Сэхъурокъуэ Хьэутий и хъуэхъу

Хъуэхъу

Ди зэпыщӀэныгъэхэр нэхъри иребыдэ

ПщӀэ зыхуэсщӀ ди лъэпкъэгъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщӀакӀуэ гупми сэри къыдбгъэдэкӀыу Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэмкӀэ гуапэу сынывохъуэхъу.

Ди лъэпкъым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхугъуэ 1998 гъэм шыщхьэуӀум и 1-м къыщыхъуат: Косовэ щӀыналъэм къикӀыжа адыгэ гупышхуэ адэжь лъахэм къихьэжащ. Ар къызэрымыкӀуэ Ӏуэхут, ауэ Урысейм диӀыгъащ, ди лъэпкъэгъухэр къэшэжынми и гуащӀэ хилъхьащ. Абы зыхигъэхъуар ди къэралым и пщӀэм и закъуэкъым, абы къызэщӀиӀэтащ щӀыпӀэ куэдым щыпсэу адыгэхэр, адэжь лъахэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм я хъуэпсапӀэхэр къызэщигъэужащ.

Дэ нобэ ди нэгу щӀокӀ Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ куэдым я унапӀэхэр адэжь лъахэм зэрыщызрагъэгъуэтыжыр. Ди щӀыналъэм щекӀуэкӀ гъащӀэм фызэрыхэсыхьыжыр гуапэ пщымыхъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Экономикэм, щэнхабзэм, щӀэныгъэм хуэфщӀ хэлъхьэныгъэр ди зыужьыныгъэм щӀэгъэкъуэнышхуэ хуохъу. Ди цӀыхухэм фытщыщу фӀэкӀа нэгъуэщӀу факъыщыхъуркъым, псэукӀэщӀэм фыхэзэгъэжын, щыӀэкӀэщӀэр къыфтемыхьэлъэн папщӀэ, дэӀэпыкъуэгъу къыфхуэхъуу яхэтри мащӀэкъым. Ар фӀыгъуэшхуэщ.

Ауэ къыфщӀэхъуэ щӀэблэр плъагъуныр зыми хуэдэжкъым. Къэзыгъэзэжахэм я бынхэр курыт еджапӀэхэмрэ университетхэмрэ щӀэсщ, къызыхэкӀа лъэпкъым и хабзэхэр яхъумэ, къэралым и цӀыху нэс зэрыхъуным хущӀокъу.

Адэжь лъахэм бгъэзэжыныр зэхьэлӀар укъыщалъхуа икӀи ущыпсэуа щӀыпӀэр пхъуэжыным и закъуэкъым. Ар лӀэужь зыбжанэм я хъуэпсапӀэхэр зэгъэхъулӀэным, я уэсятхэр гъэзэщӀэным теухуащ. Дэ хьэкъыу ди фӀэщ мэхъу а хъуэпсапӀэхэм ужьых зэрамыӀэнур, дяпэкӀи Хэкум къихьэжыныр зэрызэпымыунур.

Дэтхэнэ зыми узыншагъэ быдэ, унагъуэ насып, ехъулӀэныгъэ фиӀэну си гуапэщ. Дунейм адыгэу (шэрджэсу) тетым Урысейм къыхуаӀэ пыщӀэныгъэхэр нэхъри иребыдэ, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэри нэхъри лъэщ ирехъу!

Сынывохъуэхъу махуэщӀымкӀэ! Фыкъеблэгъэж адэжь лъахэм!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *