Мы дуней псом щикъухьа
Адыгэ лъэпкъыу лъэпкъ хъыжьэ,
Уи дыгъэр уэ къуэмыхьа, —
Узыншэщ адэ хэкужьыр.
Адэ хэкужьыр зыхуейр
Зэрыгъуэтыжмэщ и лъэпкъыр.
Адыгэ, умынэщхъей —
Ущхьэщыхьакъым уэ нэпкъым.
Дэ дохъумэж ди нэмыс,
Дэ дохъумэжыр ди хабзэ.
Щыхъуну хэти гунэс
ЕщIыф унафэ лъэпкъ Хасэм,
Узыншэщ ди Къэбэрдейр,
Ди Адыгейри Шэрджэсри.
Тхьэм къытщыхуакъым и ней —
Зэ гъущыжынщ дэ ди нэпсыр.
ЩIым цIыхуу тетым «Шэрджэс!»
ЖезыгъэIауэ лъэпкъ хахуэ,
Уи бын ящIахэр хэхэс
Зэхуэзэжынкъэ зы махуэ.
Адыгэр зы дыхъужынщ —
Къигъэзэжынщ ди насыпым.
Джэгушхуэ дэ щытщIыжынщ
Ди Iуащхьэмахуэ и лъапэм.
БИЦУ Анатолэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.