Урысхэм яIэщ псалъэжь: «Скажи мне, кто твой друг, и я скажу, кто ты…» Ар адыгэхэм нэгъуэщIу къадокIуэкI: «Узигъусэм и фэ къыуаплъ…» Абы аргуэру мащIэу сытеIэзэщIыхьыжынщи, мыпхуэдэу згъэIунщ: «Уи ныбжьэгъум и фэ къыуаплъ…»
Иджыблагъэ «Черкес хэку» газетым и редакцэм къыщIыхьащ ЛIыуней Юрэ Долэт и къуэр. Ар си нэIуасэтэкъым. Ауэ Дэбагъуэ Мухьэмэд и ныбжьэгъуфIу щытауэ къыщызжиIэм, нэгъуэщIынэкIэ сеплъащ икIи псэкIэ нэхъ си гъунэгъу хъуащ. Сэ нобэ хуэдэу сощIэж Мухьэмэдрэ и ныбжьэгъухэмрэ фIыуэ зэрылъагъуу, зэрылъытэу, унагъуэкIэ зэкIэлъыкIуэу, я гуфIэгъуи я гукъеуи зэдагуэшу зэрыщытар. Мухьэмэд псэужамэ, зэныбжьэгъуитIым я илъэс 85-р зэдагъэлъэпIэнут. Арагъэнщ къыщалъхуа махуэм ипэ къихуэу, и ныбжьэгъу щыпкъэр игу къыщIэкIыжар, икIи ар здэлэжьа газетым къыщIэкIуар. ЛIыуней Юрэ 1941 гъэм щIышылэм и 11-м къэхъуащ.
Юрэ къызэрыхъурэ илъэс ныкъуи темыкIауэ, Хэку зауэшхуэр щIидзащ. И адэр фронтым кIуащ, зауэм хэтащ и пэм щегъэжьауэ, и кIэм нэгъунэ. И сабиигъуэр зауэ, зауэнэужь лъэхъэнэ бзаджэхэм хэхуащ – ар «зауэм и быну» къэплъытэ хъунущ. ЛIыуней Юрэ илъэс 40-м щIигъукIэ щылэжьащ хьэфэ-техническэ пкъыгъуэхэр къыздыщIагъэкI, РТИ Черкесск заводым. ФIыуэ зэрылажьэм къыхэкIыу и цIэр игъэIуат, къыхуагъэфэщат «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» орденыр, медаль зэхуэмыдэхэр. Газетхэм, «Черкес хэкури» «(апщыгъуэм «Ленин нур») яхэту, абы теухуа тхыгъэхэр къытехуат. Апхуэдэу нэIуасэ хуэхъуащ апщыгъуэм адыгэ газетым корреспонденту щылэжьа Дэбагъуэ Мухьэмэд. ТIури щIалэ къэмышэт. Зэныбжьэгъухэр зэкIэлъыкIуэти, унагъуэкIи зэрыцIыхуат. ЛIыуней Юрэ селъэIуащ зэныбжьэгъу хэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэм ящыщу игу нэхъ къинэжа гуэрым къысхутепсэлъыхьыну. Хэгупсысыхьри, и гукъэкIыж хъумапIэм къыщигъуэтыжащ и ныбжьэгъум унагъуэ иригъэщIауэ зэрыщытар. Дэбагъуэ Мухьэмэд и адэ Къэлэбэч Юрэ ириджащ. ХуиIуэтащ и мурадыр, и ныбжьыр зэрыхэкIуэтар, зэрысымаджэрилэр, и къуиблымрэ и пхъумрэ я нэхъыщIэ Мухьэмэд унагъуэ иригъэщIэным зэрыщIэхъуэпсыр.
— СыкIуэри, Мухьэмэдрэ сэрэ дызэщIыгъуу дыщIыхьащ и адэм деж. И къуэ нэхъыщIэм зыкъыхуигъазэри, Къэлэбэч кIэщIрэ псынщIэу унафэ ищIащ: «Укъызэплъу ущымыту, кIуэи уи ныбжьэгъум ишхынрэ ирифынрэ гъэхьэзыр, апщIондэху сэ езым сепсэлъэнущ…»
Мухьэмэд игу ирихь бзылъхугъэ иIэххэт. Ар Налшык щеджэт. Къэлэбэч пщэрылъ къысхуищIащ пщащэм и адэм сепсэлъэну. Арати, сунэтIащ Хьэгъундыкъуей ТыIэщхэ я деж. Къэлэбэч благъэ къыхуэхъунум жесIащ и пхъур Дэбагъуэ Мухьэмэд къезгъэшэну сызэрыхуейр, и адэри къызэрелъэIужар.
— Езы хъыджэбзыр абы дауэ еплърэ?
— Куэд щIауэ зэроцIыху, фIыуэ зэролъагъу.
— И еджэныр дауэ хъуну? Ар ещанэ курсым хэс къудейщ…
— АбыкIэ укъыхэмыщтыкI. Дэбагъуэ Мухьэмэд и къуэш нэхъыжь СулътIан Къэрэшей-Черкес область унафэщI къулыкъухэм яхэту мэлажьэ. Ари къащхьэпэурэ ирагъэджэнущ.
— АтIэ апщыгъуэкIэ, дэгъуэщ. Сэри сыарэзыщ. Тездзэри сыкIуащ пщащэр здеджэм. ЖесIащ Мухьэмэд кърагъэшэну зэрыхуейр, я адэхэри зэрызэгурыIуар, Къэлэбэч зэрысымаджэр, и къуэ нэхъыщIэм и хьэгъуэлIыгъуэм хэплъэну зэрыщIэхъуэпсыр. — Ухуэмеймэ, Мухьэмэд нэгъуэщI кърагъэшэнущ…
— Фэзгъэлъагъуни «нэгъуэщI кърагъэшэн»! — пщащэр гушыIэшхуэ зыхэлъ, таучэл зыщI цIыхуу къыщIэкIащ.
Сэри си Iуэхур псыхэкIуадэ хъуакъым. Мухьэмэдрэ Iэминатрэ илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ насыпыфIэу..
. Юрэ зэрыжиIэжымкIэ, Мухьэмэд псэухун зэныбжьэгъухэр зэрыгъэкIуэдакъым, зэкъуэшым хуэдэу дунейм тетащ. Хьэфэтехническэ пкъыгъуэхэр къыздыщIагъэкI заводым фIым я фIыжу щылэжьащ Юрэ. Тхьэм насыпыфIэ уищI, Юрэ, уи ныбжьэгъу пэжу щыта Дэбагъуэ Мухьэмэд, адыгэ газетыр зэрызыщомыгъэгъупщэм папщIэ.
Дынохъуэхъу илъэс 85-рэ узэрырикъуамкIэ! Тхьэм иджыри илъэс куэд абы къыпхупищэ!
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.