Аутизмым гу лъытэным и махуэм

Официальнэ бжыгъэхэм захуэбгъазэмэ, болъагъу ныкъуэдыкъуагъ зиIэ сабийхэм я нэхъыбапIэр «аутистическэ спектркIэ» зэджэ, нэгъуэщI акъыл щыщIэныгъэхэр зиIэхэрауэ зэрыщытыр. ЛIыщIыгъуэ кIуам и кум къыщыщIэдзауэ аутизм уз лIэужьыгъуэхэр къызыхуагъуэтахэм я бжыгъэм хуэдэ 16-кIэ хэхъуащ. НобэкIэ сабии 100 къэс зым аутизмэр диагнозу хуагъэув.

Ар нэхъыбэ зэрыхъуар щрапх щыIэщ а узыфэхэр нэхъыфIу, щIэхыу къызэрахутэф хъуам. Псом нэхърэ нэхъ хьэлъэр адэ-анэхэм, унагъуэм щыпсэухэм я сабийм апхуэдэ диагноз зэрыхуагъэувар яжеIэнымрэ абы ахэр егъэувэлIэнымрэщ. Сабийхэм я мызакъуэу, ахэри хуэныкъуэщ дэIэпыкъуныгъэ.

Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийм и щытыкIэм дагъуэ гуэр зэрыдэплъагъуу, ар дохутырыфIхэм, уеблэмэ тIум-щым ябгъэлъагъуным, узыфэр нэхъ щIэх къэхута хъун папщIэ. Экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, мыпхуэдэ щытыкIэм деж зэман томыгъэкIмэ нэхъыфIщ. Ар нэхъ щIэх къыщIагъэщу, сабийм дэлэжьэн щIадзэмэ, абы къыкIэлъыкIуэнкIэ хъуну щытыкIэ хьэлъэхэр мащIэ дыдэ пхуэщIынущ, узыншагъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ, абы текIуэпэнымкIэ лъэкIыныгъэр нэхъыбэ хъунущ.

Сыт адэ-анэм гу зылъатапхъэр?

Мази 3-4-м ит сабийр, къэзыухъуреихь цIыхухэр, макъхэр зыуи къыфIэмыIуэхуу, иужькIэ мазиблым ехъулIэху дыкъэзыухъуреихь дунейр зыуи къыщымыхъуу, фIэмыгъэщIэгъуэну щытыныр тэрэзкъым.

Илъэс ирикъуа нэужь, сабийм и адэ-анэм зыуи захуимыщIмэ, запищIыжу, зыгуэрхэр жиIэну пымылъу флъагъумэ, набдзэгубдзаплъэу Iуэхум фыбгъэдыхьэ.

КъинэмыщIауэ, щыIэщ ар езыр-езыру къызэрахутэ тестхэр. АбыхэмкIэ адэ-анэхэм сабийм и щытыкIэм ехьэлIауэ къахуэув упщIэхэм жэуап ираткIэрэ ягъэбелджылыфынущ а узыфэхэмкIэ шынагъуэ щыIэрэ щымыIэрэ. Мы унэтIыныгъэмкIэ абы феплъыфынущ — https://solnechnymir. ru//diagnostics/mchat/.

КъинэмыщIауэ, УФ-м и Президентым сабийм и хуитыныгъэмкIэ Уполномоченнэм и дэIэпыкъуэгъу хэлъу къыдагъэкIащ брошюрэхэр, хъыбар зэрыт тхылъымпIэхэр. Адэ-анэхэми IэщIагъэрылажьэхэми

къагъэсэбэп хъунущ ахэр, икIи хуиту щыбгъуэтынущ абы тегъэпсыхьа официальнэ  сайтым —  «Ментальное здоровье «Сопровождение через всю жизнь» (https://t.me/mental_health_soprovozdenie).

Насыпыр уакъыщыгурыIуэм дежщ…

Аутизм зиIэ сабийхэр адрей псом яхуэдэу цIыхухэм ядэгъуэгурыкIуэфкъым. Ахэр фIырыфIкIэ шэщIауэ псалъэкъым. Абы хуегъэсэнымкIэ, зыхуейр, зыхуэныкъуэр адрейхэм нахьэсынымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу гъащIэм щалъагъу пкъыгъуэхэр зэрыт, ахэр къызэрагъэсэбэп, зэрызэкIэлъыкIуэр къызыщыгъэлъэгъуа карточкэхэр. Илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ къагупсысауэ щыта а карточкэхэр цIыху бзагуэхэм зэрыдунейуэ къыщагъэсэбэп. Ауэ, а Iэмалым зы щыщIагъэ иIэщ — апхуэдиз тхылъымпIэ бжыгъэр къыздепхьэкIыныр тыншкъым. Мы зэманым абыкIэ зэхъуэкIыныгъэфIхэр щыIэщ. Иджы ахэр «Аутизм: Общение» мобильнэ приложенэм щызэхуэхьэсауэ къэбгъэсэбэпыфынущ. Ар сэбэпышхуэ яхуохъу  апхуэдэ сабий зиIэ унагъуэхэм. Приложением деж къыщыхьа теплъэгъуэхэр, сабийр унагъуэм деж илъагъуу нэхъ зэса хьэпшыпхэм я сурэтхэмкIэ пхъуэж хъунущ.  Псалъэ макъми, езым и Iыхьлым и макъ щIагъэувэфынущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр сабиймкIэ нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынщ.

КъинэмыщIауэ, приложениер бзэм зегъэужьыжынымкIэ сэбэпышхуэ яхуохъу инсульт, нэгъуэщI фэбжьхэм къыхэкIыу псэлъэкIэм зэран хуэхъуа щытыкIэхэр щыщыIэм деж. «Аутизм: Общение» приложениер пщIэншэу сыт хуэдэ телефонми тыбогъэувэф, адрей приложениехэр къыздрахым щыбогъуэт. 2024 гъэм а приложениер «Социальный курс: идеи нового времени» проектым щынэхъыфIхэм хабжащ, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым къыбгъэдэкIыу нагъыщи къыхуагъэфэщащ.

Зэманым къигъэщI техническэ IэмалыщIэхэм дэтхэнэми ди гъащIэр нэхъ тынш ящI. Ауэ, зи узыншагъэкIэ дагъуэ зиIэ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр къызэгъэпэщынымкIэ а Iэмалхэр дызыхуэныкъуапэщ.

Зыгъэхьэзырар БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *