УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкІэ щІэгъэбыдауэ, 2008 гъэм щегъэжьауэ Урысейм, абы хыхьэ хэгъуэгу къэс щагъэлъапІэ унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я Махуэр. Абы теухуа Іуэхугъуэ куэд республикэм и къалащхьэм зэпымыууэ щокІуэкІ. МахуэщІыр блэкІами, унагъуэм и пщІэр зэгуэрми ужьыхкъым, ар дэтхэнэ цІыхумкІи гъунэншэ, уасэншэ фІыгъуэщ.
КъинэмыщIауэ, мы гъэр КъЧР-м и Іэтащхьэм и жэрдэмкІэ теухуащ демографие щытыкІэр егъэфІэкІуэным, сабий нэхъыбэ республикэм къыхэхъуэным, гъащІэ кІыхьым. А псори унагъуэм и лъабжьэр нэхъри зыгъэбыдэ щытыкІэщ. АтІэ, мы дуней пыІэзэфІэхь зэрыхьзэрийм щимыгъуэтыну фІыгъуэхэр — гу псэхуныгъэр, псэ тыншыгъуэр, зэхэщІыкІыр, гуапагъэмрэ хуабагъэмрэ — и бынунагъуэщ, и Іыхьлы гъунэгъущ хьэрэмыгъэншэу абы тыгъэ къыхуэзыщІыфынур. Къэрэшей-Черкес Республикэр зэрыгушхуэн унагъуэфІхэр иІэщ.
Илъэс куэд хъуауэ зэгурыІуэрэ зэдэІуэжу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэр, къэралым, хэгъуэгум я зыужьыныгъэм гуащІэдэкІ хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщІахэр, бын хъарзынэхэр зыгъэсахэр, быныбэ унагъуэхэр илъэс къэси хэІэтыкІауэ ягъэлъапІэ. Гуапэ зэрыхъунщи, унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ Махуэ зэрытраухуэрэ, щІыхь утыкум ирашэныр зыхуэфащэ унагъуэ щимыІа хэгъуэгум къыхуихуакъым. Апхуэдэу, илъэс кІуам, бадзэуэгъуэм и 8-м Черкесск къалэм щэнхабзэмкІэ Унэм щаІэтащ, КъЧР-м и Іэтащхьэм и щхьэкІэ къыбгъэдэкІыу яхъуэхъуащ, унагъуэ пылъхьэншэм и щыхьэт нагъыщэхэр, «Образцовая УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкІэ щІэгъэбыдауэ, 2008 гъэм щегъэжьауэ Урысейм, абы хыхьэ хэгъуэгу къэс щагъэлъапІэ унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я Махуэр. Абы теухуа Іуэхугъуэ куэд республикэм и къалащхьэм зэпымыууэ щокІуэкІ.
МахуэщІыр блэкІами, унагъуэм и пщІэр зэгуэрми ужьыхкъым, ар дэтхэнэ цІыхумкІи гъунэншэ, уасэншэ фІыгъуэщ. ИрефIакIуэ урысей унагъуэр, абы щызэрахьэ лъапIагъэхэр! семья» нагъыщэмрэ «За любовь и верность» медалымрэ яхуигъэфэщащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкІахэм. Адыгэ лъэпкъым щыщу: Хьэкъунхэ Мухьэмэдрэ Фатимэрэ, Шыбзыхъуэхэ Борисрэ Валентинэрэ, Жантемырхэ Алийрэ Зарэрэ, Хьэщкъуейхэ Шурэрэ Лидэрэ, Къумыкъухэ Мухьэдинрэ Надеждэрэ. Мы гъэми, лъэпкъ къэс къахэкІа унагъуэфІхэм я нэхъыфІыжхэр ягъэлъэпІащ, щыхь утыкухэм ирашащ, тыгъэхэри хуагъэфэщащ. Шэч хэлъкъым, апхуэдэ щІыхьыр зыхуэфащэу республикэм щыпсэур нэхъыбэж мэхъу икІи ахэр щІэблэмкІэ щапхъэщ, жылагъуэм и лъабжьэр зыгъэбыдэщ, къэралым, хэгъуэгум и къарури, и уардагъри хэзыгъахъуэщ. Унагъуэ къыщагъэщІкІэ, зэпыкІыжи щыІэщ, зэрыгурыІуэгъуэщи. АтІэ, иужьрей зэманым ди республикэм, гъунэгъу къуэш хэгъуэгухэм унагъуэ дапщэ къыщагъэщІа, дапщэ зэпыкІыжа?
