Ар юбилейщ, ауэ гущIыхьэ щIэту

Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэм и фэеплъ зэIущIэ щекIуэкIащ езым и цIэр зезыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) курыт еджапIэм.

ЗэхуэсыпIэ пэшыр махуэщI гъэпсыкIэу гъэщIэрэщIат. Блынхэм фIэлът ЛIыхъужьым и гъащIэр къэзыгъэлъэгъуэж сурэтхэр, тхыгъэхэр, зауэ нагъыщэхэр, ТекIуэныгъэм и Махуэм теухуа къыхуеджэныгъэхэр. АтIэ, мы гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 10-м Хьэбэч Умар зауэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 80 ирикъуат… Ар юбилейт, ауэ гущIыхьэ ткIыбжь щIэту.

ЗэIущIэм хэтащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Братхэ Заур, къуажэм и имам Хьэбэч МуIэед, еджапIэм и унафэщI Уэхъутэ Еленэ, къуажэм щэнхабзэмкIэ и Унэм и унафэщI Тамбий Фатимэ, къуажэдэс нэхъыжьхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр. Уэхъутэ Еленэ и пэублэ псалъэм гу зэрыщылъитамкIэ, зэIущIэр зэхашащ Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсым и къэухьхэм иту, ТекIуэныгъэ Иным и Илъэс 80-м, Хьэбэч Умар зэрыхэкIуадэрэ илъэс 80 зэрырикъум ехъулIэу.

ЖиIащ еджапIэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ щрамыгъэкIуэкIми, ар лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным зэрыхуэунэтIар, фэеплъыр — ныбжь зэхуэмыдэхэм, нэхъыжьхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэмрэ зэIэпах лъапIагъэу зэрыщытыр. Къуажэм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм деж гу зэрыщылъитамкIэ, Совет Союзым щыщу зауэм хэкIуэда цIыху мелуан 27-м яхэтщ Ботэщей къуажэм щыщ цIыхуи 118-рэ.

Зауэм и гущIыхьэ кIапэ къызылъымысауэ зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым. А бжыгъэ къриIуам яхэтщ Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэри — и ныбжьыр илъэс 24-м нэмысауэ, зауэр иухыным махуэ тIощI нэхъ имыIэжу хэкIуэдар. — Зыщыдгъэгъупщэну Iэмал иIэ-

къым Умар лIыгъэу зэрихьар. ЩIалэм гъащIэм мурад дахэ куэд щиIэу щытащ. Ауэ жагъуэ зэрыхъущи, хущIыхьакъым. ЛIыхъужьыцIэр къызэрыратыжар абы имылъэгъуами, зэхимыхами, дэ ар дигу ихукъым. Ар ди ныбжьыщIэхэми яцIыхун хуейщ, къакIэлъыкIуэхэм зэрыхуаIуэтэжынум хуэдэу, — къыхигъэщащ къуажэм и Iэтащхьэм.

Илъэс куэд егъэджэныгъэ – гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хуэзыгъэтIылъа, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Бэрэсбий игу къигъэкIыжащ Хьэбэч Умар къыдэзэуа къэрэшей щIалэр  гъэ къэси къахуэкIуэу зэрыщытар, ауэ ари дунейм зэрытемытыжыр.

А щIалэм и гукъэкIыжхэм къахэщу зэрыщытамкIэ, Умар и сэлэтхэм гулъытэ яхуищIт, яхуэсакът, зэрыхузэфIэкIкIэ я гур ихъумэт. ЯбгъэдэтIысхьэти яупщIт я Iуэхухэр дауэ щытми, я дежхэм сыт къыхуатхми?

Мыпхуэдэ хъыбари жаIэж. Хьэбэч Умар хуэзэн и мураду зауэ корреспондентыр абы и дзэ пакIэм иужь куэдрэ итащ. Ауэ лъэщIэмыхьэурэ, къэралри хуит къащIыжри, Европэми ихьащ.

Корреспондентри Венэ нэсауэ Iууащ хьэдэ гуэр блахыу. «Хэт ар?», — жиIэу щыщIэупщIэм, жэуап къратащ: «Ар ди командир, гвардием и капитан Хьэбэч Умарщ…» Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Муратрэ Умаррэ зауэм щызэIущIащ, зэдэзэуащ, фIыуэ зэрыцIыхуу щытащ.

