Псэ жыг

Скульптор ГъущIапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящIа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар 1763-1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щIыкIэу гъэжа бетоным тещIыхьащ жэзым къыхэщIыкIа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иIэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лIакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лIакъуиблкIэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атIэ гъащIэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр Мейкъуапэ, Хьэт щэнхабзэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ урохьэлIэ», — жеIэ ГъущIапщэм.

Илъэсищэ зауэм теухуа фэеплъ Налшык щагъэувын унафэр къащтат 1994 гъэм. Абы щыгъуэ Хуитыныгъэм и жыг хадэ цIыкIум деж щагъэтIылъауэ щытащ мывэ, абдежым фэеплъ зэрыщаухуэнур тетхауэ.

Зэман дэкIри, мывэр щагъэтIылъам тIэкIу нэхъ ищхьэкIэ щаухуащ фэеплъыр – адэжьхэм щIыхь зэрыхуащIым и нэщэнэ Псэ жыгыр. Ар я фэеплъщ Хэкум папщIэ зи псэ зытахэм, щIэблэм я хуитыныгъэм щIэхъуэпсахэм, я насыпым щIэзэуахэм. «Псэ жыгым» къегъэлъагъуэ къэкIуэнум фIыкIэ дызэрыщыгугъри.

Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м фэеплъым и деж щрагъэкIуэкI Щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа дауэдапщэхэр.

НАФIЭДЗ Данэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *