Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и пащхьэм «Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу» жэуэ тедзауэ ит домбеякъ сыныр гъэхьэзырынымрэ гъэувынымрэ мылъкушхуи гуащIэ мымащIи ирахьэлIащ ар зыхуагъэувахэм я щылъху иджырей адыгэхэм. Псом хуэмыдэу, а Iуэхум илъэс зыбжанэкIэ пылъащ Хъумэрэ къуажэм щыщ жылагъуэ Iуэхузехьэ, фэеплъ сыным и проектыр зыщIа КУЭБЛ СулътIан Кърым и къуэр.


2017 гъэм къызэIуаха фэеплъ сыным къежьапIэ хуэхъуамрэ адыгэм и дежкIэ мыхьэнэуэ зэрихьэмрэ сфIэгъэщIэгъуэну, ди лъэпкъым и щыгъуэ-щIэж махуэм езгъэхъулIэри, СулътIан сыдэпсэлъащ.
«БлэкIа жыжьэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыбгъэщыну упылъа сыным сыт къаритыр иджырей адыгэхэм?» жэуэ сыщеупщIым: «1763–1864 гъэхэм екIуэкIа зауэ лъыкI-псыкIыр зыпэщIэкIа, хэкубгынэ гъуэгум егъэзыгъэкIэ теувэныр зи натIэ хъуа дядэжьхэм я фэеплъыр дгъэкIуэд зэрымыхъунур дегъэлъагъу абы» къызжиIащ.
Кавказ зауэм хэкIуадахэр я цIэ-унагъуэцIэкIэ дгъэнэIуэфамэ фIы дыдэ хъунут, ауэ ар нобэ зэрытхузэфIэкIыну щIыкIэр ди щхьэм къитIэскъым жытIэу, зыри дымыщIэу дытIысыжынри тэрэзкъым — дыкъызытехъукIыжахэм ягъэва мыгъуагъэм дытемыпсэлъыхьу, абыхэм я щIыхьыр дымыIэту. Илъэсищэ зауэм хэкIуэдахэм дапщэрэ уатемыпсэлъыхьми къыпхуэIуэтэнукъым икIи къыбгурыIуэнукъым гугъуехьрэ хьэзабрэ зибэ лъэхъэнэм зэрыхэпсэукIар, къэзылъхуахэмрэ къыдалъхуахэмрэ гу щамыхуэу, дунейр къатеункIыфIэнкIэ дапщэщи шынагъуэ зэрыщыIэм гусыс химыгъэкIыу.
Иужьрей илъэсиблым хуэдэуи, республикэм и унафэщIхэмрэ Адыгэ Хасэмрэ Черкесск дэт фэеплъ сыным и пащхьэм мы мазэм и 21-м къызэрагъэпэщыну пэкIум мыкIуэу къызэрымынэнум пылъынущ зи лъынтхуэм адыгэлъ щызежэ дэтхэнэ зыри.
Иджы сывдэгуэшэнщ Куэбл СулътIан сыным и ухуэкIэм теухуауэ гъэщIэгъуэну сызыщигъэгъуэзамкIэ. Нэзий иIэу щIа сыным и къэухьыр метр зэбгъузэнатIэ пщыкIутI мэхъу, абы и кум итщ къамэ Iэпщэ дэгъэзеяр, пэщIэсэм тегъэбыдыхьа мэIухукIэ и гупэри и щIыбри узэдауэ.
Къамэхэр — хахуагъэм, щIыхьымрэ бгырыс лъэпкъхэм я зауэлIхэм къадекIуэкI щхьэмыгъэзагъэмрэ я нагъыщэщ. Фэеплъ сыным и жыпхъэр СулътIан щигъэхьэзырым, зауэр къызэрагъэувыIар къамапIэм илъу зэрыщытын хуеймкIэ нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэфащ. КъамэкIыр къэщIыхьащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ.
МэIухухэр — Хэкур хъумэным я нагъыщэщ. Абыхэм я кум дыщэпсу къыхэцIуукI сэдзэхэмрэ шабзэхэмрэ бийм и мыжурэпэм дыщахъумэу аращ къикIыр. Сыным и лъабжьэм къещIэкIа щимэ пэу пщыкIутIым гурыIуэгъуэ тщащI Адыгэ Хэкум къриубыдэу щыта щIыналъэ бжыгъэр, ахэр зы IэштIым лъэщу зэрызэрыIыгъар. ИщхьэIуэкIэ винт мыулъийхэмкIэ хэIуэнтIащ нэзихыу гъэжа фэеплъ плитэ пIащIэхэр, Кавказ зауэм зи псэ хэзылъхьахэм лIыгъэу яхэлъар, адыгэщIым и хуитыныгъэм хуэпсэуахэр дигу къагъэкIыжу.
Кавказ зауэм хэкIуэдахэм фэеплъ сын хуагъэувын хуейуэ хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид унафэ къыщихьам, Куэбл СулътIан сыным и теплъэр и нэгу къызэрыщIигъыхьэм хуэдэу тхылъымпIэм щитхагъэххэу иIэти, и лэжьыгъэр иригъэхьащ КъЧР-м и Правительствэм къызэригъэпэща комиссэм хэдэ-хэплъэ IэмалкIэ фэеплъ сынхэм я проекту щыIэхэм я нэхъыфIыр сэтей къыздащIыну зэпеуэм.
Черкесск къалэм зи IэрыкI къыдэзыгъэувэну хъуапсэхэм яхэтт Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху IэпщIэлъапщIэхэр, ди лъахэм щыщу Куэблым щIыгъут скульптор гъуэзэджэ КIэмрыгу Хьэтызэ (Тхьэм здэкIуам щигъэтынш).
Зэпеуэм хагъыхьа дэтхэнэ лэжьыгъэри зэщымыщу икIи бэлыхьу щIат. Зым къыщыгъэлъэгъуат шы иудам и фIалъитIыр дэгъэзеяуэ, абы къуаргъ тесыжу. ЕтIуанэр теухуат Iэщэ-фащэкIэ узэда адыгэ зауэлIыр испы унэм къызэрыщIэжам. Хьэтызэ итха чертежыр нэхъ инт, нэхъыбэ къызэщIиубыдэу — бгы теплъэу щIа мывэм зэхэуэм и пэмрэ и кIэмрэ къыхэIущIыкIат, и гъунэгъуу щытт адыгэ анэм нану цIыкIур и бгъафэм щIикъузауэ иIыгъыу.
— Сыныр иджыри дыуха щIыкIэкъым. Абы лъэныкъуитIымкIи иIэ дэкIуеипIэ цIыкIухэм зэпэплIимэу къыщыдгъэна щIыпIэ нэщIхэм барельеф теплъэу сыныщIэхэр щыдгъэувын ди мурадщ. Зы плIанэпэр хухэтхынущ КIэмрыгу Хьэтызэ къыщIэна лэжьыгъэм, етIуанэр теухуауэ щытынущ адыгэм и мамыр гъащIэм, ещанэр — тырку кхъухьыр къэсыным пэплъэу жыг щIагъым щIэс, псэ зыхэмытыж нанур идиихьауэ зи куэщI илъ лIыжь-фызыжьым, еплIанэр — зауэнэужь илъэсхэм ди лъэпкъым гъащIэщIэ иухуэн зэрыщIидзэжам, — фэеплъ ухуэныгъэм хищIыхьыжыну къыпэщылъым теухуауэ жеIэ Куэблым.
Мыбдежым къыхэзмыгъэщ хъунукъым фэеплъ сыным теплъэу иIэнур тхыным Куэблым илъэсиплI зэрыфIихьар, абы сурэтыщI Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд чэнджэщкIи IуэхукIи дэгъуэу зыкъыщIигъэкъуауэ зэрыщытар.
Дахэрэ уардэу щIауэ адыгэхэм сын яхуэгъэфэщэнрати нэхъыщхьэр, мывэхэкIхэмрэ гъущIхэкIхэмрэ елэжь москвадэс IэщIагъэлI лъэрыхьхэм сыныр ярегъэщI СулътIан. МазитIкIэ домбеякъым кIэрыса IэпэIэсэхэм, мэIухум къамэхэмрэ шабзэхэмрэ къыщыхагъэжым, ахэр IупщIу щытын щхьэкIэ, трахъукIри шэху плъыфэншэ трагъэлъэдэжащ, уэс къытесэми уэшх къытешхэми улъия кърамыгъэщтэну.
— ХэткIи гурыIуэгъуэщ фэеплъ сын къызэрымыкIуэ щIынми гъэувынми ахъшэшхуэ зэрытехуэр. Ди хэгъуэгум щыщу мылъку зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъу куэдым яхузэфIэкI къамыгъанэу къыддэIэпыкъуащ. Лъэпкъыпсэхэм сыным и щIыпщIэри тхуатащ, и лъабжьэм ихъуреягъкIэ хэтлъхьа пкъыгъуэхэмкIи дыкъызэрагъэпэщауэ щытащ, — игу къегъэкIыж СулътIан.
ЩIым къыхэкIа сыт хуэдэ хъугъуэфIыгъуэми пIалъэ иIэу Тхьэм игъэпсащи, сынри хуэныкъуэщ къыкIэлъыплъын цIыхуIэ. Гуапэ зэрыхъущи, КъЧР-м и ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэм хэтхэм абы гулъытэ егъэгъуэтыныр къалэн зыщащIыжауэ, накъыгъэм и 21-м ехъулIэу ар ятхьэщI, зэхуей хуагъазэ.
Куэбл СулътIан сыщепсалъэм къыбгъэдэкIа гупсысэхэр хъарзынэт зэкIэ, ауэ зым сыкъызэщIиIэтащ сигъэгушхуэу: «Фэеплъ сыныр Черкесск щыгъэувэным хэлIыфIыхьахэри, нобэ ар здэщыт щIыпIэм екIуалIэурэ зауэм ижь къызыщIихуахэм яхуэщыгъуэ, яхуэгумэщI ди лъэпкъэгъухэри псэхыж хъужыкъуэмэ зэгуэр, абыхэм яужь къинэнухэм фэеплъу къахуэнэнущ я щхьэр ину языгъэлъагъужыни, пщIэ зэрызыхуащIыжыни…»
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.