«Гъэрэ щIырэ»
ГъэщIэр гъэжьым езэуащ,
ПщIэнтIэпс Iэджи къыпихуащ.
Махуэр и бгым щынэсам,
ПэщIэщIэгъуу къылъысам
Пэмыхъуну къыщищIэжым,
Гугъэу иIэр щыхихыжым
Гъэжь губзыгъэм зэрихабзэу,
Уафэ иныр игъэкъабзэщ,
Уэсыжь тIэкIухэр зэщIикъуэжщ,
И бгыр фIыуэ щIикъузэжщ,
Дыгъэ тхъуэплъыр
къиутIыпщыжри,
ГъэщIэм и Iэр иубыдыжри,
Еуэщ аби ежьэжащ.
Гъадэ-щIыдэм хыхьэжащ.
Ар и щIыкIэу гъатхэ хъуащ,
Гъэрэ – щIырэ зэхэкIащ.
Иджы бзум къраш уэрэд,
Дади къехь мафIащхьэджэд…
IУТIЫЖ Борис
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.