Адыгэ-Хьэблэр мы гъэм илъэси 100 зэрырикъунум и щIыхькIэ, районым и администрацэмрэ щэнхабзэмкIэ и къудамэмрэ я лэжьакIуэхэм, республикэм и Адыгэ Хасэмрэ и Шууей Хасэмрэ хэтхэм зы къарууэ зэкъуэувэри, тхьэмахуэ кIуам махуэщI дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIащ. Нэгузыужь IуэхугъуэхэмкIэ къызэщIрагъэубыдащ шу зекIуэр, творческэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр, Адыгэ Джэгур.
Ди лъэпкъ дамыгъэм щӏэту — вагъуэ пщыкӏутӏымрэ шабзищ зэблэдзамрэ зытет Ныпым зэрырииныр къагъэлъагъуэу адыгэхьэблэдэсхэр я уэрамхэм ирикӏуащ, щэкӀ удзыфэр уардэу ягъэбыбу. Шыхъуэ Iэзэ МыкIытIэ Мухьэмэдрэ къуажэм и нэхъыжьхэ я Советым и тхьэмадэ КIэм Мурадинрэ нэхъыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ шым шхуэмылакIэ зэрытрадзэр, шыбгым зэрисыр, зэрышэсыр. Ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху къуажэдэс нэхъыжьхэм я пщэ дэлъащ шу зекӀуэр зэрагъэзэхуэну, нэхъыщIэхэр ягъэгъуэзэну.
Дэтхэнэ зыри адыгэ фащэ зэкIужкIэ хуэпауэ, гъэIурыщIэгъуей а махуэм хъуа яш бэлыхьхэмкIэ губгъуэ лъапэр къыщежьэ уэрамым къыIукIри, зэм лъэхъуу, зэми ущу хьэблэхэр къызэпаупщIащ, къыщепсыхащ администрацэм и пащхьэм щыт жыгым и щIагъым щагъэхьэзыра хьэщIэщ плIанэпэм. Жыг лъабжьэм деж шууейхэм къежьэу щIэтт махъсымэ кхъуэщын зытет адыгэ Iэнэр. Адыгэ Ныпыр къэзышэсахэм къапежьащ район администрацэм тхьэмадэ Астэжь Мыхъутар, зекIуэм хэтахэм хъуэхъубжьэ хуаIэтащ къуажэм и нэхъыжьыфIхэу Шыбзыхъуэ Iэуес, Хъупсырокъуэ Мыхьэмэтбий, Мэзукъэбз Мурадин, Хьэ мдэхъу Умар сымэ.






Иужьым, пшынауэм уэрэд къыхидзэри, къуажэлIхэм къафэ къаригъэщIащ. Ар зэфIэкIа нэужь, щэнхабзэмкӏэ Унэм и пащхьэм джэгуакIуэхэм папщIэ ягъэхьэзыра утыкум нэхъыжьхэр зэрыхьри еплъащ уэрэджыӏэхэмрэ макъамэ Ӏэмэпсымэхэм еуэ творческэ гупхэмрэ я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм. Уэрэд жызыIахэм яхэтт АдыгэХьэблэ и нэхъыжь Советым иджыблагъэ къызэригъэпэща, уеблэмэ зымахуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа творческэ зэпеуэм Лауреат щыхъуа «Хэгъэрей» хорыр, КъЧР-м щIыхь зиIэ и артист Муратхэ Мурат, утыкур зыгъэбжьыфIэ артисткэ Гъуэщокъуэ Зуридэ, нэгъуэщIхэри. Гур къэзыӏэт пшыхьыр зэхуащӏыжащ щӏалэгъуалэм иришэжьа Адыгэ Джэгумкӏэ. Ар ирагъэкIуэкIащ Хьэбэз районым къикIа хьэтиякIуэ Адэмокъуэ Ахьмэд и гупым. — Адыгэр дэнэ щымыпсэуми, и Лъэпкъ Ныпыр и Iэпэгъуу, и псэм щыщ Iыхьэу къилъытэу къогъуэгурыкIуэ.
Зы цIыхуи щыIэу си фIэщ хъункъым абы и жьауэм щIэтыну хуэмейуэ, и хьэгъуэлIыгъуэр арыншэу зэфIигъэкIыу. Адыгэм ди гуфIэгъуи ди гукъеуи абы къыддегуэш. Арагъэнущ дэр хуэдэу зи нып хэIэтыкIауэ зыгъэлъапIэрэ нэгъэсауэ зылъытэрэ щIыщымыIэри. ЖызмыIэу къэзгъэнэфынукъым районым и администрацэмрэ щэнхабзэмкIэ и къудамэмрэ, республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий къадэIэпыкъуурэ, мыпхуэдэ нэгузыужь пшыхьхэр ди къуажэдэсхэм тыгъэ зэрыхуащI зэпытыр. Жагъуэ зэрыхъущи, нэгъуэщI лъэпкъ Iуэху хэтын хуей хъури, Алий мызыгъуэгум пшыхьыр къыддигъэлъэпIэфакъым. Ауэ хъуэхъу тхылъ къы тхуригъэхьыжащ Адыгэ-Хьэблэ и ут нэхъыщхьэм итахэм, — махуэщI Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIам и гугъу къытхуищIащ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хъупсырокъуэ Мурадин. Лъэпкъ Ныпым и Махуэр илъэс бжыгъэ хъуауэ Адыгэ-Хьэблэ районым махуэщI мыхьэнэ иIэу щрагъэкIуэкI Адыгэ Хасэм и фIыщIэкIэ, и къарурэ и жэрдэмрэ хэлъу.
А къуажэм щыщхэр зэрыхуейм хуэдэу мы гъэм ар ягъэлъэпIэфакъым, дунейр уэшхрилэ зэпыту махуэхэр зэрытехуам къыхэкIкIэ. Дауи, зи лъынтхуэм адыгэлъ щызежэ дэтхэнэми ирещIэ, зыщремыгъэгъупщэ и Лъэпкъ Ныпым мыхьэнэшхуэ зэрыритын, зэрыригушхуэн, пщIэ лей хуищIу зэрыпсэун хуейр. Шэч хэлъкъым, абы ещIэкIауэ адыгэхьэблэдэсхэм щэнхабзэ дауэдапщэхэр къахузэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьауэ хъуам фIыщIэгуапэ яхуэфащэщ. Псэр зыгъэгуфIэ Iуэху щхьэпэхэр дяпэкIи кърахьэжьэну Тхьэм жиIэ!
***
ХабзэфIым зэрытету, Адыгэ Ныпым и Махуэр ди лъэпкъыр зэгъэуIуауэ зыщыпсэу Хьэбэз, Адыгэ Хьэблэ районхэм, республикэ къалащхьэм Iэтауэ, гуфIэгъуэ дауэдапщэ инхэм щIэту щагъэлъэпIащ, лъэпкъ Хасэхэм, щэнхабзэмкIэ къудамэхэм я къызэгъэпэщыныгъэкIэ. Республикэ къалащхьэм щекIуэкIа махуэщIыр къызэригъэпэщащ Адыгэ ЩIалэгъуалэ Хасэм. Абы и тхьэмадэ Къантемыр Арсен махуэщIыр къыщызэIуихым фIыщIэ ин яхуищIащ къызэгъэпэщыныгъэ IуэхухэмкIэ сыт щыгъуи закъыщIэзыгъакъуэ КъЧР-м и Правительствэм, щэнхабзэмкIэ и Министерствэм, Черкесск къалэ мэрием, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм. МахуэщIхэр гъэнщIауэ щытащ лъэпкъ къафэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.