ДИ КЪЭРАЛЫМ и гимнымрэ ныпымрэ зэIущIэхэм къыщагъэсэбэпыну хуит зэращIыжрэ зы махуэ нэхъ дэмыкIыу, УФ-м и командэ къыхэхам хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн, адыгэ щIалэ Блий Iэюб зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ. Абы и фIыгъэкIэ икIи и щIыхькIэ Урысей Федерацэм и ныпыр Абу-Даби щаIэтащ, къэралым и гимнри къыщрагъэуащ, иужьрей илъэсиплIым япэу. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэр къагъэсэбэпыну ди спортсменхэм къыщыпамыубыду щыта зэманхэм щыгъуэ, апхуэдэ текIуэныгъэхэр къызэрыгуэкI гуэру къалъытэнкIэ хъунут.
Ауэ, мы зэманым дунейм къыщекIуэкI политикэ зэпэщIэувэныгъэмрэ УФ-м къращIылIа дэкъузэныгъэмрэ иужькIэ псэр зыгъэгуфIэ икIи лъэр зыгъэжан Iуэхущ ар. Нэхъыщхьэжращи, ар зэзыгъэхъулIар ди адыгэ щIалэ, БЛИЙ Iэюбщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэм АбуДаби зэIущIиплI щригъэкIуэкIащ. ЯпэщIыкIэ Iэюб IущIащ Монголием и дзюдоист Тувшинтур Туменжаргал. ЕтIуанэ зэпеуэм абы къыщыпэщIэтащ УФ-м и спортсмену щыта, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я ныпым щIэту иджыпсту банэ Симеонидис Константин икIи ари хигъэщIащ. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм Блийр щыхуэзащ Азербайджаным икIа Юсифов Ахьмэд Эльшад оглы — дуней псом дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щIалэгъуалэм я деж щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуам.
Мыбдежым, ди щIалэр и хьэрхуэрэгъум гугъу дехьын хуей хъуащ икIи зэIущIэм хухаха зэманым и иужьрей дакъикъэхэрщ текIуэныгъэр къыхуэзыхьа баллхэр Iэюб щызыIэригъэхьар. Дыщэ медалым щхьэкIэ финалым Блийм къыщыпэщIэтащ 2022 гъэм екIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къэзыхьа, монгол спортсмен Энхтайван Ариунболд. Мыбы ипэкIэ ди щIалэр абы тIэу хуэзати, тIэуми къыхигъэщIауэ щытащ. Иджы, зэрыжаIэу, Iэюб илъ ищIэжащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иужьрей илъэсхэм япэу ди къэралым и ныпыр дунейпсо зэхьэзэхуэм УФ-м и дзюдоистым и текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ зэрыщаIэтамрэ гимныр къызэрыщра гъэуамрэ гулъытэншэу къагъэнакъым къызэгъэпэщакIуэхэми, спортсменхэми, журналистхэми… «Ди ныпымрэ гимнымрэ дыхуимыту илъэс куэдкIэ зыкъэдгъэлъэгъуащ икIи тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэм — ахэр къызэрыдатыжам — жэуаплыгъэ зэрыпылъыр сщIэуэ утыкум сихьащ.
СыгуфIащ икIи сригушхуащ ди къэралым и гимныр абы къызэрыщрагъэуам. Си гугъэмкIэ, ди спортсменхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу щытынущ адэкIи дызыхэтыну зэхьэзэхуэхэм ди къэралым и гимныр къыщрагъэуэным, ныпыр я щIыхькIэ нэхъыбэрэ щаIэта зэрыхъуным хущIэкъуныр. Мыдрейуэ, Абу-Даби илъэс къэс нэхъ схуэугъурлы хъууэрэ макIуэ, сыту жыпIэмэ, си япэ Тажышхуэр къыщысхьар мы къалэращ, мы спорткомплексращ. Нобэрей дыщэ медалым Олимп рейтингым хыхьэ баллу зы мин къыдэкIуащ. Си дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, ауэ, зэкIэ, ипэ силъадэркъым. Псоми чэзу яIэщ. Сэ сыхущIокъу, си плъапIэхэм сыхуэкIуэфын хуэдэу, си лэжьыгъэр тэмэму зэтезубла зэрыхъуным. Иджырей зэхьэзэхуэм жэуаплыгъэшхуэ зэрыпылъыр зэ еплъыгъуэкIи гурыIуэгъуэт: илъэс куэдкIэ ди ныпыр тIыгъакъым, ди гимныр кърагъэуакъым, ауэ, фи фIэщ фщIы, нобэ хуэдэу сызэщIэкъуауэ, сымыпIейтейуэ, си къарум сыкъигъэгугъэу утыкум зэи сыкъызэримыхьар», — яжриIащ журналистхэм Блий Iэюб.
Къэралым и ныпым щIэту бэнэным ди щIалэм гушхуэныгъэрэ къарууэ къритыр зыхуэдизым теухуауэ жиIащ, абы утемыпсэлъыхьми зэрыхъунур — блынджабэ быдэм укъуэтым хуэдэщ. Ауэ, дауэ мыхъуми, Iуэхум пIейтеиныгъэ хэмыту зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзыращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дыщэ медалым и мыхьэнэр куэдкIэ нэхъ инщ дыжьынымрэ домбеякъымрэ елъытауэ. «Ар щIыжысIэр, финалым къыщыспэщIэта монгол щIалэр ипэхэм къызэрыстекIуарщ – ар спортсмен Iэчлъэчщ икIи лъэщщ. Ауэ нобэ схузэфIэкIащ си бэнэкIэмкIэ ар Iэпхлъэпх сщIын. Махуэр хьэлъащ нобэ, ауэ щынэхъ хьэлъаи щыIащ. Тыншу псори къысIэрыхьауэ схужыIэнукъым. Зэхьэзэхуэхэм хухаха зэманыр и кIэм нэсыху сыщыбэна зэIущIи, абы иджыри къыщыщIагъужаи хэтащ. Лэжьэгъуэ махуэм хуэдэщ, зэрыжаIэу», — щIигъужащ Блийм.
Журналистхэм яфIэхьэлэмэтт, текIуэныгъэр къихьа нэужь, ди спортсменыр телефонкIэ хэт деж япэу псалъэми зрагъэщIэну: «Псом япэу, си анэм деж сопсалъэ, камерэмкIэ изогъэлъагъу сызэрыпсэур, сызэрыузыншэр», — жиIащ абы. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Блий Iэюб и ныбжьыр илъэс 28-рэ мэхъу. УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ. 2025 гъэм дунейпсо чемпионатым ещанэ, европейм етIуанэ щыхъуащ, УФ-м и чемпионщ. Тажышхуэр ещанэу мы гъэм къихьащ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэт гупым (кг 60) ещанэу дунейпсо рейтингым щыщытщ. УФ-м и Президентым и ФIыщIэ тхылъыр 2024 гъэм къратащ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» етIуанэ нагъыщэ зиIэ орденым и медалыр мы гъэм къыхуагъэфэщащ. А псом щIыдгъужынщи, Блий Iэюб хуэдэ щIэблэ зиIэ лъэпкъым и къэкIуэнур дахэщ!
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.