Адыгэ къуажэцIэхэр

Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ ит адыгэ къуажэхэм я цIэхэм фыщыдогъэгъуазэ. Мыбыхэм ящыщ куэдыр, ди фIэщ мэхъу, зэи зэрызэхэвмыхар икIи ди гуапэщ къуэш хэгъуэгуитIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъапсэр здагъэбыдэ щIыпIэхэм гурыгъуазэкIэ фыкъыщыдгъэхутэну.

Гиагинскэ район: Джаджэ, Хьэджэмыкъуэхьэблэ, Къэлэрмэз, ГъэпсыгъэщIэ; Куэшхьэблэ район: Куэшхьэблэ, Блэшэпсынэ, Еджэрыкъуей, ХэкIэмзей, Хуэдз; Красногвардейскэ район: Адэмей, Бжьэдыгъухьэблэ, Жэмбэчей, Улапэ, Хьэтыкъуей, Бгъуашэхьэблэ, Абатэхьэблэ (Красногвардейскэ), ЖыгхэтIэ; ТеукIэж район: Аскъэлей, УэкIэпщий, Гъуэбыкъуей, Хьэлъэкъуей, Джыджыхьэблэ, Къунчыкъуэхьэблэ, Нэчэрэзей, Нэщыкъуей, НовоуэкIэпщей, Банэжьыкъуей, БжьыхьэлIыкъуей, Пщыкъуийхьэблэ, Таухьэблэ, Лъостэнхьэблэ, Дыгъурыгъуей; Щоджэн район: Джэрыкъуей, Къэбэхьэблэ, Мамхэгъ, Пщыжьхьэблэ, Пщычо, ХьэкIуринэхьэблэ, Хьэтэжьыкъуей; Тэхъутэмыкъуей район: Тэхъутэмыкъуей, Ахупсыпэ, Гузэт, Нэтыхъуей, Пэткэу, БжьыхьэкъуэщIэ, Банэхэс, Псейтыкъуэ, Бжьыхьэкъуэжь, Хьэщтыкъу, Шэнджий, Енэм, Яблоновскэ (Куэшхьэблэ); Мейкъуапэ район: Абдзэххьэблэ, Дахэ, Хьэжыкъуэ, Хьэджэхъухьэблэ, Кхъужьыпс, Махуэхьэблэ, Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ Жыгхадэхэр, Еджэрыкъуеижь.

Лазаревскэ район: Ахынтэм, КIыщмей Ин, Къалэжь, Лыгъуэтх, КIыщмей ЦIыкIу, Нэжьыгу, Тхьэгъэпщ, Хьэжыкъуэ, Хьэлъапэ, Шахэ, Щхьэхуит; ТIуапсы район: Iэгуей-Шапсыгъ, Псыущхъуэшхуэ, Псыущхъуэ ЦIыкIу, Псыбэ; Успенскэ район: Щхьэщэхуж, Бэчмырзей, Кургъуокъуей.

Зыгъэхьэзырар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *