансишин Роман къулыкъум ираджащ. Ар хэтащ ЛНР-мрэ ДНР-мрэ я Iэхэлъахэм щекIуэкIа зэхэуэхэм. Абдеж нэрылъагъу щыхъуащ абы и зэфIэкIышхуэр, хахуэу, лIыгъэ зыхэлъ офицеру псоми ягу къинэжащ. 2024 гъэм зэуапIэм щыхэкIуэдащ. Зауэ къалэнхэр щIыхь пылъу зэригъэзэщIам папщIэ ЛIыхъужьыгъэм и орденыр, (хэкIуэда нэужь) къыхуагъэфэщэжащ…
МЫРЗЕЙ Мухьэмэд Беслъэней къуажэм къыщыхъуащ. НыбжьыщIэр хахуэт, жиIам тетхэм ящыщт. ИкIи 2023 гъэм езыр хуейуэ къэралым и хьэлэмэт зэрихуэну зауэ операцэ хэхам макIуэ. Зыми жримыIэу Iууват ар зауэм. ИужькIэ, адэ-анэм къажриIэжащ, нэгъуэщIу зэрыхуэмыщIыну щытар, сыту жыпIэмэ езым хуэдэ и ныбжьэгъухэм я гъащIэм темышыныхьу Хэкур яхъумэт, уIэгъэ хъут, хэкIуадэт… Мухьэмэд зауэ Iуэхум пэжыжьэу щытами, абы щIэх дыдэ зыхуигъэсэжри, зауэлI щыпкъэу ирихьэкIащ. ЩытыкIэ хьэлъэхэр къыщыкъуэкIкIэ зыщIэныр зыгъэбелджылыф, унафэ тэрэз къэзыхьыф, хахуагъэ зыбгъэдэлъ зауэлIу щытащ. Абы къыхуагъэфэщат лейтенант фIэщыгъэцIэр, икIи ебгъэрыкIуэ гупым и унафэщIу щы н Романрэ, Шэшэн зауэм хэкIуэда Сергиенко Алексей сымэ.
ГАНСИШИН Роман 1976 гъэм Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы е 8-нэ курыт еджапIэр къиухащ 1993 гъэм. Ар фIыуэ еджэт, спортымрэ макъамэмрэ дихьэхт. Радиотехникэр фIэгъэщIэгъуэнти, абыкIи курс щхьэхуэ къиухат. ЕджапIэм къыбгъэдэкIыу спорт зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ. НыбжьыщIэм курыт еджапIэ нэужьым Пермь дэт зауэ-ракетнэ училищэр къиухащ, зэуи Новосибирск ягъэкIуауэ щытащ стратегическэ мыхьэнэ зиIэ ракетнэ дзэ пакIэхэм къулыкъу щищIэну. 2022 гъэм зауэ операцэ хэхар къыщежьэм подполковник Гансишин Роман къулыкъум ираджащ. Ар хэтащ ЛНР-мрэ ДНР-мрэ я Iэхэлъахэм щекIуэкIа зэхэуэхэм. Абдеж нэрылъагъу щыхъуащ абы и зэфIэкIышхуэр, хахуэу, лIыгъэ зыхэлъ офицеру псоми ягу къинэжащ. 2024 гъэм зэуапIэм щыхэкIуэдащ. Зауэ къалэнхэр щIыхь пылъу зэригъэзэщIам папщIэ ЛIыхъужьыгъэм и орденыр, (хэкIуэда нэужь) къыхуагъэфэщэжащ…
МЫРЗЕЙ Мухьэмэд Беслъэней къуажэм къыщыхъуащ. НыбжьыщIэр хахуэт, жиIам тетхэм ящыщт. ИкIи 2023 гъэм езыр хуейуэ къэралым и хьэлэмэт зэрихуэну зауэ операцэ хэхам макIуэ. Зыми жримыIэу Iууват ар зауэм. ИужькIэ, адэ-анэм къажриIэжащ, нэгъуэщIу зэрыхуэмыщIыну щытар, сыту жыпIэмэ езым хуэдэ и ныбжьэгъухэм я гъащIэм темышыныхьу Хэкур яхъумэт, уIэгъэ хъут, хэкIуадэт… Мухьэмэд зауэ Iуэхум пэжыжьэу щытами, абы щIэх дыдэ зыхуигъэсэжри, зауэлI щыпкъэу ирихьэкIащ. ЩытыкIэ хьэлъэхэр къыщыкъуэкIкIэ зыщIэныр зыгъэбелджылыф, унафэ тэрэз къэзыхьыф, хахуагъэ зыбгъэдэлъ зауэлIу щытащ. Абы къыхуагъэфэщат лейтенант фIэщыгъэцIэр, икIи ебгъэрыкIуэ гупым и унафэщIу щытащ. Ар хэтащ ЛНР-мрэ ДНР-мрэ и гъунапкъэхэр хъумэнымкIэ екIуэкIа зэхэуэхэм.
НыбжьыщIэр илъэс 35-т зэрыхъур, адэ-анэм я къуэ закъуэт… Мухьэмэд цIыху гуапэу зэрыщытар ягу къагъэкIыжащ абы къыдалъхуахэм. Сыт щыгъуи лIыхъужьу я гум зэрилъынури жаIащ. СЕРГИЕНКО Алексей мы еджапIэр къиухауэ щытащ 1992 гъэм. Ар Шэшэн Республикэм деж къэралым къыхуигъэува и зауэ къалэнхэр щигъэзащIэу 1996 гъэм хэкIуэдащ. ЕджапIэм и унафэщым фэеплъ пхъэбгъур къызэIуиха нэужь, псалъэ иратащ Лий Алий.
— ЕджапIэм и лэжьакIуэхэми, сабийхэми фIыщIэ мыухыж фхузощI фи лIыхъужьхэр зэрыфщымыгъупщэм папщIэ. Аращ щIыжаIэр, лIыхъужьхэм зыщIыпIэ ущылъыхъуэн хуейкъым, ар уи еджапIэми, уи гъунэгъум дежи, уи къалэми щыбгъуэтынущ. СыволъэIу ахэр зэи зыщывмыгъэгъупщэну. Абыхэм цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр — я гъащIэр щIатащ фэрэ дэрэ тыншу дыпсэуным. ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Ахэращ зэлъытар къытщIэхъуэ щIэблэм ябгъэдэлъыну зэхэщIыкIыр. АбыкIэ егъэджакIуэми, адэ-анэхэми си щхьэр фхузогъэщхъ, — жиIащ къулыкъущIэм.
ЗауэлI хахуэхэм я фэеплъу къекIуэлIахэр дакъикъэкIэ щыму щыта нэужь, удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ фэеплъ блыным и лъабжьэм. Адэ-анэхэм фIыщIэ хуащIащ я бынхэм гулъытэ къахуэзыщIа еджапIэм и унафэщIми, фэеплъ дауэдапщэр зыгъэхьэзыра, еджапIэм гъэсэныгъэ IуэхумкIэ унафэщIым и къуэдзэ Куэбл Мухьэмэдрэ еджапIэ музейм и унафэщI, тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Алэш Мэрянэрэ. АдэкIэ хьэщIэхэм еджапIэ музейм зыщаплъыхьащ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.