Нэгъабэ илъэсым и кIэм Джатэхэ Валерэрэ Хьисэрэ я уней тхылъ тедзапIэм Iэпэ щыщIадзри, къыдэкIащ ГъукIэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам теухуа, напэкIуэцI 734-рэ хъу тхылъышхуэ. Абы и фIэщыгъэцIэм къыхощ «Нартхэр» IуэрыIуатэм нартхэм гъукIэ IэщIагъэмкIэ я Тхьэу, я гъукIэ нэхъыщхьэу щыта Лъэпщ.
Дэри къыдгуроIуэ а IэщIагъэр мы лъэпкъыр къызыхэкIахэмкIэ нэхъыщхьэу зэгуэрым зэрыщытар, иужькIэ гъущIым елэжьхэри зэраIар. Тхылъыр къызэIузых напэм щыдолъагъу ар ГъукIэхэ Мухьэмэд, Iэуес, Iэсят сымэ зэрагъэхьэзырар икIи дунейм къызэтрагъэхьар. Ауэ редакцэм къедгъэблэгъащ тхылъым ихуа материалхэр зэхуэхьэсыным, зэщыгъэкIуэным, зы тхылъым и къэухьым игъэзэгъэным зи зэман, зи къару нэхъыбэ езыхьэлIа ГъукIэ Мухьэмэд Iэдэм и къуэр. Ар езыр тхакIуэкъым икIи журналисткъым, атIэ абы хуеджауэ, тхьэкIумэм, пэм, тэмакъым еIэзэ, зи щхьэ Iуэху зезыхуэж отоларинголог дохутыр Iэзэщ. Илъэс пщыкIутху хъуауэ Черкесск къалэм деж и IэнатIэм иролажьэ.
Ар апхуэдизу и дохутыр IуэхухэмкIэ щIэгъэнащи, телефонкIэ къопсэлъэнуи зэман игъуэткъым. Ауэ ерыщу Iуэхум и ужь дихьэри, «къэдубыдащ» дохутыр-тхакIуэр. ГъукIэ Мухьэмэд игу къызэригъэкIыжымкIэ, и адэр я нэхъыщIэу зэкъуэшитху Беслъэней дэсащ. Езыр фIэгъэщIэгъуэну щIэдэIут нэхъыщхьэу Беслъэней адыгэ къуажэжьыр зи хэщIапIэ ГъукIэхэм я къекIуэкIыкIам теухуауэ абыхэм къаIуэтэж хъыбархэм, ахэр игу ириубыдэт. Мы тхылъым и лъабжьэр абдеж къыщежьауэ жытIэми дыгъуэщэну къыщIэкIынкъым. Мы къыдэкIыгъуэм лъабжьэ хуэхъуа тхыгъэхэм я япэ сатырхэр авторым итхащ 1989 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м. Тхылъым нэхъапэу икIи нэхъыщхьэу ихуа хъыбархэр жиIэжащ ГъукIэ Жыхьэбэн. Ахэр «къагъэберычэтыжащ» адрей нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм.

Дызэрыщыгъуазэщи, дэтхэнэ лъэпкъми, къэралми я тхыдэр къыздыщIидзэр унагъуэм и къекIуэкIыкIаращ. ЦIыху щыIэу къыщIэкIынкъым къызытекIыжахэр зыхуэдэр, ахэр къыздикIамрэ здэкIуэмрэ зэригъэщIэну хуэмейуэ, абы щIэмыхъуэпсу. Иужьрей зэманым хабзэфI хъуауэ ягъэхьэзыр, ятх, къыдагъэкI лъэпкъхэм, лIакъуэхэм, унагъуэхэм ятеухуа тхылъхэр. ГъукIэ Мухьэмэд къызэрилъытэмкIэ, абы къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ тхылъыр мэхъу лъэпкъыр зэрыгушхуэ, унагъуэхэм я хъумапIэхэм хуэсакъыпэу щаIыгъ хъугъуэфIыгъуэ, ныбжьхэмрэ лIакъуэхэмрэ зэзыпх тхыдэ щIэин. Угугъэ хъунущ ГъукIэ лъэпкъым теухуауэ дунейм къытрагъэхьа тхылъри апхуэдэ ныбжьырей фэеплъ хъуну. Тхылъхэр хуагуэшащ ГъукIэхэ я унагъуэхэм, я бынхэм, абыхэм къатехъукIыжахэм.
Ар хэткIи щэхукъыми, хъыбар пэжхэр зэхуэпхьэсыныр икъукIэ гугъущ. Ахэр зыбжанэрэ къытебгъазэурэ щIэпплъыкIыжын, зэбгъэпщэжын хуейщ. А къэхутэныгъэ, зэхуэхьэсыжыныгъэ лэжьыгъэ гугъум зэлъыкъуегъэувэ лъэпкъхэри, унагъуэхэри. ГъукIэхэ ятеухуа тхылъым ихуа тхыгъэхэр зэхуэхьэсынымкIэ, ахэр зэрыхуэфащэу зэхэгъэзэгъэнымкIэ щхьэпащ ГъукIэ лъэпкъым и унагъуэ псори. Абыхэм къабгъэдэкIащ лIыщIыгъуэ кIуам къыщегъэжьауэ нобэрей зэманым нэгъунэ зэхуахьэсауэ, я унагъуэ хъумапIэхэм хэлъ тхыгъэхэр, сурэтхэр, дэфтэрхэр. ГъукIэ Мухьэмэд абы и лъэныкъуэкIэ хуабжьу къыщхьэпауэ къыхегъэщ Хъумэрэрэ Инжыдж-КIыкIунрэ дэс унагъуэхэр, ГъукIэ лъэпкъым и къудамэхэм ятеухуа тхыгъэхэр къызыбгъэдэкIа Дэхъунэ Розэрэ Щай Ирэрэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, абыхэм белджылы ящIащ ГъукIэхэр зэгъэуIуауэ здыдэс Беслъэней къуажэм къыдэкIыу нэгъуэщI къуажэхэм щIэкуэша ущхьэгъухэр. ГъукIэ Мухьэмэд хуабжьу яхуэарэзыщ мы тхылъыр щигъэхьэзырым къыдэIэпыкъуа и Iыхьлыхэм, къыдалъхуахэм, и ныбжьэгъухэм, мы Iуэху мыпсынщIэм зи хэлъхьэныгъэ Iыхьэ хуэзыщIа псоми. Тхылъыр зи IэдакъэщIэкIхэм я жагъуэ зэрыхъущи, мы тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуа гукъэкIыжхэр къызыбгъэдэкIа нэхъыжьхэр дунейм тетыжкъым, ауэ абыхэм я цIэр ГъукIэхэ ягу къинэнущ.
Мис ахэр: зэкъуэшхэу Ислъам, Жыхьэбэн, Даут, Исхьэкъ, Iэдэм; ТIэхъу и къуэ Абдул, Мэкъуауэ и къуэ Мэзан; Мырзэбэч и къуэ Ибрэхьим; Елмырзэ ипхъу Салимэт, Ислъам ипхъу Лолэ, Мэзан ипхъу Кукуэ. Ахэр псори ГъукIэ лъэпкъым щыщщ, икIи абыхэм къаIуэтэжахэмкIэ Мухьэмэд зригъэщIащ и лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, ар Беслъэней къызэрыкIуам, абы ипэкIэ здэщыIам, зэрылэжьамрэ зэрыпсэумрэ ятеухуа хъыбархэр. Тхылъым тегъэчынауэ къыщыгъэлъэгъуащ ГъукIэхэр здэпсэу къуажэхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, ГъукIэхэр зэгъэуIуауэ дэсщ Беслъэней къуажэм – унагъуэ 23-рэ, Черкесск къалэм – унагъуэ 35-рэ, Хъумэрэ – 1 унагъуэ (ГъукIэ Кушыку и унагъуэр), ИнжыджКIыкIун – унагъуи 2, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI хэгъуэгухэм – унагъуэ 12. Тхылъым итщ ГъукIэхэ ящыщу Хэку зауэшхуэм хэтахэр, Чернобыль къыщыхъуа къэуэныгъэ шынагъуэм къыпэкIуахэр гъэкIуэдыжыным хэлэжьыхьахэр, Анголэм, Афганистаным, нэгъуэщI щIыпIэ жыжьэхэм къулыкъу щызыщIахэр, зауэ операцэ хэхам щызауэхэр. Зыри зыщигъэгъупщакъым Мухьэмэд, гъуанэ дэлъ къимыгъанэу хъыбар псори зэхуихьэсащ. Ар щIэныгъэ къэхутэныгъэм ебгъапщэ хъун Iуэху къызэрымыкIуэщ. Тхылъыр унагъуэ альбомым хуэдэу сурэт куэдкIэ гъэщIэрэщIащ. Мыбдежым тегъэчынауэ къэгъэлъэгъуащ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу ГъукIэхэ я нэхъыжьхэр, курытхэр, нэхъыщIэхэр, уеблэмэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм къащIэхъуэжахэр. Си нэIуасэ Iэджи иту къыщIэкIащ мы тхылъ къызэрымыкIуэм. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, «Черкес хэку» газетым и журналист Туаршы Ирэрэ и бынхэмрэ. АтIэ, Ирэ и гуащэр ГъукIэхэ япхъущ. Тхылъыр ГъукIэ Мухьэмэд пылъхьэншэу къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Ар адыгэ щэнхабзэм и тхыдэм къыхэнэну къэхъугъэщ.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.