Къалэм и мэр IэнатIэми

Урысей къэрал политик, бэдаущ IуэхущIакIуэшхуэ, Черкесск къалэм и мэру щыта ДЕР Станислав хуэдэхэм щхьэкIэщ щIыжаIар: «Илъэсищэм деж зэщ апхуэдэ цIыху дунейм къызэрытехъуэр» жэуэ… Адыгэм и псэр хузэIухауэ хуэлэжьащ, къызыхэкIа лъэпкъым игъуэ нэмыс хъухункIэ щыпкъагъэ ин хэлъу хуэпсэуащ, зи псалъэм Iуэхур къыпэкIуэу дунейм тета Дер Станислав. 1990 гъэ зэхэтхъуахэм хыхьэхэкI Iуэхум и лъэныкъуэкIэ зи лъэ увын щIэзыдза Станислав гугъу емыхьауэ пхужыIэнукъым.

Арами, адыгэлI нэсым и хьэл-щэныфIхэр зыхэлъ Дерым и IуэхущIапIэр зэфIэтыфащ нэгъуэщI предприятэхэр щызэхэщэщэжами, къэралыр зэхэтхъуа щыхъуами. Ар и щыхьэтт Станислав цIыху Iущу, ипэкIэ плъэфу зэрыщытам. АтIэ, «Меркурий»-м къыщIигъэкIын щIидза «Птичье молоко», «Медовик» IэфIыгъэкIэхэр къащэхун папщIэ, нэху мыщ щIыкIэ цIыхухэм сатущIапIэм чэзу къаубыдт. Псы къыщIэзыгъэкI заводыр-щэ? ЦIыхур игъащIэми псы хуэныкъуэнущи, апщIондэхукIи Станислав и цIэр, абы зэфIигъэува «Меркурий»-м фIыщIэу хуащIыр кIуэдынукъым

Станислав и лэжьыгъэм хуиIа фIылъагъуныгъэ иным и щыхьэтщ и продукцэмкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Меркурий» фирмэ щэджащэ иухуар. Станислав и цIэр къыгуэпх мыхъуну епхащ псапэ щIэнми. Гузэвэгъуэ ихуа дэтхэнэми и гу хуабагъкIэ, мылъку дэIэпыкъуныгъэкIэ пыкъуэкIынут. АпхуэдизкIэ цIыхухэм фIыщэу къалъагъут, дэтхэнэми и псэм пэгъунэгъути: «Ди Стаст» зэреджэхэр. Гу къабзэу зи Iуэхухэр зылэжь, цIыхухэр тыншыгъуэ яIэу псэуным, лъэпкъхэр зэгурыгъэIуэным къаруушхуэ езыхьэлIа Станислав нагъыщэ куэдкIэ и фIыщIэхэр къыхалъытащ. АтIэ, Хэкум и пащхьэ къилъэща фIыщIэм папщIэ ещанэ нагъыщэ зиIэ «Орден Орла», «Благословление за усердные труды во славу Святой Церкви» орденхэр Ставропольскэ, Бакинскэ митрополитым къыхуагъэфэщауэ, «За духовное единение» медалыр и бгъэ къыхалъхьауэ щытащ. «Памятник первопроходцу» тхылъ телъыджэр — Станислав и гъащIэр, и дуней тетыкIар, Iуэху бгъэдыхьэкIэу, цIыху хэтыкIэу иIар къигъэлъагъуэу дунейм къытехьауэ щытащ 2007 гъэм.

Тхылъым и щхьэщIэдзапIэм наIуэ пхуещI Станислав сыт хуэдэ Iуэхуми и акъылкIэ къыхуэушу, псом нэхъапэ лъагъуэ хишыфу зэрыщытар. Станислав и гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыдт Къэрэшей-Черкесым и жылагъуэ, политикэ Iуэхухэм. Дерыр жыджэру хуэлажьэт республикэм щыпсэу цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным. 1997 гъэм Черкесск къалэ администрацэм и Iэтащхьэ хъури, илъэсищым къриубыдэу къомыцIыхужыну Черкесск и теплъэм зри гъэхъуэжат, цIыхухэм илъэс куэдкIэ ямылъэгъуа хуэгъэкIуэтэныгъэхэр яIэ хъужат, жьы къабзэ яшэжат.

Республикэм щыпсэухэм къагурыIуат къалащхьэр зи IэмыщIэ ихьа Дер Станислав абыхэм я гъащIэр икIэщIыпIэкIэ зэрихъуэжынур, фIы зэрищIынур. ХьэкъыпIэкIэ къызэрыщIэкIари аращ. Республикэм, Черкесск къалэм щыпсэухэм IуэхущIакIуэ емышыжым фIылъагъуныгъэ ин зэрыхуаIам и щыхьэтт Станислав къыхуагъэфэща нагъыщэр — «Черкесск къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» щIыхьыцIэ лъапIэр. КъинэмыщIауэ, КъЧкъУ-м, КъЧТУ-м «ЩIыхь зиIэ и доктор», Урысейм и гуманитар институтым и къудамэу Черкесск къалэм дэтым и «Почётный доктор» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщат.

Дерым ди республикэм нэхъыбэж хуищIащ 2004 гъэхэм УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкIа сенатору щыщыIами. КъызыхэкIа лъэпкъ уардэр зы хъужыным щIэхъуэпсу псэуа, лъэпкъыпсэ-хэкупсэу зи гъащIэ кIэщIыр къэзыгъэщIа Станислав хузэфIэкIар, и цIыху щIыкIэу щытар хэткIи щапхъэщ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *