СВО-р къыщежьэм, къэралым и къуэ, ипхъу хахуэхэр зы анэ и быну ем пэщIэуващ. Абыхэм ящыщщ зауэ операцэ хэхар къыщежьам, ипэм щегъэжьауэ хыхьауэ, нобэр къыздэсым хэт, Инжыджышхуэ къуажэм щыщ АШЫБОКЪУЭ Беслъэн Хъусин и къуэр. Къыхэгъэщыпхъэщи, Беслъэн щапхъэ зытрихын нэхъыжьыфIхэр иIэщ.
Апхуэдэщ Хэку зауэшхуэм хэта и адэшхуэ Исмэхьил. ЗыгъэпсэхуакIуэ къыщыкIуа зэман кIэщIым къриубыдэу, адыгэлI хахуэм зэпсэлъэныгъэ драгъэкIуэкIами наIуэу къыхощ Беслъэн СВО-м хуиIэ еплъыкIэр, и хэкупсагъэ быдэр. — СВО-р къыщежьэм шэч къытезмыхьэу сыхыхьащ, сыту жыпIэмэ сэ сыхуейщ къэралыр, жылагъуэр, си унагъуэр, къуажэр тыншу, мамыру псэуну, шынагъуэншэу щытыну. Ди зэманым, Хэкум къегъур куэд щыхъуам, шы нагъуэ щытыкIэхэр къыщыхукъуагъэкIым, IэштIымыр къыщыхуагъэдалъэм — абы и шынагъуэншагъэм и плъыру, и хъумакIуэу ущытыныр зэгуэрми хуэмыдэу щIыхьщ, къалэнщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ.
Хэкур схъумэныр сэркIи щIыхьышхуэщ. ЗэуапIэхэм псори Iумытми, къыткъуэтыр мащIэкъым, икIи СВО-м хэтхэм хэгъуэгум, гъунэгъум, ныбжьэгъум я дэщтэныгъэмрэ дэIэпыкъуныгъэмрэ къызэрымыкIуэу зыхащIэ. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ сабийхэм нытхуатх тхыгъэ хьэрэмыгъэншэ, ауэ гъунэншэу хуабагъэрэ гуапагъэрэкIэ гъэнщIахэр. Абыхэм дигухэр зэрагъэхуабэр къэIуэтэгъуейщ. Ауэ сабий тхыгъэ цIыкIу къэс ди бгъэгухэм зэрыщытхъумэр, абыхэм къытедгъэзэжурэ дызэреджэр жысIэми ирикъуну къыщIэкIынщ.
КъинэмыщIауэ, Хьэбэз районым къыбгъэдэкIыу гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр зэпымыууэ къытIэрохьэ, фIыщIэ яхузощI си щхьэ кIи, си зауэгъухэми къабгъэдэкIыу. Фи жумартагъым, фи гу хуабагъым, фи зэхэщIыкI лъагэм, зауэлIхэм яхуэфщI гулъытэм папщIэ — Тхьэм фигъэпсэу! Шэч къытевмыхьэ, фи хэлъхьэныгъэ уасэншэ Iыхьэ хэлъщ куэд мыщIэу ТекIуэныгъэкIэ иухыну СВО-м. Те кIуэныгъэр дыдеинущ! — кIэщIщ, ауэ шэчыншэщ зауэлI хахуэм и псалъэр. Ашыбокъуэ Беслъэн и зауэлI IуэхущIафэхэм я нагъыщэщ къыхуагъэфэща Суворовым и цIэкIэ медалыр. Ашыбокъуэм и гупсысэр гъэнщIащ хэкупсагъэкIэ, лъэпкъыпсагъэкIэ, Хэку фIылъагъуныгъэкIэ. Абыхэм я щыхьэтщ и зэуэкIэр, и цIыху хэтыкIэр. Ашыбокъуэ Беслъэн — лIыгъэрэ бэшэчагърэкIэ псыхьа адыгэлIщ. Дрогушхуэ ди лъэпкъэгъум икIи кIэщIрэ псынщIэу, ТекIуэныгъэр я гъуазэу, я лъахэ къыщихьэжынум дыпоплъэ Беслъэни, дэтхэнэ зауэлIми.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.