Хьэбэч МуIэед лъэпкъым къыбгъэдэкIыу фIыщIэ псалъэхэр къажриIащ фэеплъ зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм, езыгъэкIуэкIахэм, къекIуэлIахэм. Хуабжьу и гуапэ хъуащ Хьэбэч Умар и гъащIэр къэзыгъэлъэгъуэж теплъэхэр театр щIыкIэм иту сабийхэм къызэрагъэлъэгъуар. ФIыщIэшхуэ яхуищIащ теплъэ гъэщIэгъуэнхэр сабийхэм языгъэгъэхьэзыра егъэджакIуэхэм.

Сабийхэм захуигъазэкIэрэ жиIащ лIыгъэр зауэ закъуэм емыпхауэ, мамыр гъащIэми къызэрыщыбгъэлъэгъуэфынур. «Хьэлэлу уи пщэ илъыр бгъэзащIэмэ, уи адэ-анэм, уи егъэджакIуэхэм жаIэм уемыбакъуэмэ, къабзэу упсэумэ, ари лIыгъэщ», — жиIащ лъэпкъым и нэхъыжьым.

Тхыгъэр зи IэрыкIым си гъащIэми лъэныкъуэ куэдымкIэ къыхыхьащ Хьэбэч Умар. Зы лъэныкъуэкIэ, абы теухуа тхыгъэ куэд адыгэбзэкIи урысыбзэкIи згъэхьэзыращ, зэман зэхуэмыдэхэм газетхэм къытехуащ.Журналист лэжьыгъэр згъэзащIэу сыхэтащ Хьэбэч Умар Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр (дунейм ехыжа нэужь) лъэпкъым щратыжам, къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъуа фэеплъ дауэдапщэхэм…

ЕтIуанэ лъэныкъуэкIэ, си къуэш Хьэбэч МуIэед ноби дэсщ Хьэбэч Умар и адэжь пщIантIэм, абы и унагъуэм лъапIагъэ нэхъыщхьэ дыдэу щызэрахьэ, ди хэкуэгъур Совет Союзым и ЛIыхъужь зэрыхъуам щыхьэт техъуэ тхылъхэмрэ Дыщэ Вагъуэмрэ. Ещанэ лъэныкъуэкIэ, Прагэ сыщыпсэуам, абы сикIри 2004 гъэм Австрием и къалащхьэ Венэ сыкIуат.

Дауэ зыхуэзмыгъэщхъынрэт си лъэпкъэгъу лIыхъужьым и кхъащхьэм, Венэ хуит къэзыщIыжу хэкIуэда совет сэлэтхэм я сыным! Ар щагъэувам Хьэбэч Умар Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр иджыри  къратыжатэкъым! Ауэ скъаным къыхэIущIыкIауэ обелискым пэжыр тетыххэт: «Совет Союзым и ЛIыхъужь, гвардием и капитан Хьэбэч Умар».

Гу лъыдмытэн тлъэкIкъым Ботэщей курыт еджапIэм и еджакIуэхэм Хьэбэч Умар и гъащIэр театр теплъэгъуэу къызэрагъэлъэгъуам. АбыхэмкIэ къызэщIаубыдащ Хьэбэч Умар и сабиигъуэр, зэреджар, лIыгъэ хэлъу зэрызэуар, зауэр иухыным мазэ къэмынэжауэ, гуузу зэрыхэкIуэдар. Сабийхэр театр артист дыдэм хуэдэу джэгуащ. Сэр дыдэм си нэпс къекIуат пощтзехьэм Хьэбэч Умар зэрыхэкIуэдам теухуа тхыгъэ гущIыхьэр анэм къызэрыхуихьар къыщагъэлъагъуэм. Си гъунэгъуу щысхэми я нэхэр блатыкукIэ щIалъэщIыкIыу щысащ.

Псоми я гумрэ я псэмрэ дыхьэу екIуэкIуа мы теплъэгъуэхэр ягъэхьэзыращ егъэджакIуэхэу Лъхукъуэщауэ Баблинэрэ Абидокъуэ Таужанрэ.

ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *