Къэрэшей-Черкес Республикэр зи гуащIэкIэ зыгъэлъэпIа лэжьакIуэшхуэ, нобэр къыздэсам зи цIэр, зи псэукIар, зи лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэу щытар, иIа дуней еплъыкIэр ящымыгъупщэ, уеблэмэ щапхъэу ди лъэпкъми хэгъуэгум щыпсэухэми къащхьэщыт цIыху щэджащэщ АРГУН Iэбубэчыр (ПIатIэ) Дадым и къуэр. ЦIыхубэ фIылъагъуныгъэ ин зыбгъэдэлъа ПIатIэ накъыгъэм (майм) и 12-м къыщалъхуа махуэт…
И псэм хуихь и къуажэм — КуэшХьэбли, Хьэбэз районми, уеблэмэ республикэ псоми щыгъэтыжауэ, Аргун ПIатIэ и цIэр здызэхамыха щIыпIэ щIагъуэ ди къэралышхуэми щыгъуэтыгъуейт. АпхуэдизымкIэ а лIы угъурлым и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щапхъэ зэфэзэщти.
Нобэ куэд щыгъуазэу къыщIэкIынкъым Аргун ПIатIэ Зеикъуэ къуажэм къызэрыщалъхуам. Ауэ, КуэшХьэблэр нобэ зэрыс щIыпIэм къыщыIэпхъуэжым, Iэбубэчыр цIыкIу илъэсипщIым итыну сабийуэ къыздахьыжауэ щытащ.
ГуащIэдэкI лэжьыгъэм ПIатIэ иджыри ныбжьыщIэ дыдэу пыщIа хъуащ, апщыгъуэми, сыт щыгъуи щапхъэгъэлъагъуэу, лэжьакIуэфIу и цIэр фIыкIэ жаригъэIэу. Илъэс пщыкIубл хъуа къудейт «Черкес плъыжь» колхозым ПIатIэ щыхыхьам. Ар 1933 гъэрат. Лэжьащ учетчикыу, гъэш фермэм и унафэщIуи щытащ. 1939 гъэм ПIатIэ ираджэ дзэм къулыкъу щищIэну. Япэ щIыкIэ Краснодар къыщыувыIащ, къыкIэлъыкIуэу Новороссийск артиллеристу щрагъэджащ. Къулыкъум къыхэкIыжыным иIэж щIагъуэ щымыIэжу, Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
Бийм щхьэмыгъазэу пэщIэтурэ, 1942 гъэм ПIатIэ уIэгъэ хьэлъэ мэхъури, адэкIэ зауэм Iумытыжыфыну къалъытэ, къуажэм къагъэкIуэж. Зауэм щыщыIам — уIэгъэ хъууэ къуажэм къагъэкIуэжыху, Ищхъэрэ Кавказ фронтым Iутащ, «Къулыкъу щIэнымкIэ къихьа фIыщIэм папщIэ», нэгъуэщI медалхэри къыхуагъэфэщащ.
УIэгъэхэм гугъу ирагъэхьми, ПIатIэ зэуэ хэпщIащ гуащIэдэкI лэжьыгъэм: зауэм зэхикъута, удын хьэлъэ зриха колхозыр зэфIагъэувэжт, фронтым зыщIагъакъуэт. Апщыгъуэми къызэгъэпэщакIуэ, унэтIакIуэ хьэл-щэныфIхэр зыхэлъ ПIатIэ и губзыгъагъкIи къахэщт. Абы къыхэкIыу, «Штейнгардт» колхозым хэтхэр зэдэарэзыуэ 1944 гъэм тхьэмадэ IэнатIэм трагъэхьэ. ЩIалэ Iущыр зыпэрыува лэжьыгъэм — хъызмэтыр зэфIэгъэувэжыным, жыджэру кIуэтэн щIедзэ.
Апхуэдэ гуащIэхэм я фIыщIэкIэщ ПIатIэ къэрал нагъыщэ куэдымкIэ къыщIыхагъэщар. Абыхэм я япэрейр ТекIуэныгъэр къэлъэщыным хуищIа хэлъхьэныгъэм къыпэкIуа, 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 6-м къыхуагъэфэща, «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм щыгъуэ псэемыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалращ.
А илъэс дыдэм Аргуныр хагъэхьэ Коммунист партым. 1948 гъэм къыхуагъэфащэ ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр, иужькIи етIуанэу апхуэдэ зы орденкIэ и цIэр къраIуэ. 1950 гъэ нэгъунэ ПIатIэ «Штейнгардт» колхозым и тхьэмадэу тетащ.
