Иужьрей илъэсхэм республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я зыужьыныгъэм къыдэкІуэ щытыкІэфІхэр нэрылъагъущ: къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я теплъэр йофІакІуэ, социальнэ, инженер ухуэныгъэщІэхэр къыдоувэ, жылагъуэм и щыІэкІэ-псэукІэр тынш, къулей мэхъу.
Арами, ныкъусаныгъэншэу псори зэтегъэпсыхьарэ зытелэжьэн щымыІэжу пхужыІэнукъым. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэ лъэныкъуэми власть гулъытэ ирагъэгъуэт, проектыщІэхэр, программэхэр пхагъэкІ. Апхуэдэщ иужьрейхэр: 2025-2030 гъэхэм хуэгъэщІа «Модернизация коммунальной инфраструктуры» федеральнэ проектыр, ар зи лъабжьэ «Инфраструктура для жизни» лъэпкъ проектыр, нэгъуэщІхэри.
Абы ипкъ иткІэрэ, псыкІэ жылагъуэр къызэгъэпэщынымкІэ щыІэ ныкъусаныгъэхэр къыхалъытэкІэрэ, республикэм и муниципальнэ къэхъугъи 4-м а лъэныкъуэм телэжьэну ухуэныгъэхэр щаухуэ. Псори зэхэту километр 98,6-рэ къызэщІарагъэубыдэнущ. Абыхэми, зэрыгушхуэну зэфІэха хъуа Іуэхухэри, ягу зыхуэгъухэри къуагъ имыщІу, зэпсэлъэныгъэ гъэщІэгъуэн къыддригъэкІуэкІащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ район администрацэм и Іэтащхьэ Астэжь Мыхъутар.
Ар районым и Іэтащхьэу зэрытехьэрэ куэд мыщІами, мы гъэм гъатхэпэм щегъэжьауэ, 2016 гъэ лъандэрэ Іэтащхьэм и япэ къуэдзэу тетащ. Абы къикІыр аращи, районыр зыхуэныкъуэри зыхуэкъуагуэри фІы дыдэу ецІыху, жылагъуэм и гупсысэми щыгъуазэщ…
Псыр
— Къуажэ къэс жытІэми дымыгъуэщэну, псыкІэ зэхуримыкъуным и гугъусыгъум егъэтхьэусыхэ. Адыгэ-Хьэблэ къуажэм псым и Іуэхур хъуэпсэгъуэу зэтегъэпсыхьа зэрыхъуам дыщыгъуазэщ. Районым къыхиубыдэ нэгъуэщІ къуажэхэми фалъэІэсыну къыщІэкІынщ?
— Коммунальнэ лъэпощхьэпохэм я нэхъыщхьэу щытащ къуажэр псыкІэ зэрызэхуримыкъур. АтІэ, 50- 60 гъэхэм къыщежьэ псы кІуапІэ-жапІэхэр жьы дыдэ зэрыхъуам, я къалэн зэрахуэмыхьыжым и гугъу дымыщІыххэми хъунущ. Дгъэхьэзырыпхъэ дэфтэрхэри, зэхьэзэхуэ хэдэхэплъэри тпэщІэкІщ, ди кІэн къикІри, 2023 гъэм едгъэжьащ псы Іуэхур зэтегъэпсыхьыныр. Іейр къэхъури, фІы къыпэкІуащ зыхужыпІэну, псы бжьамийхэр зэхэкъутэри, ахэр зэхъуэкІыным, зэтегъэпсыхьыным и ужь дихьащ убгъуауэ.
Абы къинэмыщІауэ, Хьэбэз район псы кІуапІэ-зэбгрышыпІэхэм дызэрепхам къыхэкІыу, псыр пэрыхьэту къытлъэІэстэкъым. 2023 гъэм едгъажьэри, псы кІуапІэу километр 20-м щІигъу тшэщІащ. Лэжьыгъэхэр Іыхьэ-Іыхьэу гуэшауэрэ илъэситІкІэ екІуэкІащ. БжьамиищІэхэмкІэ псыр зыІэрымыхьэу къуажэм къыдэнэжар мащІэ дыдэщи, ари зэдгъэзэхуэжынущ. ИджыкІэ уней хапІэхэри, къат куэду зэтет унэхэри пэрыхьэту псы къабзэкІэ, фІагъ зиІэкІэ къызэгъэпэщащ. Псыр жэщми махуэми янос, и хади, я жыг хади, я унагъуэ Іуэхуи тыншу зэфІагъэкІ. Сом мелуани 105-м нэс текІуэдащ лэжьыгъэхэм, ауэ къуажэм щыпсэухэм ягъуэтыжа нэплъэжыгъуэр абы и уасэт. Ар къэралым и дэІэпыкъуныгъэншэу тхузэфІэкІынутэкъым. АтІэ, АдыгэХьэблэ районым зэрыщыту и бюджетыр сом мелуани 105-м и Іыхьэ тхуанэ къудейщ зэрыхъур. Программэхэм хыхьэным и сэбэпыр апхуэдэу къыдгурыІуащи, адрей къуажэхэми ди гулъытэр яхуэдунэтІынущ. Псалъэм папщІэ, Эрсакон, Апсуа къуажэхэм я псы лъэпощхьэпор зэфІэхыныр дяпэкІэ ди мурадыххэщ. ПроектитІ диІэщ, дэфтэрхэр, экспертизэхэр, къинэмыщІу ухуэныгъэм ипэ къихуэ Іуэхугъуэхэр зэфІэдгъэкІри, КъЧР-м мэкъумэш хъызмэтымкІэ и Министерствэр хэплъэну еттауэ, унафэу къахьынум дыпоплъэ. ЖыІэпхъэщи, къэрал дэІэпыкъуныгъэр къыплъагъэсыным щхьэпэнущ къуажэр зыхуэныкъуэу, зэлэжьыпхъэу объект нэхъыбэ бгъэлъэгъуэныр. Абыхэм я проектхэр богъэхьэзыр, ахэр бохъумэж. Псым къинэмыщІауэ, котельнэ, спорт утыку — абыхэми дапоплъэ. ЦІыхухэми къагурыдогъаІуэ къэралпсо зэхьэзэхуэми дызэрыхэтынур. Мис абдеж дыпхыкІмэ, итІанэ дытрихьэжащ. «Комплексное развитие сельских поселений» къэрал программэм къуажэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къызэщІеубыдэри, дыхэтынущ зэрытлъэкІыу.
Социальнэ ІуэхущІапІэхэр
— ЦІыху мини 4,5-рэ зыдэс Адыгэ-Хьэблэ къуажэр сабий ІыгъыпІэкІэ, курыт еджапІэкІэ къызэгъэпэщауэ щытыныр Іэмал зимыІэ лъэныкъуэщ. Дауэ фехъулІэрэ абыкІэ?
— Курыт еджапІэм и Іуэху зыІутми, ухуэныгъэр здынэсами газетыр фІы дыдэу фытетхыхьащ. Тхьэм фигъэпсэу гулъытэ къызэрытхуэфщІамкІэ. Къатищу зэтет, еджакІуэ 600-м ятегъэпсыхьа къуажэ курыт еджапІэм къызэрымыкІуэу лэжьыгъэшхуэ щекІуэкІащ, иджыри мащІэкъым ахэр. ФокІадэм и 1-м едгъэхъулІэныр ди мурад нэхъыщхьэ щхьэкІэ, ар къыдэхъулІэну тегъэчынауэ схужыІэнукъым, иджыри къытпэщытыр къызгурыІуэкІэрэ. ЕджапІэр щІэрыщІэу яухуэжащ жыпІэ хъунущ, хьэкъыпІэкІэ. Адыгэ-Хьэблэ къуажэм дэтщ нану 350-рэ зэщIэзыубыдэ сабий ІыгъыпІэ иныфІ. Ари нэгъабэ хэдгъыхьащ зэгъэзэхуэжыныгъэхэм, дыпоплъэ. Къапщтэмэ, Адыгэ-Хьэблэ районым иІэ курыт еджапІэ 13-м щыщу 6-р капитальнэу зэгъэзэхуэжа хъуащ. А псори къэрал программэхэм я фІыщІэщ, ар хьэкъщ. Ауэ Іуэхум хэзгъэкІкъым, фІыщІи яхузощІ я къуажэм, районым и зыужьыныгъэм набдзэгубдзаплъэу, гумызагъэу хущыт хьэрычэтыщІэхэр, ІуэхущІапІэхэр, къуажэдэсхэр. КъинэмыщІауэ, гъэкъэбзэныгъэ щІыхьэхухэми апхуэдэ жыджэрагъыр ядыдолъагъу. Мы мазэр республикэпсо гъэкъэбзэныгъэ щІыхьэхухэурэ екІуэкІынущи, абыхэми къыхэлэжьэну зэрыщытым шэч къытесхьэкъым. Псори дызэхэту, къару зэхэлъхьэкІэ дощІэ. Арыншэу ипэкІэ укІуэтэфынукъым. Парк хъарзынэ диІэщ, балигъи сабии ятегъэпсыхьауэ. Къуажэм щыпсэухэри, гъунэгъу къуажэхэм щыщхэри къокІуалІэ. Зыщ дазэрелъэІур — фымыкъутэ, фымыуцІэпІ, фэращ зейр. Къуажэхэр егъэфІэкІуэным и ІуэхукІэ хуабжьу армууэрэ къекІуэкІащ, ауэ иужьрей илъэси 5-6-м фІыуэ Іуэхур ипэкІэ кІуэтащ, лъэпкъ проектхэм, къэрал программэхэм я фІыщІэкІэ. Районыр къэсщтэнщи, Адыгэ-Хьэблэ къуажэм — ФОК, Кхъувы — щэнхабзэмкІэ Унэ дащІыхьахэщ, Садовэ жылагъуэм, Апсуа къуажэм щэнхабзэмкІэ Унэхэр щызэрагъэзэхуэжащ, Мало-Абазинскэ къуажэ еджапІэр зэрагъэзэхуэж, къат куэду зэтет унэхэр, абыхэм я Іэхэлъахэхэр зэгъэзэхуащ. Грушкэ жылагъуэм и уэрамхэр къэгъэнэхуныр ди мурадщ. Арами, псори тщІащ жытІэным иджыри куэд хуейщ. Нэхъ дызытегузэвыхьу къонэ щІыпІэр егъэфІэкІуэныр, коммунальнэ хъызмэтыр. ЩэнхабзэмкІэ Унэр жьы дыдэ хъуащ, спорт ІуэхущІапІэ, гъуэгу тэрэзхэр, адыгэбзэкІэ къыдэкІ «Черкес хэку» газетыр цІыхухэм яхуэзыхьын пощтзехьэхэр, нэгъуэщІ куэди зэгъэзэхуэн хуейуэ къытфІонэ. МедицинэмкІэ зыдгъазэми, апхуэдэщ. Поликлиникэр иджыкІэ сымаджэщым хэдгуэшауэ мэлажьэ. Ар хэкІыпІэкъым, пІалъэ Іуэху зэблэхыкІэщ мыхъумэ. ПоликлиникэщІэкІи дыкъагъэгугъащ. Си гуапэу къыхэзгъэщынщи, егъэджэныгъэми, щэнхабзэми районым гу лъыптэу зыкъыщызэкъуихащ. Нэгъабэ, псалъэм и жыІэгъуэкІэ, еджапІэм къыщІэкІа 32-м щыщу 11-м дыщэ медалкІэ къаухри, зытраубыда ищхьэ еджапІэ лъэрыхьхэм щІыхьащ. Щэнхабзэ къудамэм Іуэху гъэщІэгъуэн, щІэщыгъуэ куэд ирегъэкІуэкІ, дащогугъ нэхъри ефІэкІуэну, кадрыщІэхэмкІэ зыкъызэщІи ІулІэну. Мэкъумэш хъызмэтыр
— Сыт щыгъуи хабзэщ районыр мэкъумэш хъызмэтым къыщыхэщыныр. Нобэ сыт хуэдэ фи Іуэхухэр?
— Пэжщ, мэкъумэшыщІэхэм я ехъулІэныгъэхэм зрапщыт, гулъытэ зыхурагъэщІыф. Ди щІыгухэр фІы дыдэщ, бэвылъэщ. Псалъэм и жыІэгъуэкІэ, мы зэманым хьэцэпэцэр Іухыжыныр йокІуэкІ, зы гектарым ику иту бжьыхьэсэ хьэцэпэцэу центнер 61-62-рэ къытрах. Псы щІэгъэлъэдэн Іуэхур зрагъэхъулІауэ, ари фІыуэ къагъэІэрыхуэ. Субсидие гуэрхэри къэралым къаретыж. ДиІэщ хъызмэт инхэри, уней хъызмэт нэхъ цІыкІухэри.
Диныр
—Дин Іуэхухэр дауэрэ къыщекІуэкІрэ лъэпкъ куэду зэхэт районым, къуажэм?
—Диныр икъукІэ Іуэху зэхэщІыхьащ, абы ухуеджауэ, хьэкъыпІэкІэ хэпщІыкІыу ущымытмэ, ущІыхэІэбэн щыІэкъым. Сэ срителъхьэщ щхьэж зыхуэгъэщІар, зыхуеджар, и къалэныр игъэзэщІэным. АтІэ, ислъам диныр си гум илъ щхьэкІэ, сыдинырылажьэкъыми, си унафэ а къудамэм яхэслъхьэкъым. Езыри, дин Іуэхухэр районым тыншу, зэпІэзэрыту щызезыхьэ динырылажьэ пашэхэр диІэщи, ущІэгузэвэн, гурыщхъуэ уэзыгъэщІын щытыкІэ щыІэкъым. Къуажэм и Іимам ЕлъэщIыIэ Мурат, районым и къады Къурымбей Илас сымэ я Іуэху зехьэкІэр зымыцІыху щыІэу си фІэщ хъукъым. Жылагъуэр яхуэарэзыщ. ДУМ-ми и нэІэм быдэу щІэтщ.
Благъагъэ
— Къуэш республикэхэм благъагъэ зэпыщІэныгъэ-зэдэлэжьэныгъэ зэдаІыгъын хабзэфІыр зэ кърахьэжьэри, ужьыхыжащ. Адыгэ-Хьэблэ районым къыщекІуэкІрэ апхуэдэ?
— Къуэш Адыгэ Республикэм бадзэуэгъуэм и 31-м дыкІуэри, зы махуэкІэ дыщыІащ. Нэхъыбэу зыщытплъыхьащ Куэш-Хьэблэ районым. Щхьэусыгъуэншэкъым ди еблэгъэныгъэр. АтІэ, ди къуэш Адыгейм иужьрей илъэсхэм фІыуэ зиужьащ, ефІэкІуащ. ДыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр — абыхэм дыщыгъуэзэн, дызэхъуэжэн, дызэчэнджэщын, дяпэкІи зэпыщІэныгъэ лъэмыжыр дукъуэдиинращ. СызэреплъымкІэ, икъукІэ Іуэху щхьэпэщ республикэхэм апхуэдэ зэпыщІэныгъэр, благъагъэр дяку дэлъыныр. Абы дызэригъэцІыхум къыщымынэу, ди Іуэхухэр нэхъыфІу, нэхъ фейдафІэу дгъэкІуэтэнымкІэ сэбэп къехь.
Махуэшхуэм хуэкІуэу
— Дяпэгъэ Адыгэ-Хьэблэм и лІыщІыгъуэ ныбжьым фыхуэкІуэкІэрэ, къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зыхуэвгъэнэІуагъэххэу къыщІэкІынщ?
— Лэжьыгъэр къетхьэлІэжмэ, фокІадэ мазэм дгъэлъэпІэнущ а ныбжь дахэр. Зыхуэдгъэхьэзырынущ, шэч хэлъкъым. МахуэщІыр зэредгъэкІуэкІынум и пэублэу Жылагъуэ совет, Бзылъхугъэ совет, хьэрычэтыщІэхэр, администрацэр, псори зэхэтыну къызэдгъэпэщащ, къуажэм, районым и тхыдэ тхылъ, и дамыгъэ, и нагъыщэ догъэхьэзырыххэ… Мурад куэд диІэщ, ипэ силъэдэнкъым иджыкІэ…
— Жылэм хуэІуэхутхьэбзэр жылэ и уасэщ жыхуиІэщ, Мыхъутар. Уи Іуэху угъурлы, уи мурадыфІ къэс къыбдэхъуну, зи хьэлэмэт зепхуэ жылагъуэр арэзы къыпхуэхъуну дынохъуэхъу! Щхьэхуэу фІыщІэ пхудощІ зэман къытхудэбгъахуэу укъызэрытхуеблэгъам папщІэ!
— Фэри фыпсэу къытхуэфщІ гулъытэм папщІэ. ФригъэфІакІуэ, зывигъэузэщІ! Согугъэ газетым и мыхьэнэр жылагъуэми, властми къагурыІуэу, хуэфащэ и пщІэр сыт щыгъуи игъуэтыну!
Епсэлъар ТУАРШЫ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.