Абыхэм я жэуапыр къозытыфынур статистикэрати, зыщыдгъэгъуэзащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, арэзы дыдэ укъэзымыщІщ бжыгъэхэр. ЗАГС ЕГР-м и напэкІуэцІым бжыгъэщІэхэр къыщралъхьэр Росстатым и сайтым ахэр щагъэнэІуа нэужьщ. Абы теткІэрэ, иужьрей бжыгъэхэр, 2025 гъэм и мазаем ехьэлІахэр, накъыгъэм наІуэ къытхуащІащ. Абы теткІэрэ, жыхуэтІэ пІалъэм ехъулІэу, Къэрэшей-Черкес Республикэм унагъуэ 228-рэ зэдащІащ, апщыгъуэми унагъуэ 242-м я нэчыхьыр якъутэжри зэпыкІыжащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм — унагъуэщІэ 497-рэ къэунэхуамэ, 429-рэ зэпыкІыжащ. Адыгэ Республикэм 215-рэ унагъуэщІэу щыщІатхащ, 212-рэ зэпыкІыжащ. Этнолог щІэныгъэлІхэм къалъытэ унагъуэ институтыр къэтІэсхъауэ. Абы и щхьэусыгъуэр дэри ди нэрылъагъущ — пасэрей бзылъхугъэр щыІэжкъым, иджы бзылъхугъэр социальнэу зэтегъэпсыхьащ, ищхьэ щІэныгъэ бгъэдэлъщ, лэжьапІэфІ Іутщ, улахуэфІ къехь, къулыкъущІэщ, хьэрычэтыщІэщ… А псоми къикІыр аращи, ипэкІэ бзылъхугъэр ахъшэкІэ-бохъшэкІэ, щхьэзакъуэ хъумэ жылагъуэр къызэрыпыкъуэкІыну щытыкІэмкІэ, нэгъуэщІхэмкІи и щхьэгъусэм, цІыхухъум епхауэ щытамэ, иджы езым и щхьи и быни ипІыжыфынущ. Абы трегъэгушхуэ лей кърахыу имыдэным, унагъуэр икъутэжыным. Тэрэзщ ар зы лъэныкъуэкІэ. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, а башым нэгъуэщІ убыдыпІи иІэщ, «палка о двух концах» жыхуиІэращи. Зы мащІэ тІэкІу нэхъ нэмыІэу, я тэмакъым зы щІэмыхуэу, зыпэщІэхуа ныкъусаныгъэм зэрыпэщІэкІыным емылІалІэу, цІыхухъум, зыхыхьа унагъуэщІэм зыдрагъэкІуным ауэми емыувалІэу зэпокІыж…
Мис ар ныкъусаныгъэщ. Апщыгъуэми, лІыми фызми я зэхуэдэ, зытелэжьапхъэ ныкъусаныгъэщ ар. Журналист лэжьыгъэм цІыху куэдым дахуегъазэри, зэкъым, тІэукъым зэрызэхэсхар нэхъыжь зэщхьэгъусэхэм зы жьэу жаІэр: «Зэхудэпчыхын, зэхуэбгъэкІуэтэфын хуейщ. Мобы (лІым, фызым) жиІэ псори ІэпэешэкІынрэ зауэ-банэрэ сщІатэмэ, ди унагъуэр лъэлъэжат иджырэ къэс…». Абы къыдэкІуэу, зы зэпсэлъэныгъэ сигу къокІыж. И гуащІэдэкІкІи, и къулыкъукІи, власть ІумпІэ ІыгъыкІэкІи республикэм щыцІэрыІуэ зы лІы Іущ гуэрым сепсалъэу сеупщІат и унагъуэм деж зэщхьэгъусэ зэхущытыкІэр зэрыгъэпсам, къулыкъу ІэнатІэ лъагэхэр зыІыгъ езым фызым хуиІэ зэхущытыкІэр сфІэгъэщІэгъуэну. «Уэлэхьи, унэгуащэрамэ унафэ псори зейр…, — зэрызгъэщІэгъуам гу лъетэри, къыпещэ, — ауэ, унафэ нэужьым щхьэж езым къызэрилъытэу дощІэж. Нэхъыщхьэращи, унэгуащэм шэч лъэпкъ къытрихьэкъым фІыгъуэ псори къызыпэкІуар езым и унафэ тэрэзрауэ зэрыщытым. Абы къыхэкІыу, арэзы дыдэ мэхъу, ар арэзымэ — сэри, бынри дыарэзыщи, хьэлэмэту дызэгуроІуэ, Іуэхури мэкІуатэ!» — жиІауэ щытащ. Іущыгъэ ирокъукъэ, атІэ, ар! Унагъуэ зэхущытыкІэр езыр дипломатие нэхъ къулей дыдэщ, абы и хунэсыныгъэ лъагапІэщ мис мы лІым жиІар: унагъуэм ис дэтхэнэми и жыІэм, и Іуэху зехьэкІэм гулъытэ егъуэт, фІыгъуэ къыпокІуэ, унагъуэр зэпІэзэрытщ, абыкІи лъэщщ.
Унагъуэ быдагъэм еныкъуэкъу нэгъуэщІ лъэныкъуэхэри мащІэкъым. Псалъэм папщІэ ахъшэ-бохъшэ, мылъку лъабжьэ зиІэ Іуэху мыфэмыцхэр. Ауэ а псо дыдэр махуэщІым къэтІэтынкъым, жыхуэтІэр къызыгурыІуар абы егупсысыну къыхуедджэнщ мыхъумэ. Унагъуэм нэхъ мылъкурэ ахъшэрэ щыІэкъым, ар хьэкъщ! Статистикэм зыхуэдгъэзэнщи, мы гъэр къызэрихьэрэ, 2025 гъэм и щІышылэм КъЧР-м и ЗАГС-хэм унагъуэщІэ 118-рэ щІатхащ. Нэхъыбэ дыдэр Черкесск къалэм — 57-рэ, Зеленчук районым — 13, Къэрэшей районым — 14. КъыкІэлъыкІуэ мазае мазэри Іеякъым. Аргуэру мы къэхъугъищыр къыхэжаныкІащ.
Черкесск унагъуэщІэ 42-рэ къыщыунэхуащ, Зеленчук районым — 18, Къэрэшей районым — 13. Аращи, дыгугъэнщ унагъуэр лъапІэныгъэу, нэхъыжьыр нэхъыщІэм и щапхъэу, щІэблэкІэрэ зэІэпах фІыгъуэхэм пщІэрэ щхьэрэ здиІэ Къэрэшей-Черкесыр дяпэкІи унагъуэ институтым и хабзэфІхэм тетыну, зэпыкІыж бжыгъэр куэдкІэ, куэд дыдэкІэ унагъуэ зэдэзыщІэхэм я бжыгъэм къыкІэрыхуну. Унагъуэ къэс насып, жьэгу мафІэ хуабагъэ, зэІузэпэщыныгъэ, зэгурыІуэныгъэ щымыщІэну! Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ. Сурэтым: илъэс 42-рэ хъуауэ зэдэпсэу МыкІытІэхэ Мухьэрбийрэ Маринэрэ я унагъуэм мы гъэм къыхуагъэфэщащ «За любовь и верность» медалри ЩІыхь тхылъри
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.