Си цIэр Сэтэнейщ, илъэсищэ зауэжьым и щхьэлыдзэм дагъэкIыу, зи Хэкур зрагъэбгынэу ТыркумкIэ яхуа беслъэней адыгэхэм сращылъхущ. Си адэ тхьэмыщкIэ НэтIабжьэ Жанхъуэт и гъащӏэ псор триухуащ адыгэ тхыдэр, щэнхабзэр, лъэпкъ ӏэщӏагъэхэр джыным.






Ар егъэджакIуэт, гъукIэ къызэрымыкIуэт икIи тхыдэджт. Си анэр, Айхъан, беслъэнеипхъущ: и дыщыр Бланэхэщ. Шыпхъу нэхъыжь сиӏэщ, Синэмыс и цIэу. Ди сабиигъуэр гъэнщIауэ щытащ адыгэ уэрэдымрэ къафэмрэкIэ, беслъэнеибзэмрэ ди нанэ Макъбулэ и абэзэхыбзэмрэкIэ… Илъэситхум ситт ди адэр Анкара ирашу Иорданием щрагъэблэгъам: абы щыIэ адыгэ еджапIэм щIэс цIыкIухэр анэдэлъхубзэм, цIыхубэ IэщIагъэхэм, къафэхэм хуригъаджэмэ яфIэфIу. Мами, арджэныщI, шыкӏэпшынауэ Iэзэ ГъукIэ Зэмудин и гъэсэну зэрыщытыр щызэхахым, Иорданием и пащтыхь гуащэ Нур и щӏыхькӏэ къызэрагъэпэща «Nour Foundation» консерваторэм IэнатIэ къыщратащ, оркестрми хагъыхьащ. ЗэшыпхъуитIыр адыгэ фӏэкӏа зыщIэмыс HAMZA еджапӏэм дыкIуэт, дерс нэужьхэм консерваторэм шыкӏэпшынэ еуэкIэхэм зыщыхуедгъасэт, Тыркум и щэнхабзэ Купсэу хьэрып къэралым щыIэм къыщызэрагъэпэща курсхэм тыркубзэр щыдджт.
Еджэнымрэ зыгъэсэнымрэ зэман куэд тфIихьми, Синэмысрэ сэрэ гугъу демыхьу зэдгъащӏэт ди анэдэлъхубзэри, хьэрыпыбзэри, тыркубзэри, инджылызыбзэри. Дауи, усабийуэ нэгъуэщӏ щэнхабзэм ухэзэгъэныр, бзэ зыбжанэ зэуэ зэбгъэщӏэныр тынштэкъым. Ауэ, сыщызэплъэкӏыжкIэ, къызгуроӏуэ ди гъащӏэм ефӏэкӏыныгъэу апщыгъуэм игъуэтар нобэ къызэрытщхьэпэжыр. Еджэным дэтхьт адыгэ къафэри. Ди адэ-анэр тIури къэфакIуэт, зы ансамблым хэту нэIуасэ щызэхуэхъуати, абыхэм я лъагъуэм дримыкIуэныр емыкIушхуэу къытщыхъут. Нэхъапэ папэ къыддэлэжьащ, иужьым «Кабардинка» ансамблым солисткэу хэта Къущхьэ Еленэ и деж дыкIуащ лъэкIэ быдэу дыувыху.
Иорданием илъэсийкIэ дыщыпсэуа нэужь, ХэкумкIэ дыIэпхъуащ. БеслъэнеищIым. Инжыдж Iуфэм дыIумытIысхьэу, унагъуэр Мейкъуапэ дыщетIысэхащ, абдеж нэIуасэ куэд зэрыщыдиӏэр Iуэхум къыхэтлъытэри. Си шыпхъумрэ сэрэ, дызэресауэ, махуэм — курыт еджапIэм, пщыхьэщхьэм — къафэмрэ шыкӏэпшынэмрэкIэ дерсхэм кIуэным адэкIэ пытщэжащ. Илъэс бжыгъэфI дэкӏауэ, ди адэм зыкъиумысыжащ, нэгъуэщӏым и щэнхабзэм дыхэшыпсыхьыжынымкIэ, анэдэлъхубзэм дримыпсэлъэжу дыкъэнэнымкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм папщIэ, пщащэхэр Кавказым дишэжыну зэрыхуеяр. Мамэ, зы упщӏэ леи иримыту, и щхьэгъусэм зыщӏегъакъуэ, ди пщэдей нэхум и хьэтыркӏэ, гъащӏэ тынш къыдэзыта щӏыналъэм икIыжыну арэзыуэ.
