Зэпсэлъэныгъэ купщIафIэ

Къэрэшей-Черкесым и лӀыщхьэ Темрезов Рэшид «Карачаево-Черкесия «Россия1» телеканалым эфир занщӀэм тету цIыхухэм япсэлъащ. Эфирыр къатащ «Россия 24», «Архъыз 24», «Радио России» телерадионэтынхэм, хэгъуэгум и Ӏэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я «ВКонтакте» напэкӀуэцӀхэм.

УпщӀэхэр нэхъыщхьэу теухуат СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ зэрызыщӀагъакъуэм, социальнэ ӀэнатӀэм, гъуэгухэмрэ псэупӀэ-коммунальнэ бэзхэмрэ зэрызэрагъэпэщыжым, жылагъуэ транспортым и лэжьэкӀэм, цӀыхухэр нэхъыбэу здызэхуэс щӀыпӀэхэр зэӀузэпэщ зэращӀым.

НэмыщӀу, Темрезов Рэшид жэуап яритащ щӀыуэпс гъуэзыр яӀэрыхьэным, ТКО-хэм зэрадэлажьэм, медицинэ дэӀэпыкъуныгъэр зэрызыӀэрагъыхьэм, къуажэхэм щыӀэ инфраструктурэм зегъэужьыным, апхуэдэуи социальнэ мыхьэнэ зиӀэ ӀуэхущӀапӀэхэр ухуэнымрэ къэгъэщӀэрэщӀэжынымрэ, сабийхэмрэ щӀалэгъуалэмрэ заужьынымкӀэ Ӏэмалхэр къызэгъэпэщыным яхьэлӀа упщӀэхэм. Къэрэшей-Черкесым и Ӏэтащхьэм жиӀащ ди республикэм щыпсэухэр зыгъэпӀейтей, зыгъэгумэщӀ упщӀэхэу къатхэм сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу зэрыхэплъэр. Япэ игъэщыпхъэу къалъытэ Ӏуэхугъуэхэм ящыщщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ гулъытэ яхуэщӀыныр, демографием зыщӀэгъэкъуэныр, лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, хэгъуэгу программэхэр гъэзэщӀэныр.

Абы къыхигъэщащ ипэ илъэсхэм екӀуэкӀа эфир занщӀэхэм къыщаӀэта Ӏуэхугъуэ псоми теухуауэ унафэ пыухыкӀахэр зэрищӀар, ахэр зи нэӀэм щӀэт Министерствэхэмрэ муниципалитетхэмрэ я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщар. Апщыгъуэми, хэгъуэгум и унафэщӀым сыт щыгъуи и лэжьэгъухэм гу лъарегъатэ лъэӀухэмрэ зыхуэгъэзэныгъэхэмрэ зэрызэфӀэкӀамкӀэ цӀыхухэр арэзы хъуамэ ягъэбелджылын зэрыхуейм. Япэ видеоупщӀэр къыбгъэдэкӀащ «Алашара» зэгухьэныгъэм и волонтёр гупым и унафэщӀ КӀыщмахуэ Алия. Ар лъэӀуащ республикэм и унафэщӀым Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсымрэ КъэрэшейЧеркесым псэкупсэ, щэнхабзэ щӀэинхэм я Илъэсымрэ япкъ иту ди щӀыналъэм щрагъэкӀуэкӀа лэжьыгъэм кърикӀуахэм уасэ иритыну. ИкӀи елъэӀуащ гъэ къакӀуэ мы унэтӀыныгъэм теухуа лэжьыгъэр зэрырагъэкӀуэкӀынум и гугъу ищӀыну. Темрезов Рэшид къыхигъэщащ Урысейр нобэ зэи къэмыхъуауэ хамэ къэралхэм къызэрытракъузэм зэрыхэпсэукӀыр.

«Ди Президентым, ди Лъэпкъ пашэм дызэрыкъуэтыр, ди зэхуэдэ лъэпкъ мурадхэр ди къэралым и къарумрэ и хуитыныгъэмрэ я лъабжьэ нэхъыщхьэщ. Путин Владимир Владимирович мызэ-мытӀэу къыхигъэщащ цӀыхухэр зэрызэкъуэтым къэралым и къэкӀуэнур зэриубзыхур икӀи лъэпкъхэм я бзэхэр, я щэнхабзэхэр хъумэныр къэралым и Ӏуэху нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. ДызэгурыӀуэу, дызэдэӀуэжу дызыщыпсэу ди республикэ лъэпкъыбэм и дежкӀэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр ди гъащӀэм и лъабжьэу тхыдэм кърикӀуащ. Ди лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфӀыгъуэр ди хэгъуэгум и ехъулӀэныгъэщ. Аращи, щэнхабзэ, псэкупсэ щӀэинхэм я Илъэсыр ди республикэм щекӀуэкӀыну зэрыдгъэувар Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу ди Президентым игъэбелджылам гупсысэкӀэ пыщэныгъэ хуэхъуащ», — къыхигъэщащ Темрезов Рэшид.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *