Илъэс къэс 1998 гъэ лъандэрэ шыщхьэIум (августым) и 1-р – зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я Махуэр – адыгэу дунейм тетым догъэлъапIэ. Нобэ хамэщI къиIэпхъукIыжу зи Хэку-анэр зыгъуэтыжа ди къуэшхэр, ди шыпхъухэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей–Черкес республикэхэм щопсэу.
МахуэщIыр лъэпкъыр зэрызэрыгъуэтыжым и дамыгъэщ, шэч хэмылъу. Ди щIэджыкIакIуэхэм мызэмытIэу я гугъу фхуэтщIащ ди хэгъуэгум къэзыгъэзэжауэ щыпсэу унагъуэ зыбжанэм. Арами, гъэхэр макIуэ, куэдым захъуэж. Абы къыхэкIыу, ди лъэпкъэгъухэм я нобэрей щыIэкIэ-псэукIэм фыщыдгъэгъуэзэну ди гуапэщ. Апхуэдэщ Щамым (Сирием) къикIыу Кавказыр, адэжь щIыналъэр илъэс 14-кIэ узэIэбэкIыжмэ екIуэлIапIэ зыхуэхъуа КЪАРДЭНХЭ Данялрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ).


Зэщхьэгъусэхэр Хьэбэз къуажэм илъэс 13 хъуауэ щопсэу, пщащитI – Таерэ Зоерэ – зэдапI. Данялрэ Бусейнэрэ ятеухуауэ фигу къэдгъэкIыжынщи, ахэр Налшык къалэращ здыщызэрыцIыхуар. АтIэ, Дамаск къикIыу, Кавказым къыщыкIуэжам, япэщIыкIэ ахэр Налшык къалэм щетIысэхауэ щытащ. ЖыIэпхъэщи, Дамаск ахэр щыпсэум зэрыцIыхуакъым икIи зэрылъэгъуакъым. Тхьэм апхуэдэу иухуати, бзылъхугъэми унагъуэм и тхьэмадэми я щхьэгъусэхэр Дамаск деж дунейм щехыжауэ щытащ. Дэ дызэреплъымкIэ, Данялрэ Бусейнэрэ икъукIэ зэгурыIуэу, зэдэIуэжу псэу зэщхьэгъусэхэщ. Адыгэм зэрыжиIэщи: «Нэ зытрамыгъаплъэм хуэдэхэщ».
Пэжыр жытIэнщи, Данялрэ Бусейнэрэ я унагъуэм ущихьэкIэ, адыгэ унагъуэ дахэ узэрихьар зэуэ зыхыбощIэ: я хабзэкIи, я бзэкIи, я псэукIэкIи… Зэщхьэ гъусэхэр гуапэщ, щабэщ, уи Iыхьлы нэхъыфI дыдэм деж хьэщIапIэ укIуауэ къыпщохъу абыхэм уащыкIэрыскIэ. ИкIи зы тIэкIурэ уадэпсэлъа нэужь, къыбгуроIуэ Тхьэшхуэм а тIур щIызэпэщIигъэхуар, зы хъуну щIахуигъэфэщар…
Егъэлея хэмылъу жытIэнщи, цIыху нэхухэщ. А нэхугъэрауэ къыщIэкIынущ мы унагъуэм и насыпыр къызыдэкIуэри. НобэкIэ абыхэм я унэ яIэжу Хьэбэз дэсщ, хэгъэрей зэрыхъужрэ куэд щIащ. АбыкIэ, дауи, щхьэпэ хъуа, къадэIэпыкъуа цIыхуфIхэри, зэфIэкI зиIэхэри щыIэщ. Ауэ, мыбдеж, Iэмал имыIэу, гу лъыттэну дыхуейщ езы зэщхьэгъусэхэми куэд ялъытауэ зэрыщытым. Ар къызыхэкIыр, къызэрытлъытэмкIэ, ахэр псэкIи-лыкIи адыгэу зэрыщытращ: адыгэ хьэлыр, гупсысэкIэр щытепщэщ я гъащIэм. АбыкIэ жытIэну дызыхуейр: езы хэр япэ дакъикъэм щегъэжьауэ дахэу, адыгэ унагъуэу псэуну пылъщ. Хьэбэз къыщыкуэшыжым зэуэ хадэцIыкIухэкIхэр абы хэм хасащ, пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэр зэрахьащ, джэди тхьэкIумэкIыхьи зехуэн щIадзащ. ЗэрыжаIэщи – псэунур зэуэ болъагъу. КъинэмыщIауэ, жыIэпхъэщ ахэр Щамым зауэр къэмыхъей щIыкIэ, куэдкIэ ипэ иту Хэкум къэкIуэжыну зэрыщIэхъуэпсу щытар. АрщхьэкIэ, зыпIэту зыщIыпIэ укуэшыжыныр тыншкъым. Данял къыхегъэщ и адэр Кавказым щIэгупсысурэ дунейм зэрехыжар…
НобэкIэ Къардэнхэ унагъуэ зэтегъэпсыхьащ. Мыбдеж къэхъуа дэтхэнэми хуэдэу, махуэ къэс къапэщIэт лъэпощхьэпохэр зэрагъэзахуэ, я бынхэр къызэраIэтынум, щхьэпэ зэрахуэхъунум хущIокъу. Данял илъэс бжыгъэкIэ жыпсыщI заводым щылэжьауэ, иджыкIэ дэсми, абы Iэмал имыIэу лэжьыгъэ къызэригъуэтынур жеIэ. Ари гурыIуэгъуэщ Iуэхуншэу емыса лIыр, пхудэсыну?! Бусейнэщи, ар IэпэIэсэщ, я гъунэгъум дапIэ цех щыIэщи, абы гуащIафIэу щолажьэ.
Я пщащэхэращи, Хьэбэз лицейр «тху» защIэкIэ къауха нэужь, Пятигорск дэт къэрал университетым «Высшая школа дизайна и архитектуры» факультетым щIыхьауэ щоджэ. Япэу а ищхьэ еджапIэм 2023 гъэм лъагъуэ щыпхызышар Таещ. Абы мы гъэм «Дизайн среды» унэтIыныгъэмкIэ е 3-нэ курсыр къиухащ. Пщащэм къыхиха кIуэрабгъум хеубыдэ интерьер, ландшафт дизайн лIэужьыгъуитIри. Пщащэ гурыхуэр иджыкIэ бакалавриатым щоджэри, ар къызэринэкIмэ, магистратурэм щIыхьэжын и мурадщ.
— СызэрыцIыкIурэ сурэт щIыным сыдихьэхти, творческэ IэщIагъэ гуэрым сыхуеджэну сыщIэхъуэпст. Ауэ къызгурыIуэт абыкIэ сылэжьэнуи лъэкIыныгъэ сызэрыхуеинур. Апхуэдэу дизайн лъэныкъуэр къыхэсхащ. Сызыхуей еджапIэм сыщIыхьащ икIи зы махуи абы сыхущIегъуэжакъым. Дызэджэри, дезыгъаджэхэри сигу ирохь. Гъэ къакIуэ диплом проектым и ужь сихьэнущи, ар зэрысщIынум иджыкIэ согупсыс, — къыддогуашэ Тае.
Пщащэм и еджэнымкIэ къыхуагъэув къалэнхэм япкъ иту сурэтхэр, проектхэр, макетхэр куэду, зэщымыщу егъэхьэзыр. Ауэ абы къинэмыщIауэ езым фIэфIу зэрыцIыкIу лъандэрэ сурэтхэр, портретхэр итх зэпытщ. Апщыгъуэми абстракцэр къегъэсэбэп, лэч, нэгъуэщI-къинэмыщI Iэмалхэр къегъэщхьэпэри, сурэтхэр гъэщIэгъуэныщэ мэхъу. А псоми къыдэкIуэу тхылъ еджэныр Тае и щIасэщ. Псом хуэмыдэу, абы и псэм нэхъ пэгъунэгъур хамэщI классикхэращ. Тхыгъэхэм урысыбзэкIэщ зэреджэр. Псалъэм папщIэ, иужьрейхэм ящыщщ Корелли Марие и «Страсть сатаны», Гюго Виктор и «Последний день приговорённого к смерти» хуэдэхэр. Тае и шыпхъу нэхъыщIэ Зоещи, а университет дыдэм щIыхьащ, етIуанэ курсыр къиухагъэххэщ. Ауэ Зое къыхихар «Архитектура» унэтIыныгъэращ. Япэхуным мы пщащэ гуапэм зэдзэкIакIуэу еджэну мурад ищIат.
— Сыту жыпIэмэ, хьэрыпыбзэри урысыбзэри соцIыху, икIи абыхэмкIэ нэхъри сефIэкIуамэ, тыншу а IэщIагъэр къыздэхъуну си гугъэт. Ауэ курыт еджапIэр къыщызух дыдэм, сыщIегъуэжащ. Тае хуэдэу сэри сурэт тхыныр сфIэфIщ, арати сехъуэпсэжащ творчествэ здэкуэд лэжьыгъэм, — къыддогуашэ Зое. Апхуэдэу пщащэм университетым щIыхьэным зыхуигъэ хьэзырын щIидзащ. ЖыIэпхъэщи, ЕГЭ-р тыншу ита щхьэкIэ, къыхиха ищхьэ еджапIэм ущIыхьэн папщIэ, иджыри езым я экзаменищ птын хуейт. Зое къыхиха унэтIыныгъэмкIэ апхуэдэт черчение, сурэттхын, «3D» композицэр. Арати, пщащэм щIэгъэхуэбжьауэ зигъэхьэзырын щIидзащ. Ар Черкесск къалэм щылажьэ, сурэтыщI Iэзэ Щохъужь Мухьэмэд и студием кIуэуэрэ щIэх дыдэ зиужьащ.
— Пэжыр жысIэнщи, архитектурэ унэтIыныгъэм сытезыгъэгушхуар Щохъужь Мухьэмэдщ. Абы жиIащ Тае дизайнеру щыщыткIэ, архитектурэм сэ зестмэ лъэрыхь зэрыхъунур. Псалъэм папщIэ, хэт ищIэрэ, зэгъусэу студие къызэIутхыфмэ зэгуэрым…, – жеIэ Зое. Пщащэр университетым зэрыщIыхьэрэ къыхиха IэщIагъэм хущIегъуэжакъым. Гурыхуэу йоджэ, яджыр фIэгъэщIэгъуэнщ. Пэжщ, сопромат, геодезие предметхэр гугъущ.
Ауэ зэрысабий лъандэрэ математикэр зыфIэфI, къызыдэхъу Зое ахэри лъэрыхьу къызэренэкI. Зои, и шыпхъум хуэдэу, сурэт гъэщIэгъуэныщэхэр и Iэда къэщIэкIщ, абы живописыр и псэм нэхъ пэгъунэгъущ. ИджыкIэ я зыгъэпсэхугъуэщи, Хьэбэз хьэуамрэ анэм и шхыныгъуэ IэфIхэмрэкIэ загъафIэу дэсщ. Къардэнхэ я унагъуэр и щапхъэ дахэщ адыгэр лъыкIи псэкIи анэ-Хэкум нэрымылъагъу IуданэкIэ зэрепхам. Ахэр изогъэщхь зыщыщ, тегъэпсыхьа щIыпIэ зыгъуэтыжа жыгыщIэм.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.