Хъызмэт цIыкIухэр зы ящIу 1951 гъэм ВоробьёвкIэ зэджэр, 1953 гъэм «Путь Ильича»-р къыщызэрагъэпэщым, куэшхьэблэдэсхэм ядакъым я тхьэмадэр яхъуэжын. Я дзыхьыр Аргуным ирагъэзащ, езыри и гуащIэ щысхьакъым. 1953 гъэм колхозым хэхъуэ къабзэу къыIэрыхьа сом мелуанрэ мин 35-рэ. Ар хуэди 150-кIэ нэхъыбэт 1943 гъэм колхозым иIам нэхърэ. 1956 гъэм октябрым и 20-м Аргуным къыхуагъэфэщащ «ЩIыщIэхэр къызэраIэтым папщIэ» медалыр. И псэемыблэж гуащIэдэкI хьэлэлым, зэпымыууэ зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэ инхэм папщIэ 1957 гъэм январым и 15-м и нагъыщэхэм къахохъуэ Ленин орденыр. 1958 гъэм къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа колхоз тхьэмадэр хах СССР-м и Ищхьэ Советым и депутату. 1966 гъэм майм и 12-м Аргун Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 50 щрикъуа махуэм абы и бгъэр ягъэбжьыфIащ Социалистическэ ГуащIэдэкIым и ЛIыхъужь зэрыхъуам и нагъыщэ Дыщэ Вагъуэмрэ етIуанэ Ленин орденымрэ.
Аргуныр щытащ колхозхэтхэм я ещанэ, еплIанэ Союзпсо съездхэм я делегату. Абдеж ар хагъэхьащ колхозхэм я Союзпсо Советым. 1970 гъэм июным ПIатIэ аргуэру етIуанэу хахащ СССР-м и Ищхьэ Советым и депутату. 1971 гъэм къилъэщащ «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр.
ПIатIэ къызэрымыкIуэу интернационалист щыпкъэт. Абы ныбжьэгъугъэ быдэ зыхуиIэхэм урыси, къэрэшеи, нэгъуеи, абази, къалмыкъи, осетини – лъэпкъыу яхэмыта щыIэкъым. ГъащIэ зэхэщIыкI лъагэ зиIа лIы Iущым жиIэ зэпытт: «Нэ кугъуэм ещхьу дыхуэсакъыу тхъумэн хуейщ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр. Сыту жыпIэмэ, абы нэхъ лъапIэ щыIэу сэ сщIэкъым. Зы лъэпкъым и мыгъуагъэкIэ нэгъуэщIыр зэгуэрми насыпыфIэ хъунукъым».
ПIатIэ фIыуэ къыщацIыхут икIи къыщалъагъут Ставрополь, Краснодар крайхэми, Ростов областми, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэми. Апхуэдэу зэрыщытамрэ зэрыпсэуамрэщ Аргуным къыхуэзыхьар «Зэныбжьэгъугъэ» орденыр къыхуагъэфэщэныр. ПIатIэ Октябрьскэ Революцэ орденми и кавалерщ, «ЛэжьэнымкIэ къызэрыхэжаныкIам папщIэ» медалкIи и цIэр ираIуащ, и гъащIэ псом гугъу зызыхуригъэхьа, и гуащIэ зыхэлъ, зэпымыууэ илъэс 46-кIэ зи унафэщIа «Путь Ильича» колхозми щIыхь зиIэ и колхозхэтщ… Нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэм щыжаIэ зэпытт: «ПIатIэ и зэманращ Куэш-Хьэбли, гъунэгъу къуажэхэми, уеблэмэ районми и теплъэм зыужьыныгъэфI щигъуэтауэ щытар», жэуэ.
Ар хьэкъщ. Нобэр къыздэсам ПIатIэ и унафэ щIэту яухуа IуэхущIапIэхэр мэлажьэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ хузэфIахыу: еджапIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, щэнхабзэмкIэ Унэхэр. ЩIыуэпс гъуэз къудейр и къуажэм зэрыдишар сыт и уасэ?! Нэхъыжьыр игъэнэхъыжьу, нэхъыщIэр игъэнэхъыщIэу, псоми пщIэ яхуищIу, я гум дыхьэу яхэтащ жылагъуэм цIыхубэм и пащхьэ пщIэшхуэ щызиIа Аргун ПIатIэ. Аращ нобэр къыздэсам ар щIащымыгъупщэр, и цIэр щIыхьым и дамыгъэу щIызэIэпахыр. Шэчыншэу, ПIатIэ зэфIэкIыу, хьэрычэту хэлъар зэи къуагъ ищIакъым, и псэ емыблэжу цIыхухэм ядэгуэшащ, ядэIэпыкъуащ, яхуэлэжьащ. «Зи цIэр хьэрфышхуэкIэ тхауэ къэралым и тхыдэм къыхэна цIыхушхуэщ» зыхужыпIэ хъунухэм я пажэщ. Апхуэдэщи, къызыхэкIа лъэпкъым и цIыху уардэщ, дызэрыинщ, дызэрыгушхуэщ.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.