Скульптор лъэрыхь, егъэджакIуэ нэхъуса, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIЭМРЫГУ Хьэтызэ Iэмин и къуэр, псэужамэ, мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъунут…
КIэмрыгу Хьэтызэ 1950 гъэм мазаем и 16-м Хьэбэз къуажэм къыщыхъуащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар зэрысабий лъандэрэ IэщIагъэ хуэхъуну Iуэхугъуэм дихьэхт: ятIагъуэм зыгуэрхэр къыхищIыкIыныр фIэфI дыдэт. Гъэмахуэ зэрыхъуу анэм къуэр унэм къыхуешэлIэжтэкъым – щIалэ цIыкIур пщэдджыжьым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ пщIондэ Инжыдж ЦIыкIу псы Iуфэм щыпэщащэт: псэущхьэ зэхуэмыдэхэр, псыхъуэгуащэхэр, зауэлIхэр, машинэхэр ятIагъуэм къыхищIыкIт… Апщыгъуэм щIалэ цIыкIум мы дунейр гъэщIэгъуэну, езым и еплъыкIэ хуиIэжу илъагъуххэт, и IэрыкIхэри зыми емыщхьу зэрищIыр наIуэ хъуагъэххэт.
ЩIыуэпсым, псэущхьэхэм сабийм япэу фIылъагъуныгъэ хуезыгъэщIар и адэ Iэминщ. Абы щIалэ цIыкIур здишэ зэпытт Iэхъуэ гупым яхэту здэщыIэрей бгылъэ щIыпIэхэм. Абдеж псэм зыщигъэпсэхут: бгы щхъуантIэхэр, уафэ къащхъуэр, удз гъэгъахэр, бзу цIыкIухэр… Хьэтызэ и анэ Хуци къыбгъэдэкIыу куэд зыхишащ. Мы бзылъхугъэ гъэщIэгъуэныр къуажэм къэзмыцIыху щыIэу къыщIэкIынтэкъым. Ар цIэрыIуэ хъуат хьэку зыщIыф, зэтезылъхьэф IэпщIэлъапщIэу зэрыщытым къыхэкIыу. Анэм и IэщIагъэр я щхьэусыгъуэу мы пщIантIэм 60-70 гъэхэм Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставропольем щыщ этнографическэ экспедицэхэр къеблагъэт. Абыхэм ягъэщIагъуэт унэгуащэм адыгэм и пасэрей хабзэхэм, IэщIагъэхэм, шхыныгъуэхэм я ухуэкIэр, зэхэлъыкIэр зэрихъумэфар.
Хьэбэз дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, Хьэтызэ адэ-анэм яжриIащ скульптор хъуну зэрыщIэхъуэпсыр. ИкIи а IэщIагъэ гъэщIэгъуэныр Ленинград дэт, Мухинэ и цIэр зезыхьэ художественно-промышленнэ училищэм зыщригъэгъуэтыну триубыдащ. Хьэтызэ къыхиха ВУЗ-м зэуэ щIыхьэфакъым. Апщыгъуэм мы къудамэм и япэ курсым цIыхуи 7-8 фIэкI имыщтэу щытащ. Ари гурыIуэгъуэщ: скульптор лъэрыхь бгъэхьэзырыныр Iуэху тыншкъым, пIалъэрэ гулъытэ нэсрэ зыпылъщ. Ауэ щIым лъабжьэ быдэкIэ хэт жыгыр жьы къепщэмэ, зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэми нэгъуэщIымкIэ игъэшу аращ, ауэ жыгыр ерыщу щIым къыхонэ. Хьэтызи апхуэдэт. Ерыщу а еджапIэм щIэтIысхьэну къалэн зыхуигъэувыжат. Апхуэдэу, ар Ленинград щыпсэуну къанэри, хьэлъэзехьэу, пхъанкIэу, мафIэсгъэункIыфIу щылэжьащ. Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, илъэситхукIэ зэкIэлъхьэпыту Мухинэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм щIэтIысхьэну пылъащ. Къыхэдгъэщынщи, зы студент щIыпIэхэм цIыхуи 100-м нэс хущIэкъут…
Езы къалэшхуэращи, адыгэ щIалэр абы итхьэкъуат: уэрам, унэшхуэ къэс я щэхухэр, хъыбархэр яIэжт. Хьэтызэ фIэфI дыдэу сыхьэт бжыгъэкIэ къалэр къызэхикIухьт архитектурэм, скульптурэхэм, Эрмитажым щIэлъхэм защигъэгъуазэу…
Хьэтызэ и ерыщагъымрэ гъуазджэм хуиIэ фIылъагъуныгъэмрэ псоми ятекIуэри, еханэу мы еджапIэм щIэтIысхьэну зэхьэзэхуэм щыхыхьэм, и мурадыр къехъулIащ, ар студент хъуащ. Училищэр творчествэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэщхьэпэн защIэу зэхэтт. Абы къыдэкIуэу, музейхэр, театрхэр, библиотекэхэр егъэджэныгъэ дерсхэм щIэгъэкъуэныфI яхуэхъужт…
ЕхъулIэныгъэ иIэу еджэ Хьэтызэ и диплом лэжьыгъэм ипэ къихуэу практикэ яунэтIащ Новосибирск и районхэм языхэзым, Снегири жыхуаIэм. А практикэм къыпэкIуащ езымрэ къыдеджа щIалитIымрэ урыс цIыхубэ таурыхъхэм къахэшэсыкIа лIыхъужьхэр барельефхэм «къыщыпсэуныр». Апхуэдэт Василисэ ТхьэIухудыр, Иван-пащтыхьыкъуэр, Бажов и таурыхъхэм щыщ персонажхэр. Студентхэм мы лэжьыгъэр пIалъэ кIэщIкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ икIи Новосибирск къалэм и администрацэм и унафэщIхэм щIалэхэм я IэдакъэщI хъуа лэжьыгъэм уасэшхуэ иратауэ щытащ.
Училищэр къиуха нэужь, Хьэтызэ гъуэгу куэд хузэIукIащ. Ар ирагъэблагъэт Новосибирск, Псков къалэхэм, и псэм фIэфI Ленингради къэнэну Iэмал иIэт. АрщхьэкIэ, адыгэщIыр къеджэт, ар абы хуезэшт…
Хьэбэз РДК-м лэжьапIэ Iухьа нэужь Хьэтызэ и япэ IэдакъэщIэкI хъуащ чекисту щыта Бэрдыкъуэ Алий хуищIа бюстыр. Абы къыкIэлъыкIуащ Хьэбэз курыт еджапIэм и егъэджакIуэхэу, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм зи псэ щIэзытахэм я фэ-еплъ сыныр.
НобэкIэ КIэмрыгум Къэрэшей-Черкесым деж и IэрыщIхэм щымыгъуазэр закъуэтIакъуэу къыщIэкIынщ: Урысейм щыяпэ, Хьэбэз къуажэм дэт, зауэлI-интернационалистхэм яхуиухуа фэеплъыр; Черкесск къалэм дэт, зи къалэнхэр зыгъэзащIэу зи псэр зыта мылицэм и лэ-жьакIуэхэм я фэеплъыр; композитор- хэу Даур Аслъэн, Сидакъ СулътIан сымэ яхуищIа бюстхэр (Черкесск къалэ, Хьэбэз къуажэ); ПсэукIэ-Дахэ дэт, Уры-сейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Акъбащ Борис сымэ яхуищIа фэ-еплъхэр; Эркен-Юрт дэт, тхакIуэ Капаев Суюн хуищIа бюстыр; Куэш-Хьэблэ дэт, Социалистическэ ГуащIэдэкIым и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр и фэеплъыр; Малэ Зеленчук дэт, зауэм хэкIуэда къуа-жэдэсхэм, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и теплъэр зыхэт фэеплъ комплексыр; Елбыргъэн къуажэм дэт, тхакIуэ-узэщIакIуэ Тобыл Талустэн и фэеплъыр; ВакIуэ-Жылэ къуажэм — Со-вет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Мурат и фэеплъыр; Черкесск къалэм – Фемидэ и Статуер; Псыжь, Инжыджышхуэ къуажэхэм къыдэува, Хэку зауэшхуэм хэ-кIуэда къуажэдэсхэм я фэеплъ барельефхэр.
Хьэтызэ и IэрыщIхэм къыхуумыгъэщыну Iэмалыншэщ цIэрыIуэ хъуа, Беслъэней къуажэм дэт, хамэ сабийр зэзыкъузылIэ бзылъхугъэм «Адыгэ анэм» и скульптурэри. Ар зи гъащIэр щытыкIэ шынагъуэм изыгъэувэу ленинград сабийхэр къезыгъэла беслъэнейдэсхэм я лIыхъужьыгъэм, я цIыхугъэм и фэеплъ нэхъусащ.
КъинэмыщIауэ, и гугъу щIыпхъэщ Хьэбэз поликлиникэм и пщIантIэм дэт скульптурэ композицэми: адыгэ бзылъхугъэм нану иIыгъщ. Мы лэжьыгъэр зытеухуар пасэрей тхыдэщ. КIэмрыгум мы и IэрыщIымкIэ пщIэ хуещI фэрэкI узым япэу «прививание» IэмалкIэ пэщIэува адыгэ бзылъхугъэм.
Ди лъэпкъэгъу скульпторым и гъащIэм Iыхьэшхуэ щызыубыду щыта Iуэхугъуэми и гугъу щIыпхъэщ: КIэмрыгу Хьэтызэ и IэщIагъэ гъэщIэгъуэным, мытыншым ныбжьыщIэхэр дригъэхьэхыу, бгъэдэлъ щIэныгъэхэмкIэ ядэгуашэу илъэс 30-м щIигъукIэ Хьэбэз районым щыIэ, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм щылэжьащ.
Хьэтызэ и IэдакъэщIэкI хъуа гъэщIэгъуэнхэм теухуауэ упщIэ къыщраткIэ, абы жэуапу итыжу щытащ скульпто-рым и IэрыщIхэм я бжыгъэр зэрымынэхъапэр, атIэ абыхэм яхэлъ, къаIуатэ гупсысэр зэрынэхъыщхьэр.
«Псалъэм папщIэ, си лъэпкъэгъухэм я фэеплъыр зэрызгъэбелджылам, абыхэм я щапхъэр къэкIуэну щIэблэ-хэм зэранэсынур хуабжьу си гуапэщ. Си щIэныгъэмкIэ ныбжьыщIэ цIыкIу куэдым садэгуэшащ. Абыхэм ящыщу си лъагъуэ ирикIуэнур зытIууэ къыщIэкIынщ. Ауэ нэхъыщхьэр сэркIэ — ахэр дэтхэнэри дахагъэр зыхэзыщIэ цIыху зэрыхъунухэращ», — жиIэт КIэмрыгум.
Жагъуэ зэрыхъущи, Хьэтызэ пасэ дыдэу дунейм ехыжащ. 2020 гъэм мазаем и япэ махуэм КIэмрыгум и къалэнхэр мы дунейм щызэфIигъэкIауэ Тхьэшхуэм къилъытащ…
2021 гъэм скульпторым дэлэжьахэм, иригъэджахэм, и цIыхугъэхэм я жэрдэмкIэ, и фэеплъ-бюстыр Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и пщIантIэм щыдагъэувауэ щытащ. Хьэтызэ лъэпкъым къыхуигъэна щIэиныр зэрызыхищIам иджыри и зы щапхъэщ ар.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.