Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ ТЕМРЕЗОВ Рэшид лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Нэгъуей районым. Республикэм и унафэщIыр IущIащ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Хапиштов Мурат.
Ахэр тепсэлъыхьащ Нэгъуей районым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, абы щыщу, инфраструктурэм зегъэузэщIыным, еджапIэхэмрэ щэнхабзэ къулыкъущIапIэхэмрэ зэманым тегъэпсыхьыным, къуажэхэм я жылагъуэ утыкухэр зэIузэпэщ щIыным япха Iуэхухэм. УнафэщIитIыр зэщIыгъуу щыIащ Санглибаев М. А. и цIэр зезыхьэ Эркен-Хьэлъкъ курыт еджапIэм. Абдежым щаух «Модернизация школьных систем образования» къэрал программэм и къэухьхэм иту ирагъэкIуэкI капитальнэ зэгъэзэхуэжыныгъэр. ЕджапIэр ятегъэпсыхьащ сабий 250-м. Iуэху нэхъыщхьэхэр зэлъыщIагъыхьащ: еджапIэм и унащхьэр, инженернэ ком муникацэхэр зэрахъуэкIащ, еджапIэм и щIыбымрэ и кIуэцIымрэ зэпэщ ящIащ.
— Районым и Iэтащхьэм а щIыпIэм деж пщэрылъ щхьэхуэхэр хуэсщIащ. Езы еджапIэр капитальнэу зэрызэрагъэзэхуэжым къинэмыщIауэ, зэтрагъэпсыхьыжынущ еджапIэ спортзалыр, пщIантIэмрэ абы къегъуэлъылIэ щIыналъэмрэ. Сабийхэр щIыхьэжын хуейщ иджырей гъэпсыкIэм иту, къызыхуэтыншэу зэрагъэзэхуэжа еджапIэм. Абдежым абыхэм щаIэнущ фIыуэ еджэн, заужьын щхьэкIэ лъэкIыныгъэ псори. Ди гуапэу тлъэгъуащ Нэгъуей районым и къуажэ зэхуэмыдэхэм къикIа сабийхэм еджапIэм и Iэгъуэблагъэм спорт джэгухэр зэрыщрагъэкIуэкIыр. А псори спорт бэнэкIэмкIэ еджапIэм и гъэсэнхэщ. Мы еджапIэм къыщIэкIащ хуиту бэнэнымкIэ Европэм щэнейрэ щытекIуа Джандубаев Амал. Унафэ къэсхьащ иджырей спорт купсэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы хэтынущ футбол джэгупIэр, къыздэжэ гъуэгу цIыкIухэр. ЕджапIэм къегъуэлъылIэ щIыгум и зы Iыхьэм щагъэтIысынущ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я хадэ цIыкIу.
Абы сабийхэм лъэкIыныгъэ къаритынущ лэжьыгъэхэм хэтыну, я IэкIэ ягъэкIа пхъэщхьэмыщхьэ щIэщыгъуэхэр яшхыну, — и МАХ мессенджерым щитхащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.