Архъыз нэхъ къыхах хъуащ Урысей Федерацэм зыщызыгъэпсэхуну хуейхэм. МТС бжыгъэ щIыуэпс бэзым Bronevik.com утыкум туристхэр хьэщIэну къыздэувыIэ щIыпIэхэр япэ зрагъэщу къызэраубыдым теухуауэ къигъэлъагъуэхэм ятещIыхьауэ зэхэгъэкIыныгъэ иригъэкIуэкIати, тхьэмахуэ махуэм зыздагъэпсэхуну щIыпIэу нэхъ къыхаххэм ящыщу Архъыз къыщIэкIащ.
Мэрем-тхьэмахуэ махуэхэм загъэпсэхуну Къэрэшей-Черкесым и Архъыз курортым къыщепсых туристхэм я бжыгъэр иужьрей мазэ 12-м, мэкъуауэгъуэри хыхьэу, абы ипэ ит илъэсым елъытауэ, процент 86-кIэ хэхъуащ. ЗэхэгъэкIакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысей Федерацэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм нэгузыужь къежьэхэр нэхъыбэ хъуащ процент 27-кIэ. А бжыгъэм щыщу Iыхьэ плIанэм щIигъур (процент 26-р) техуащ щэбэттхьэмахуэ махуэхэм. Туристхэм зы жэщмахуэкIэ хьэщIэщым къыщыувыIэным щIат ику иту сом 5200 -рэ. — Урысей Федерацэм и турист картэм Архъыз зыщегъэбыдэ пIалъэ кIэщIкIэ зыгъэпсэхуным и кIуэрабгъу нэхъыфIу. ЩIыуэпсыр, къурш хьэуар, зыужьыныгъэфI зиIэ инфраструктурэмрэ цIыхухэм гъэ кIыхьагъым загъэпсэхуну лъэкIыныгъэ зэрагъуэтымрэ къыдашэх къэралым и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм къикI хьэщIэхэр. Дэ долъагъу мы щIыпIэм и бжыгъэ жыджэрагъым зэрыхэхъуэр, икIи Iуэхум нэхъри зыдогъэузэщI, ди республикэм щыпсэухэми, хьэщIэхэми телефон зэпыщIэныгъэ тэрэз яIэным хуэунэтIауэ, — къыхегъэщ Къэрэшей-Черкесым МТС-м и унафэщI Каппушев Расул. Архъыз щIыгъуу туристхэм зыщагъэпсэхуну нэхъ къыхах хэгъуэгуищым яхыхьащ Дагъыстаным и Каспийск (нэгъабэ елъытауэ + 98%), Краснодар крайм щыIэ Сириус жылагъуэр (+83 %). ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.