Нарт IуэрыIуатэм и лIыхъужьхэр

Адыгэ нарт эпосым и лIыхъужьхэм яхэтщ лIыхэри фызхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри адрейхэм йофIэкI зыгуэркIэ: и къарукIэ, и акъылкIэ, и гулъытэкIэ, нэгъуэщIкIэ. Ауэ ахэр зэщхь ещI зэрыщхьэхуитым, я гупсысэкIэрэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэрэ зэраIэжым, зэрыхэкупсэм, цIыхухэр фIыуэ зэралъагъум, псэ лъапIагъэу къалъытэхэм я гъащIэр щIатыну зэрыхьэзырым. НэгъуэщI псалъэхэмкIэ жытIэмэ, зыгуэркIэ ахэр дэркIэ щапхъэ мэхъу. Ауэ абы щIыгъууи яхэлъщ къызэрыкIуэ цIыху щэн мыхъумыщIэхэри. Сосрыкъуэ езы нартхэм яIэщIэкIуэдэжащ. Бадынокъуэ сабий цIынэ щIыкIэ ягъэкIуэдыну пылъащ. Сэтэней хъуагъэщагъэ, хьилагъэ, гъэпцIагъэ куэдым хуокIуэ, Сосрыкъуэ адрейхэм ятригъэкIуэн папщIэ. Нарт IуэрыIуатэм иIэщ дунейпсо щэнхабзэм хуэгъэза мыхьэнэ мыкIуэщI, икIи абыкIэ ар хуагъадэ «Илиадэ», «Одиссея», «Махабхарата» тхыдэ тхылъхэм. Сэ а щыми сащыгъуазэщ, икIи жысIэфынущ «Нартхэр» я ныбжькIи, я купщIэкIи абыхэм я пэ имыщмэ, я кIэ къызэрымыкIуэр.

Сэтэней

Псом япэу лIыхъужь хъыбархэм къахощ Сосрыкъуэ – «мывэм и къуэр». Ауэ и анэм «дыщхьэпрыIэбыкIыу» и къуэм и гугъукIэ къыщIэддзэнкъым – анэр нэхъапэщ.

Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, и чэнджэщэгъущ нартхэм я гъукIэ, Iуащхьэмахуэ тес тхьэпэлъытэхэм яхэт зэпыт Лъэпщ. Сосрыкъуэ мывэм къыщыхахынум Сэтэней япэу акъылэгъу къыхуэхъуари, къыдэIэпыкъуари, Iуэху нэхъыщхьэр зэфIэзыгъэкIари Лъэпщщ. Нартхэм я Хасэм, зауэлIхэм я гупжьейм зэрыхамыгъэхьэуи, хасэм и зэхуэсым зэрыщIамыгъэхьэуи, Сэтэней — нарт жылагъуэ утыкум и унафэщIщ, и Iэтащхьэщ, и Iулыджыр къыпхуэмыгъэлъахъшэну лъагэщ. А псом ищIыIужкIэ, ар бзылъхугъэ дахащэщ, тхьэIухудщ.

Нартхэм я утыкум сыт хуэдэ жылагъуэ Iуэху къыщрамыхьэжьэми, щызэфIамыхми, Сэтэней хэмыту, и акъыл хэмылъу зэфIэкIкъым. Нартхэр бийхэм ятокIуэ, Сэтэней и чэнджэщхэм щIэдэIуурэ, абы къахуигупсыса Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ. А бзылъхугъэ къызэрымыкIуэм къащIэ иIэщ, жиIат Сосрыкъуэ и кIуэдыкIэ хъунури.

Нартхэм хъыбару къазэрыдекIуэкIыу, удщ, хущхъуэщхъухьзэхэлъхьэщ, щIыуэпс къарухэр къегъэдэIуэф. Сосрыкъуи абы хуигъэсауэ щытащ. Сэтэней и щхьэгъусэхэр игъэдаIуэу, уеблэмэ, абыхэм унафэ яхуищIу псэуащ. Сэтэней мылIэжыныпсэщ. Нартхэр псори е яукIащ е езыхэр лIащ. Ауэ Сэтэней яукIауэ е лIауэ зыщIыпIи къыхэщкъым. Зэ закъуэ хэтщ Сэтэней и псэр и къуэ лIам хигъыхьа хуэдэу. Сэтэней и цIэм епхащ Кавказым и щIыпIэцIэхэр. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Псыжьыщхьэ мывэшхуэ щылъу жаIэ, «Сэтэней и хьэку» фIащауэ.