Мейкъуапэ дыщыкIуа гъэр зэман мытынш дыдэм хуэзат — къэралым иджыри къыщызэтенат япэрей жылагъуэ-политикэ бэзыр, ауэ ди адэ-анэм яхузэфӏэкӏ къагъанэтэкъым Хэкум дыщыпсэуфынымкIэ. Адыгэ Республикэм илъэсищ дыщыпсэуауэ, ди адэм и шынэхъыщIэм уз хьэлъэ къоуалIэри, Тыркум къэдгъэзэжын хуей мэхъу. Синэмысрэ сэрэ дыщIотIысхьэ Билкент университетым и музыкальнэ факультетым. Стипендие лъагэхэр тхуагъэуву доджэ. Мыадыгэ дунейм дызэрыдэкIуэдым иригузавэ ди адэм, Анкара дэт Адыгэ Хасэм дешэри дрет къэфакIуэхэр игъэхьэзыру абдеж щылажьэ балетмейстерым. Жылагъуэ организацэм и хэщIапIэр унэ етIуанэ тхуохъу. МузыкэмкIэ академиер къэдуха нэужь, си шыпхъумрэ сэрэ таучэл дощI ХэкумкIэ дихьэжу Адыгэ Хасэм и егъэджэныгъэ программэмкӏэ Налшык къалэм дыщеджэну. ИкIи къыдохъулIэ. Къэбэрдейм илъэсийкӏэ дыщыпсэуху хуабжьу къыддэIэпыкъуащ Еуаз Зубер, Атэбий Игорь, Битокъу Беслъэн сымэ. Къафэмрэ уэрэдымрэ я курыкупсэм дызэритам абыхэм я фIыщIэшхуи хэлъщ. КъБКъУ-р сервисымрэ туризмэмрэкIэ и къудамэр диплом «плъыжькIэ» къыдоух, арщхьэкIэ, дэ дызыхуей лэжьапIэ дымыгъуэту, ди адэ-анэм я деж догъэзэж. Сэ иджыпсту Истамбыл сыдэсщ, си унагъуэр — Анкара щопсэу.
Си IэнатIэр медицинэм епхащи, хамэ къэралыбзэхэмкӏэ си щӏэныгъэр жыджэру къызогъэсэбэп. ХущIыхьэгъуэ зэрызгъуэту, бзылъхугъэ ныбжьыщIэхэр адыгэ къафэм хузогъасэ. Къафэр, сэ къызэрысщыхъумкIэ, си гъащIэм и хьэуа Iубыгъуэ къабзэщ. Согупсысыжри, пэжщ, нэгъуэщӏ ӏуэхуи схузехьэнут сыхуеямэ, ауэ къафэр сыт щыгъуи япэ изгъэщу сесащи, абы и хьэтыркӏэ ӏэмал куэд ӏэщӏыб сщӏащ икIи сощI. Абы сыхущӏегъуэжрэ? Шэч хэмылъу — хьэуэ! Си фӏэщ мэхъу ныбжьыр творчествэм зыкIи зэремыхьэлIар икӏи къафэм гу хуэзыщIа дэтхэнэ зыри и ӏэпкълъэпкъкӏи и щIэныгъэкIи зэрефӏакӏуэр. Дерсхэр щезгъэкIуэкIкIэ, ди адэ тхьэмыщкIэр сигу къокӏыж…
И гъащӏэ псор абы хуигъэтIылъащ цIыкIухэр егъэджэным, цIыху щэ бжыгъэм, хэбгъэзыхьмэ, мин бжыгъэм щIэныгъэ ятыным. Зэгуэрми сщыгъупщэжынукъым абы и псалъэ Iущхэр: «Ди бынхэм фIагъыу яхэлъыр къызэрыплъытэ хъун пщалъэ щыIэкъым. Зы адыгэ сабии дгъэкӏуэд хъунукъым, псори зэхуэдэу дгъэсэн, дгъэгъуэзэн хуейщ», — зэрыжиIар.
А бгъэдыхьэкIэм сэри сытетщ къэфакIуэхэр къыщысщтэкӏэ. И зэчийкӏэ, и ӏэпкълъэпкъкӏэ е и зэфӏэкӏкӏэ цӏыхур къыхэсхкъым. Сэ соплъ ди щэнхабзэм абы пщӏэуэ хуищIым, гууз-лыузу хуиIэм: иреадыгэ ар е иретырку. Япэрауэ, си гъэсэнхэм псэкӏэ зыхазгъэщIэну си пщэрылъщ ди къафэ лIэужьыгъуэхэм якIуэцIылъ щэнхабзэ куур. Си шыпхъумрэ сэрэ ди цIыкIущхьэм епха ӏуэху гъуэ гъэщӏэгъуэн зыбжанэкӏи сывдэгуэшэнут. Ди адэр хуабжьу ткӏийт анэдэлъхубзэм ехьэлӏауэ: ар зэи тыркубзэкӏэ къыдэпсалъэтэкъым, а бзэмкӏэ етта упщӏэхэми жэуап къаритыжтэкъым. Зэхимых нэпцI зищӏт. Пэжыр жысIэнщи, дэ — цIыкIухэм, апхуэдэу зыщIищIыр тхузэгъэзахуэтэкъым, ди гугъэт и тхьэкIумэхэм гуныкъуэгъуэ яӏэу. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, ар апхуэдэу иувыкIыу жиIэнIа щIимыдэр адыгэбзэкӏэ зэрызыхуэдмыгъазэрат.
Ди лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и бзэмрэ арыншэу зэрытхуэмыхъумэнур хьэкъ сщищIащ папэ, икIи, си фIэщ игъэхъуащ Адыгэ Хабзэр унагъуэм къызэрыщежьэр. Ди адэ-анэм ену къыхагъэщт зэшыпхъуитIыр мардэншэу дыщыту зэрамыдэнур, къыджаIэ зэпытт дыкъызыхэкIа лъэпкъым дыхуэфэщэныр ди гъащIэм и къалэн нэхъыщхьэр арауэ. А гъэсэныгъэ хабзэ дыдэхэри и пхъурылъхум къыхуигъэсэбэпт папэ — Синэмыс и пщащэ Синэху. Иджырей сабийхэм яхэзэгъэгъуейщ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэхэр, ауэ, ди адэм, зыми и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ, шыIэныгъэ зыхигъэлът. Синэху къыгуроIуэ и дадэр апхуэдэу къыщIыхуэткIияр, езыри хущӏокъу гулъытэрэ пщӏэрэ хэти хуиӏэным. Ди адэм и адэшхуэ Щауэ Хьэтып Кавказыр ибгынащ и ныбжьыр илъэси 7-8-м иту.
Ар Дюздже къалэм и Истилли районым (и адыгэцIэр Едыджейщ) щытхьэмадащ. Абы и къуэш нэхъыщӏэ Пакъэ адыгэлӏ Етхьэм и дзэм хэтащ. Тыркум и хуитыныгъэм папщIэ Симавэ къалэм щызэхэта зэхэуэ гуащIэм ар хэкӏуэдащ, и гъунэгъум и къуэм и гъащӏэр къригъэлу. НэтIабжьэхэр дэсащ Къанокъуей къуажэм (Армавир пэмыжыжьэу щыс Бэчмырзейм). Илъэсищэ зауэм щыгъуэ пщы хьэблэхэр щагъэсам, псэууэ къелар нэхъ ипщэӏуэкIэ ӏэпхъуэри лъапсэ щаухуэжащ, Къанокъуэпщым и цIэр щIыпIэщIэм фIащри, ауэ, абыи ирамыгъэсу, кърахужащ. Къанокъуейм куэду щыпсэут Къанокъуэхи, НэтIабжьэхи, Сымхьэхи.
