Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат АСЛЪЭНХЭ Алий дыдэуэршэращ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэм — шыщхьэIум (августым) и 1-м ирихьэлIэу. КъэтIэта упщIэхэр ятеухуауэ щытащ хэхэсу щытауэ хэкурыс хъужа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я адэжь лъахэр зэрагъуэтыжам, я щыIэкIэпсэукIэм, къызыхэтIысхьа жылагъуэм зэрыхэпсэухьым, Адыгэ Хасэр абыхэм зэрапыщIам, зэрадэIэпыкъум.
— Хэкум къэзыгъэзэжам и гъащIэр тынш щIынымкIэ, къызыхэхуа жылагъуэм дэгъуэгурыкIуэу гъэпсынымкIэ КъЧР-м и Адыгэ Хасэр щIэгъэкъуэн мэхъу, дэтхэнэ нэрыбгэри и нэIэ щIегъэт. Фэ абыхэм фалъогъуазэ зэпыт, я Iуэху зыIутым фIыуэ хывощIыкIри, Алий, хъунумэ газет еджэхэми къадгъэгъащIэ узипашэ организацэм илэжь Iуэхухэр…
— Япэрауэ, Хэкум къэIэпхъуэжыну мурад зыщIа ди лъэпкъэгъухэм, зыщалъхуа къэралым къикIыу Урысей Федерацэм къихьэну хуит къэзыщI дэфтэрхэр къахудэхынымкIэ тхузэфIэкI къэдмыгъанэу дадэIэпыкъуащ сыт щыгъуи, ноби сэбэп дахуэхъуну дыхьэзырщ Кавказым къэкIуэжыну гупыж зиIэхэм. Ар Хасэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.1998 гъэм Косовэ иращIэкIауэ щыта зауэ лыгъейм, ди лъэпкъэгъухэр къыхашу адыгэщIым къызэрырагъэтIысхьэжрэ, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэр ди лъэпкъым хэIэтыкIауэ егъэлъапIэ. Япэу зи адэжь лъахэ зрагъэгъуэтыжа цIыхуи 165-м, Адыгэ Республикэм и унафэкIэ хуаухуа Махуэхьэблэ къуажэ мыиным дагъэтIысхьащ. Абы лъандэрэ Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэр зы илъэси дэдмыгъэкIыу доIэт.
— Сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр евгъэкIуэкIрэ а махуэм ипкъ иту?
— Адыгэ Хасэми, ЩIалэгъуалэ Хасэми сыт щыгъуи пщэрылъ зыхудощI Хэкум къэзыгъэзэжахэм гулъытэ хэха зэрахуэтщIа хъун IэмалыфIхэр дгъэбелджылыну, щэнхабзэ пшыхьхэр, зэIущIэхэр, адыгэ джэгу къызыдогъэпэщ. Ди организацэм и хэщIапIэм къыдогъэблагъэри, дабгъэдэсщ, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм дропсалъэ, апщыгъуэми, зэрыдгъэгуфIэным, дазэрыщхьэпэным дыпылъщ. ФIыуэ тщIэм дытепсэлъыхьыжыныр тэрэзкъым, ауэ дэ зи ужь дитыр ди лъэпкъэгъухэр гуныкъуэгъуэ хэмыту, хуиту, заужьу, жылагъуэм ифI дагъэкIыфу дгъэпсэунращи, хэти ялъагъу дэ абыхэм дазэрыхуэгузавэр, дэтхэнэ зыри къызэрытфIэIуэхур, зэи утыку къызэридмынэр.
— Сыт хуэдэ къэралхэра ахэр къыздикIыжар? Я щхьэ Iуэху зэрахуэжу, зэрыпсэун къызыхахын яIэжу щыт?
— Иужьрейуэ къэкIуэжахэр Щамым (Сирием) къыщыхъуахэращ. НобэкIэ ди хэгъуэгум репатрианту щы Iэр цIыху 32-рэ мэхъу. Зи Iыхьлы-Iэулэд кIэлъежьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм Iэпхъуаи къахэкIащ, ауэ ахэр къызэрыкIуэжауэ хэкурысщ, я псэупIэм емылъытауэ. Дэ додэ ахэр ди щIыналъэм и сыт хуэдэ кIапэм тесми, нэхъыщхьэр — адыгэм и лъапсэр ягъэбагъуэу, къэралыр ирагъэфIакIуэу псэумэ аращ.
— НэгъуэщI къэрал къикIыжам хьэрыпыбзэ фIэкI имыщIэу, уеблэмэ и адыгэбзэри мыкуууэ, дауэ зэрыдэкIуатэр урысыбзэр здытепщэ жылагъуэм?
— Сабий IыгъыпIэхэм, курыт, ищхьэ еджапIэхэм кIуэхэм я дежкIэ урысыбзэр зэгъэщIэгъуейкъым. Илъэс зытIущкIэ йосэ урысыбзэм. Адыгэ къуажэхэм балигъыу яхэтIысхьауэ псэухэм я гугъу умыщIыххэ, ахэр бзэныкъуэу щытами, анэдэлъхубзэр дэр нэхърэ нэхъыфIыжу ягъэбзэрабзэ хъуащ. КъыщыкIуэжагъащIэмрэ иджырэ зэплъытмэ, хуабжьу зыхэпщIэу заужьащ я бзэкIи, я цIыху хэтыкIэкIи, я псэукIэкIи. Абы уримыгуфIэну щыткъым.
— «Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ – уи хэкужь ущылIэ» жыхуаIэращи, дунейм щызэбгрыпхъа адыгэхэр Хэкум къэшэжыныр нобэ гугъу?
— МыбыкIэ къэкIуэжауэ щыпсэу куэдым яхэтщ зи Iыхьлы къэзышэжыну пылъхэр. Апхуэдэхэр мащIэкъым. Дэфтэрхэр зэфIэгъэкIыным зэман куэд токIуадэри, узэрыгугъэм хуэдэу, щIэх-щIэхыу псори зэфIэкIкъым. Догугъэ репатриантхэм я къэкIуэжыныр нэхъри нэхъ псынщIэ Урысейм тхуищIыну, къэрал хабзэщIэхэр къищтэу, щыIэххэхэм сэбэп хъун зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэу. Псалъэм папщIэ, Урысейм адыгэбзэр къэралыбзэхэм хабжэри, хэхэсым анэдэлъхубзэр зэрищIэ закъуэмкIэ ар Хэ кум лъэпощхьэпоуншэу къихьэж хъууэ ящIамэ дэгъуэт, урысыбзэр иужькIэ Iэмал имыIэу зэригъэщIэжыну хуагъэуву.
— Ди хэгъуэгум щыпсэу репатриантхэр зыхуей хуэзэрэ щIэныгъэ, лэжьапIэ зэгъэгъуэтынымкIэ?
— Яхэтщ дохутыри, щIакхъуэгъажьи, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуи, автомеханики, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Адыгэ Хасэм лъэкI къигъанэкъым ищхьэ еджапIэ щIэтIысхьэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ, абыхэм псэупIэ къахудэхынымкIэ…
Еджэну, лэжьэну, жылагъуэм ифI зыхэлъ Iуэху къезыхьэжьэну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэм «хьэуэ» щажетIа къэхъуакъым. Уи лъэпкъэгъу къыбдэIэпыкъуныр зимыуасэ щыIэкъым, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ уи къарур зэрыубыда, уи лъэр быдэу ува нэужь, уэри дамэ къыпхуэхъуахэм уащхьэпэжын плъокI. Ар щIыжысIэр, репатриантхэр къызыхэтIысхьахэм, дэ фIы дыдэу къытхэзэгъащи, езырезыру хущIэкъумэ нэхъ къыхах хъуащ я щхьэ Iуэху дэгъэкIыжыным, я гъащIэ лъагъуэ пхышыжыным.
— Алий, уэ адыгэхэр зыщы псэу къэрал куэдым ущыхьэщIащ. Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ цIыху хэтыкIэ, псэукIэ, зэхущытыкIэ, хьэлщэн я лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыкIыу плъагъур сыт?
— Журтейм хыхьэ адыгэ къуажэхэу Кфар-Къамэрэ Рихьэниерэ сыщыщыIам гу лъыстащ а щIыпIэхэр узыфIэмыкIыжыну къабзэлъабзэу зэрызэрахьэр, цIыкIуи ини адыгэбзэ къабзэр къаIурылъэлъу зэрыгъэсар. АтIэ, езы къэралри нэгъэсауэ къапылъщ ди лъэпкъым и бзэр, и щэнхабзэр, и хабзэхэр зэрахьэу псэунымкIэ. Тыркум адыгэу исым хуэдиз зыщIыпIи щыбгъуэтынукъым, арщхьэкIэ, жагъуэ зэрыхъущи, хэкурыс адыгэ хэм бзэр хъумэнымкIэ хэкIыпIэу диIэм и зы проценти хэхэсхэм яIэкъым. ЗэрытщIэщи, Дюздже, Къайсэр университетхэм адыгэбзэм, лъэпкъ щэнхабзэм хурагъаджэ, педагогхэр щагъэхьэзыр. Ауэ, итIани, ахэр къэзыуххэм дэнэ деж икIи хэт я щIэныгъэр къыхуагъэщхьэпэнуми гурыIуэгъуэкъым. Абыхэм куууэ егупсысыпхъэщ.
— Упсэу, Алий! Шэч хэлъкъым, хэхэсхэм я гурылъ нэхъыщхьэхэр, зэ нэхъ нэмыIэми, Хэкур зэгъэлъагъуным епхауэ зэрыщытым. Дэри зэи ди гугъэ хэтхкъым зи бгъэм адыгэгу къыщеуэу зызылъытэжхэр, гува-щIэхами зэрызэтшэлIэжынум, зы дызэрыхъужынум!
Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.