Сосрыкъуэ

АдэкIэ дыхуэкIуэнщ Сэтэней и къуэу къалъытэ Сосрыкъуэ. Абы лIыгъэ куэд зэрихьащ, Iуэху куэд илэжьащ, и анэм иригъэсауэ, абы игъэдэIуэфт щIыуэпс къарухэр: уэс къригъэсыфт, уэшх къригъэшхыфт, уае ирищIэкIти, хыр игъэщтыфт. Иныжьыр хым хигъэщтыхьэри, и щхьэри пиупщIат…

Псэущхьэхэм я бзэр къыгурыIуэт. Ауэ езыр бзаджэт икIи леймыгъэгъут. И щхьэ акъылкIэ псэужт, и шы Тхъуэжьейм фIэгъэкIа нэгъуэщI псэлъэгъуи, чэнджэщэгъуи имыщIу. Уеблэмэ и анэ Сэтэнеи щемыдэIур нэхъыбэт. ЗытекIуэдэжари и анэм жиIар зэримыгъэзэщIаращ… Нэхъ иужьыIуэкIэ абыи дыкъытеувыIэнщ. Сосрыкъуэ къызэрыхъуам щэху куэд пыщIащ икIи ар нобэр къыздэсым зэхэмыгъэкIауэ къонэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, эпосым и хъыбарым къызэриIуатэмкIэ, абы и адэщ нартхэм я Iэхъуэ Сос, и анэщ нартхэм я анэу ялъытэ Сэтэней. Сэтэней жьыщIэу псы Iуфэм Iуст нартхэм я Iэхъуэр бзылъхугъэ дахэм къыщехъуэпсам. А хъуэпсэныгъэр ирикъуащ бзылъхугъэр жьыщIэу зытеса мывэр лъэщыджэ хъун щхьэкIэ. Ар дэркIэ щэху гуэр зыхэлъ образ къудейуэ аращ. Мыбдежым зы мащIэкIэ ди гупсысэхэр «тедгъэхьэулеикIын» хуей хъунущ.

Нартхэм япэ ита иныжьхэр щыщт Ещанэ ЩIыдэлъху Лъэпкъым (Третья Коренная Раса). Абыхэм нэхъапэхуным сабийхэр къалъхутэкъым, атIэ къагъэщIт, Тхьэм хуэдэу, апхуэдэ лъэкIыныгъэхэр иджыри ябгъэдэлъ щIыкIэти. Нартхэм ящыщ гуэрхэми апхуэдэ лъэкIыныгъэм «ижь къащIихуауэ» иджыри гурыгъуазэкIэ зыгуэрхэр яхузэфIэкIыу къыщIэкIынт. Нарт Iэхъуэм, псалъэм и жыIэгъуэкIэ… Ауэ эпосым ар къытхуеIуатэ дэ къызэрыдгурыIуэнум хуэдэу. Дунейм тетыхун Сосрыкъуэ нарт Iэхъуэмрэ Сэтэнейрэ я къуэущ къызэралъытар. Лъэпщ и пхъур Сосрыкъуэ къритын идатэкъым, «жэмыхъуэжьым и къуэм ест нэхърэ си пхъур лIыншэу къанэми нэхъыфIщ…» жиIэри. А псом ищIыIужкIэ, Сосрыкъуэ нартхэм ящхьу къызэрымыхъуам щIыгъуу, ар адрейхэм къахэщт и хьэлщэнкIи, и зэфIэкIкIи, и акъылкIи, и лIыгъэкIи.

Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, нартхэм Сосрыкъуэ хамэфэ ираплъу щытащ. Ныбжьэгъухэмрэ лъэщтэгъухэмрэ зэриIам хуэдэ къабзэу, куэду иIащ ныкъуэкъуэгъухэмрэ бийхэмрэ. ИкIэм-икIэжым езы Сосрыкъуи и шы Тхъуэжьейри зыукIыжар нарт дыдэхэращ. Фызыжь уд, щхъухьпсыхьыщI, нэгъуэщI теплъэм ихьэф Уэрсэрыжь кърагъэщIащ Сосрыкъуэ и щэхур. Уэрсэрыжь таж дахэм и сурэт къищтэри гъуэгум къытетIысхьащ. Сосрыкъуэ и анэм къыжриIами («… Щхъухьпсыхь къыпкIэлъызэрахьэри, уздэкIуэм гъуэгум телъ лъэпкъ къэпщтэну Iэмал иIэкъым…») ебакъуэри, ар къиIэтащ, и жыпым ирилъхьащ.

АдэкIэ аргуэру хъыбарыжьым зыхуэдгъэзэнщ: «…ХьэрэмэIуащхьэ нартхэр щызэхуэсауэ, жэншэрхъыр кърагъэжэхыну зэрыхьэзырыр щилъагъум: — Фи ней къысщыхуэ, «IэдакъэкIэ» жыфIэмэ сыхьэзырщ, «натIэкIэ» жыфIэмэ сыхьэзырщ, ауэ «лъэгуажьэкIэ» жывмыIэмэ. «Дызэдэгъажэ» жыфIэмэ, дэнэкIи сыфхуэгъэзащ, «мывалъэмкIэ» жывмыIэмэ, — жиIэт и щхьэ хуэпсалъэурэ». Сосрыкъуэ и жыпым илъ тажым — абы и теплъэр къэзыщта Уэрсэрыжь зыхуей дыдэр зэхихащ икIи нартхэм яхуиIуэтэжащ Лъэпщ ар щипсыхьым IэдэмкIэ иIыгъа и лъэгуажьэхэр тIасхъэу къызэрынар, и шы Тхъуэжьейм и лъэгур зэрыщабэр, ар мывалъэ щIыпIэхэм зэрыщыземыкIуэфыр.

Нартхэм мурад ящIащ Сосрыкъуэ ХьэрэмэIуащхьэ ирагъэблагъэу жэншэрхъымкIэ ягъэджэгуну. Ар кърагъэжэхмэ, натIэкIэ, IэдакъэкIэ еуэурэ драхуеижт. Жэншэрхъ къежэхыр Сосрыкъуэ натIэкIи, IэдакъэкIи еуэурэ дихужат. Ауэ нартхэм я щIэнэкIалъэ лъэIукIэ («Сосрыкъуэ, атIэ улIмэ, лъэгуажьэкIэ къеуэ…») лъэгуажьэкIэ щеуэм, и лъэдийр зэпиудащ. Нартхэм я лъэIур имыгъэзащIэми ягъэ кIынтэкъым, ауэ лIыгъэншафэ къраплъынкIэ шынащ («… нартхэм я дежкIэ емыкIут, хабзэтэкъым жаIэр умыщIэну…»). Тхъуэ жьейм зридзыжыфакъым, джалэри. Ишми и лъэгу щабэм шэ къытрагъахуэри яукIащ. Мы теплъэгъуэм зэрегъэдауэ тхыдэ щIэныгъэлIхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар зыгуэркIэ пэджэжу къалъытэ алыдж Ахиллес къызэрыхъуам («Ахиллесова пята» жыIэкIэр нобэр къыздэсым къокIуэкI). Сосрыкъуэ нартхэм къахуехьыж мафIэр, иныжьхэм ядыгъуа ху жылэхэр. Ари зыгуэркIэ ещхьщ алыдж Прометей мафIэр цIыхухэм къазэрыхуихьыжам. Ауэ Сосрыкъуэ Прометей хуэдэу бгыщхьэм кIэраIулIэкъым.