ЗэрыжаIэжымкIэ, ди унагъуэцӏэжьыр Бэчмырзэбейуэт нэхъапэ зэратхыр. Иужькӏэщ Тырку къэралым и унафэкIэ ди нэхъыжьхэм щIыхь пылъу зэрахьа НэтIабжьэ лIакъуэцIэр тIахыу, Деврим дыщыхъуар. Иджы дыдэ ди анэм къызжимыIамэ сщIэххэнутэкъым, папэ сымаджэ хьэлъэу пIэм щыхэгъуэлъхьам, дунейм ехыжмэ, Хэкум щыщIэтлъхьэжыну уэсят къызэригъэнар. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар гугъут дэфтэркIэ зэфIэдгъэкIыну… Зы махуи и нэ къыхуикIакъым Тыркум щыпсэуным. Уеблэмэ Мейкъуапэ дыщыдэсам иухуа унэр имыщэжауэ ноби щытщ, ар гугъэт, адыгэщIым итIысхьэж хъумэ, щIыIэмэр зи тепIэну къэна и жьэгум мафIэр щызэщIигъэстыжынкIэ. «Пащтыхь Хъусен си щIэныгъэм хуэмыныкъуамэ, ди лъэпкъэгъухэр езгъэджэну къызэмылъэIуамэ, Иорданием сыкъакIуэу хьэрыпхэм сакъыхэтIысхьэнутэкъым. Сэ слъэкI къэзмыгъанэу, си гур зэгъэху ди щэнхабзэм сыхуэмылэжьауэ, «уэху» жысIэу Хэкум згъэзэжыфынукъым», — адыгэщIыр и пщIыхь химыхрэ пэт, хьэрыпхэм щIахэтIысхьар къыдгурымыIуэу, Синэмысрэ сэрэ къыджиIауэ щытат иджыри Иорданием дыщыщыIам. Си гур псом хуэмыдэу изыкъутыхьыр зыщ — зыми пэзмыщI цӏыхухъу щыпкъэр пасэ дыдэу зэрытхэкӏыжаращ. Сэ сошынэ ар зэрыщӏэхъуэпсауэ си гъащӏэр схуэмыгъэпсынкӏэ, и гугъапӏэхэр схуэмыгъэпэжыжынкӏэ. Иджыпстуи, езыр IэпкълъэпкъкIэ димыгъусэжми, слъэкӏ къэзмыгъанэу сыхущӏэкъунущ схухиша гъуэгур кIуным. ЩIы хъурейм адыгэу тетым фIыуэ къацIыхуу, къалъагъуу псэуа НэтIабжьэ Жанхъуэт и щӏэиныр схъумэнымкӏэ, и псэ нэхур згъэгуфIэнымкIэ Iэмалу сиIэр аращ. И кӏэм жысӏэну сыхуейт: сэ срогушхуэ зи лъэпкъым, щэнхабзэм, хабзэхэм фIылъагъуныгъэ куу, пэжыгъэ хэлъу бгъэдэт адыгэ унагъуэм сыкъызэрыхэкIам. Абы ищIыIужу, си адэ-анэри, ахэр къэзылъхуахэри къызогъэгугъэ ди Хэкум папщIэ зи псэ зытахэм я фэеплъымрэ я лъэпкъ мылъкумрэ си гъуазэу сызэрыпсэунымкIэ. НывжесIэжахэр зымащIэ тIэкIущ.
Сэ сохъуапсэ ди адэм теухуауэ ди унагъуэм гукъэкIыжу илъыр тхылъу къыдэзгъэкIыну. Тхьэм сыхущIигъыхьи, сыпигъэлъэщ!
НЭТIАБЖЬЭ Сэтэней, Истамбыл къалэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.