ЧЕРКЕССК КЪАЛЭМ дэт, Байчоровэ М. и цIэр зезыхьэ, ди хэгъуэгум и тхыдэ-щэнхабзэмрэ щIыуэпсымрэ я музей-къуэдмэзым и хэщIапIэм «История жизни» тхылъыщIыр утыку ирахьащ. Ар и IэдакъэщIэкIщ Къэрэшей-Черкесым и Жылагъуэ палатэм хэт Кургинян Гарик. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Илъэсу зэрагъэбелджылам ипкъ иту, лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэр нэхъри егъэфIэкIуэн мурадыр яIэу.
ЖыIэпхъэщи, «История жизни» тхылъым лъабжьэ хуэхъуар Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Къэрэшей-Черкесым къыщыхъуа Iуэхугъуэхэращ. Апхуэдэу, художественнэ теплъэ зиIэ рассказиблым къаIуэтэжыр 1942-1943 оккупацэ илъэсхэм къриубыдэу ди хэгъуэгум щыщ цIыхухэр зыпэщIэхуа къэхъукъащIэ шынагъуэхэращ, апщыгъуэми я напэм емыпцIыжу цIыхугъэр къыхахыу зэрыщытаращ. Тхылъым и авторым езым зэрыжиIащи, мы IэдакъэщIэкIыр дунейм къыщIытехьар Къэрэшей Черкесым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм яку дэлъа зэныбжьэгъуныгъэр, цIыхугъэр псом ипэ ирагъэщу зэрыщытар нобэ псэухэм дигу къэдгъэкIыжу, а хабзэфIхэр тхъумэу дяпэкIи дыпсэунращ. — ЩапхъэфIым щIэблэр хэкупси, лъэпкъыпси ищIыну лъэкIыныгъэ иIэщ. КъинэмыщIауэ, мы тхылъыр къэзгъэщIынымкIэ хуабжьу щхьэпэ хъуащ си ныбжьэгъу Древинский Владимир. Абы и гъащIэ псом и кIыхьагъкIэ зэхуихьэсащ ди щIыналъэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр. ЖысIэну сыхуейт, ТекIуэныгъэр фронтым къыщазэу къудейкъым, атIэ мамыр гъащIэм хэпсэукI цIыхухэми абы хэлъхьэныгъэ хуащI: цIыхугъэр къыхах, къэрабгъагъэр зытрагъакIуэкIым, — жиIащ авто рым. Кургиняным къыхигъэщащ тхылъыр нэхъыбэу щIалэгъуалэм, сабийхэм зэрахуэгъэзар.
Абы папщIэ тхылъым и иллюстрацэхэми гулъытэ щхьэхуэ хуащIауэ щытащ. КъинэмыщIауэ, авторым щапхъэу къихьащ езым и унагъуэр 1988 гъэм щIыгур Армением щыхъея нэужь ди хэгъуэгум къэкуэшыжауэ икIи гъунэгъу къахуэхъуа цIыхухэр хуабжьу зыкъыщIагъэкъуауэ, къадэIэпыкъуауэ зэрыщытар. Ар цIыхугъэм и щапхъэ дахэу къилъытащ. Тхылъыр, шэч хэмылъу, ди хэгъуэгум и лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэмкIэ щхьэпэ хъуну хэлъхьэныгъэщ.
ЧЫРБЫЖ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.