Мыбдежым сэ абы хуэгъэза нэгъуэщI еплъыкIэ сиIэщ. Нарт эпосыр алыдж хъыбарыжьхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ. Нарт хъыбархэр алыдж мифхэм япэджэжкъым, алыдж мифхэм нарт эпосыр тегъэщIапIэ ящI, хэкIыпIэу нэхъ къагъэсэбэп. Ар апхуэдэу щIыщытым щхьэхуэу утепсэлъыхьыфынущ. ИкIи ар тхыгъэ псо хъунущ. ЛIыхъужь леймыгъэгъур яукIа къудейкъым, атIэ хьэкIэкхъуэкIэ щIыкIэм иту, псэууэ щIым щIатIащ. («Нартхэм: «Сосрыкъуэ дунейм щыдгъэлIэнкъым, хьэдрыхэм псэууэ едгъэхынщ», — жаIэри Сосрыкъуэ псэууэ щIатIащ. ЦIыхухэм Сосрыкъуэ гъэщIэгъуэныгъэ куэд бгъэдалъхьэу щытащ: «Сосрыкъуэ щIы щIагъым мылIэу щIэсщ. Илъэс къэс гъатхэм деж тхьэрыкъуэфым зиубгъурэ ныбгъуэхэм «къыу» щыжаIэм, щIым къыщIогуоукI: «Уафэр щыкъащхъуэу, щIылъэр щыщхъуантIэм махуибл къудей хуиту къыщыскIухьыну дунейм сытехьэжащэрэт!

Си жагъуэгъухэм я нэхэр къистхъынт, щIым мызахуэу тетыр сэ зэхуэдэ сщIынт…») Мис апхуэдэу нартхэр пыкъуэкIащ езыхэм нэхърэ нэхъ лъэщ, нэхъ Iущ, нэхъ хахуэ, езыхэм ямыщхьу дунейм къытехъуа, дунейм тета, «мывэм къыхаха» цIыхум. Кавказым уэру къыщыщIэж минеральнэ псы хущхъуэхэр Сосрыкъуэ и нэпсу жаIэ…

Бадынокъуэ

Адыгэ нарт IуэрыIуатэм Сосрыкъуэ кIэлъыкIуэ и етIуанэ лIыхъужьщ Бадынокъуэ. Абы и адэри, и анэри нарт лъэпкъым щыщщ. Ауэ абы и сабиигъуэри тыншу щытауэ пхужыIэнукъым. Бадын и щхьэгъусэр лъэщыджэу къыщащIэм, щIалэ къыхуэхъумэ ягъэкIуэдыну нартхэм мурад ящI. Бадынокъуэ къэхъуа нэужь къадыгъу, пхъуантэм далъхьэри къуэм дадзэ. Уэлбанэ къытохъуэ, пхъуантэр псыдзэм къуэм къыдехри тафэм къытрехьэ. Абдежым ар къыщагъуэт къазыхъуэ фызымрэ и щхьэгъусэмрэ.

Абыхэм сабийр кIуэдыгъуэм кърагъэл. ИужькIэ ахэр Бадынокъуэ и анэм кърегъэблагъэри, щIалэр щIыунэм щIэсурэ адэкIэ лъэ трагъэувэ. Щхьэзакъуэным еса Бадынокъуэ цIыхухэм къахыхьэкъым. Ар зауэлI щхьэзакъуэщ, Абы игу къищтэкъым джэгухэмрэ нэгузегъэужь Iуэхухэмрэ. Абы Iэщэхэр щIызыпщIэхилъхьэр зауэ Iуэхухэращ. Бадынокъуэ теухуа нарт хъыбархэм яхуэфащэ щIыпIэ щеубыд лIыхъужьым теухуа эпическэ поэмэ иным. Абы щыщ пычыгъуэ гуэрхэри къэтхьынщ. Нартхэ ди Бадынокъуэ, Чынтыхэр зи ныкъуэкъуэгъу, И зекIуэн къыщохьэ, И шым уанэ трелъхьэ, Шыныбэпхыр щIекъузэ, ЗэщIекъузэри мэшэс…

… И хьэ самырыр бгъурыдзэу, И бгъэ гъэсахэр щхьэрыдзагъэххэу, ТхъуэкъэрапцIэу, блапцIэ щхьэ гъуру, Iэ кIуэцIрыжым тесыххэу 

И бжыпэуэгъуэр лIы уэгъуищэ пэлъытэу, Зригъэлъэтэхым къашыргъэ пщэхуу, И афэджанэр зэщIыпщIэу, Езыр гу ищI – бгы ищIу, Шу ябгэр къолъыс, Хьэ самырыбэр еутIыпщ, И джатэ Iэпщэр егъэз, Биижьыбэдзэри егъэгулэз. Гузэва нартхэми ягу мэзэгъэж. Бий гуащIэр гъэру йощIых. Къахыхьа закъуэр нартхэм ямыщIэ, ЗэрагъэщIэнри ялъэкIкъым. Бийр хьэдэ лъэрыщIыкIыу щIыпIэм къренэ, Псэууэ къанэ закъуэм нэIурыдзэныр ныхуещI, «Хъыбар ягъащIэ» жыхуиIэу, Iэ гупэ уэгъуэри хуещIыжри, КъыздикIа лъахэми еутIыпщыж… Бадынокъуэ — IэщэкIэ зэщIэузэда шу щэджащэр — нарт цIыхубэм и нэт, и псэт, чынтыхэм я ажалт. Апщыгъуэми Бадынокъуэ нартхэм я гъусэу зекIуэ ежьэтэкъым, ауэ, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, бийр, къащытеуэкIэ, зыри пэмыплъагъэххэу къыкъуэкIти, чынтыхэм лъэрыщIыкIыр къахуихьт, зэтриукIэт, ирихужьэжт. Бадынокъуэ зыгуэркIэ япэщIэтт нартхэми.

Ар къызыпэкIуэри и щхьэзакъуэ унафэкIэ зэрыпсэужрат. Ар щыболъагъу Сэтэней зэрыхуэзэмрэ нартхэм я хасэм къызэрыкIуэмрэ. Сосрыкъуэ IуимыгъэщIэн, пэщIимыгъэувэн щхьэкIэ Сэтэней пылъащ Бадынокъуэ лъэныкъуэкIэ дишэхыну, и къарур щIихыну. Ауэ ар къехъулIакъым. Абы щыхьэт тохъуэ Бадынокъуэ и хъущIэ псалъэхэр: «Я санэху кIадэм дзыгъуэ хырырелIэ, Я вы ехъуар псэхэлIэ ирехъу, Я гъэлъэхъу пшэрыр дыгъужьым ирырешх. Сэ сыешхакIуэ-ефакIуэкъым, Сэ сылэгъунакIуэ щауэкъым. Нарт щауэгъу солъыхъуэ». Бадынокъуэ и цIэр нарт IуэрыIуатэм къыхощ нэгъуэщI лъэныкъуэкIи – и адэр щихъумащ нартхэм къадекIуэкIыу щыта хабзэ мыхъумыщIэм – жьы хъуа цIыхухэр бгым ирадзыхыжу зэрыщытам. И адэр бгым иримыдзыхыжу бгъуэнщIагъым щигъэпщкIуащ. Абы и чэнджэщ Iущхэм лъэпкъыр къызэтрагъэнащ икIи абы ипкъ иту хабзэ мыхъумыщIэр лъэныкъуэ ирагъэзыжащ. Бадынокъуэ лIыгъэ къыкъуэкIащ и уней Iуэху еплъыкIэр жылагъуэ еплъыкIэм пэщIигъэувэну икIи зыхуейр пхигъэкIыну.

Бадынокъуэ и адэр ажалым къригъэлу, зэадэзэкъуэм гу зэщахуами, езым жьыщхьэмахуэ хъуныр и насып къихьакъым. Нарт Жылъахъсэтэн и лъэIукIэ Лъэпщ ищIа, зытрагъэпсыхьам гъазэ имыIэу техуэ шабзитIым язым Бадынокъуэ ихьащ. Нартхэр лIыхъужьу, къызэрымыкIуэу щытами, ахэри хэкIтэкъым зэрыгъэбиинымрэ зэрыхьзэриймрэ.

Ар къызыпэкIуэри нэгъуэщIтэкъым, атIэ жылагъуэ утыкум зыщагъэкIэрахъуэу имыту, фэрыщIыгъэкIэ я цIэр ямыгъэIуу, я щхьэ и унафэ ящIыжу зэрыпсэурат, гукIи псэкIи зэрыщхьэхуитрат. ДэркIэ гугъущ уней щхьэхуитыныгъэмрэ жылагъуэ хьэлэмэтымрэ зэпэщIэзыгъэувэ апхуэдэ нарт щэныр ди нэгу къыщIэдгъыхьэн къудейри… Ауэ бийр къатеуэмэ, зэрызэгурымыIуэ псори зэрагъэтIылъэкIти, зэлъыкъуэувэт.

(КъыкIэлъыкIуэнущ) ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *