Лъэпкъыбзэр тхылъым щрепсэу

Мазаем и 17-м Черкесск къалэм «Зыуэ щыт Урысей» партым иIэ, жылагъуэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ и Штабым и хэщIапIэм лъэтеувэ щыхуащIащ «КъэрэшейЧеркес тхылъ тедзапIэ» РГБУ-м 2025 гъэм къриубыдэу къыдигъэкIа тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм.

Тхылъ тедзапIэм и ехъулIэныгъэхэр къэзыпщытэж дауэдапщэм къеблэгъащ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ министр Есенеев Мурат, юстицэм и полковник, Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Мурат и пхъурылъху Куликов Олег, Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым и ректоратым и чэнджэщэгъу Узденов ТаусулътIан, усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Афганистаным и ветеранхэм я Союзым и тхьэмадэ Мамчуев Иса, нэгъуэщIхэри. Тхылъхэм я лъэтеувэм хэтащ ахэр дунейм къытехьэнымкIэ щхьэусыгъуэр къызыбгъэдэкIа авторхэри, тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэу тхылъхэр къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьахэри. — Лъэпкъыбзэхэр хъума хъунымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкI, анэдэлъхубзэмкIэ тха тхылъхэм. Къыхэзгъэщынщи, дэркIэ нэхъыщхьэр тхылъхэм я купщIэмрэ я теплъэ екIумрэщ, нэхъ я бжыгъэракъым. Апхуэдэ тхылъ хъуауэ къызолъытэ «Поклонимся ве ликим тем годам» зыфIащар.

Ар Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрилъэщрэ илъэс 80 зэрырикъуам теухуащ. Нэхъыщхьэращи, ар ди лIыхъужьхэм яхуэтщI пщIэм, я фэеплъым и щыхьэтщ, щIалэгъуалэм ди адэжьхэм я блэкIар ядгъэцIыхунымкIэ щхьэпэщ, — жиIащ Есенеев Мурат. Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Хубиевэ Аланэ министрым и псалъэхэр щIигъэбыдэжу жиIащ ТекIуэныгъэ Иным траухуа тхылъыр икъукIэ зэрыгушхуэ къыдэкIыгъуэ зэрыхъуар. — Абы щызэхуэхьэсащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ, ди республикэм щыщу Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрахьэу хэта лIыхъужьхэм ятеухуа тхыгъэхэр. Мы тхылъыр сыт и лъэныкъуэкIи фIы, дахэ зэрыхъунум дыхущIэкъуащ, абы елэжьа дэтхэнэми и псэм щыщ Iыхьи хилъхьауэ солъытэ, — жиIащ тхылъ тедзапIэм и унафэщIым. Тхылъ тедзапIэр, зэрытщIэщи, ди республикэм щыпсэу, хэгъуэгур къэзыгъэщI лъэпкъитхум я редакцэхэмкIэ зэхэтщ. Абыхэм я редакторхэм дэтхэнэ тхылъри утыку кърахьащ, авторхэм я гугъу ящIащ. Апхуэдэу адыгэ редакцэм и нэIэм щIэту 2025 гъэм тхылъитI къыдэкIащ. Абыхэм я гугъу ищIащ редакцэм и редактор Тхьэгъэпсэу Дианэ.

— АдыгэбзэмкIэ къыдэкIащ Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ и IэдакъэщIэкI, сабий усэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ зэхэгъэува «Бзэ лъэмыж бзэрабзэ» тхылъыр. Ар хуаб жьу щхьэпэ хъунущ нэхъ цIыкIу дыдэхэм деж щегъэжьауэ анэдэлъхубзэр сабийхэм ягъэцIыхунымкIэ, лъагъуныгъэ абы хуаIэу къэгъэтэджынымкIэ. КъинэмыщIауэ, тхылъыр сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIи гъэнщIащ, ари щхьэпэщ нанухэр зришэлIэнымкIэ. ЕтIуанэ тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ нобэ къытхэмытыж Къэрэшей-Черкесым и цIыхубэ тхакIуэ БакIуу Марие. Абы и Iэрытхыр и унагъуэм щахъумэри, иужьым «ХьэзабкIэ сея лъагъуныгъэ» романыр дунейм къытехьащ. Тхыгъэр зытеухуар лъагъуныгъэм лъэпощхьэпо хуэхъу къэхъукъащIэхэращ, псэ къабзагърэ лъагъуныгъэм и лъэщагърэкIэ абыхэм япэлъэщын зылъэкI лIыхъужьхэращ, — жиIащ ре дакторым.

НэгъуэщI лъэпкъыбзэхэмкIи къыдэкIа тхылъхэм редакторхэм къеблэгъахэр щагъэгъуэзащ. ЖыIэпхъэщ, тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэхэми и унафэщIми Есенеев Мурат мызэ-мытIэу фIыщIэ зэрыхуащIар. Абыхэм къыхагъэщащ ар сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн зэрыхъуар, уеблэмэ тхылъ къэс и нэIэ зэрыщIигъэтар.

Мы дауэдапщэм ипкъ иту къэпсэлъа куэдым нэхъыщхьэу зы гупсысэ къыхагъэщащ — республикэ тхылъ тедзапIэм тхылъыщIэхэр дунейм къытригъэхьэ къудейкъым, атIэ лъэ пкъыбзэхэр хъумэнми хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI, тхылъхэр зэрытха бзэхэри, авторхэм я гупсысэхэри мылIэжыныпсэ ящI.

ЧЫРБЫЖ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *